Дахагъэм и зэхэлъыкIэр![]() Налшык къалэ Къэбэрдей уэрамым тет «ЗэбгъузэнатIэ» зи фIэщыгъэ арт-утыкум «Хъурджанэхэр» зыфIаща Iуэхугъуэ гъэщIэгъуэныр иджыблагъэ щекIуэкIащ. Урысейм ЩIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и къулыкъущIапIэр и щIэгъэкъуэну ар къызэрагъэпэщащ «Хъурджанэхэр» литературэ хасэмрэ КъБР-м УнэтIыныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ щIалэгъуалэм ядэлажьэ и центрымрэ.
ЗэIущIэм къекIуэлIахэм фIэхъус псалъэкIэ захуигъэзащ «Хъурджанэхэр» литературэ хасэм и къызэгъэпэщакIуэ, «Дарий акъылыфIагъыр зыбгъэдэлъ» орденым щIыхь зиIэ и кавалер, Iуэхугъуэм и зэхэшакIуэхэм ящыщ Жаным Саидэ. «Мыпхуэдэ арт-утыку уиIэнри, абы щекIуэкI Iуэхугъуэхэм ухэтынри зимыуасэ щыIэкъым. Псом хуэмыдэу гур хегъахъуэ мыпхуэдиз сабийрэ щIалэгъуалэрэ къызэрекIуэлIам. Дахагъэм и дунейр гъунапкъэншэщ, абы псэр игъэушэу, гур игъэубзэу щытмэ. Къытпэщылъ махуищыр гупсысэ дахэ куэдкIэ гъэнщIауэ зэрыщытынум шэч къытесхьэркъым. Сыщогугъ а дахагъэр къыдбгъэдэзылъхьэну тхакIуэ, усакIуэ ныбжьыщIэхэм ар зищIысым нэхъ куууэ дыхагъэплъэну, абы и лъэужьыр ди гузэхэщIэм хэмыкIуэдыкIыжын хуэдэу къыдбгъэдалъхьэну. Дахагъэр хъумэни, зегъэужьыни, гъэбэгъуэни хуейщ. Сыщымыуэмэ, ди къалэм арт-утыкухэмрэ арт-уэрамхэмрэ кIуэ пэтми нэхъыбэ щохъу. ИкIи куэду хьэлэмэт хъунут дэтхэнэ зы щIыпIэми зыр зым емыщхьу дахагъэм ухукъуэзыгъэплъ Iуэхугъуэхэр щекIуэкIыу щытамэ. Ар зи Iэ илъыр дэрауэ къыщIэкIынущи, нобэрей ди зэхыхьэмкIэ сыхуейт нэгъуэщIхэм щапхъэ дахуэхъуну, дахэIэужьхэр ди ужь къиувэну. Псэуныгъэм теухуауэ цIыхум зэригъэзахуэ гумэщIыгъуэхэр мащIэкъым, сыту фIы хъунт а псор ящхьэщытхыфрэ псэм ехуэбылIэ IуэхугъуэкIэ я гукъеуэр зы тэлайкIэ нэхъ мыхъуми дгъэмэщIамэ», - щыжиIащ и пэублэ псалъэм Жаным Саидэ. АдэкIэ псалъэр зрата, КъБР-м щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министр Лу Азэмэт жэрдэм дахэр къыхэзылъхьа Жаным Саидэрэ Битокъу Маринэрэ фIыщIэ яхуищIащ икIи мыпхуэдэ зэхыхьэхэр нэхъыбэ ящIыну къыхуриджащ. «Шэч хэлъкъым, «Хъурджанэхэр» литературэ зэхыхьэр гупсысэфIщ, цIыху акъылыфIэхэмрэ гупсысакIуэхэмрэ зэхэзышэ, гъунэгъу зэхуэзыщI утыкущ. Хуабжьу сыщогугъ, ар къэгъэнауэ - сыщIохъуэпс мы зэхуэсыр зылъагъунухэр абы дихьэхыну, апхуэдэ гупыжкIэ зэгъэпэщакIуэхэм зыкърагъащIэрэ нэгъуэщI Iуэху еплъыкIэ икIи бгъэдыхьэкIэ зэмылIэужьыгъуэхэр зи тегъэщIапIэ гупсысэхэр къыхалъхьэну. ЕтIанэгъэ щегъэжьауэ «Студент гъатхэ» Iуэхугъуэм и кIуэцIкIэ литературэ унэтIыныгъэ щхьэхуэ къыхэдгъэкIыну догупсыс, ар нэхъ щIэщыгъуэ, цIыхухэм я гум пэджэжу гъэпса зэрыхъунур зыдогъэзахуэ. КъызэгъэпэщакIуэхэм псоми «афэрым» вжызоIэ, фефIэкIуэну, нэхъыбэж къывэхъулIэну сывохъуэхъу», - жиIащ министрым. «Хъурджанэхэр» литературэ зэхуэсыр филологие щIэныгъэхэмкIэ кандидат, КъБКъУ-м урыс, хамэ литературэхэмкIэ и кафедрэм и доцент Битокъу Маринэ «Сыт тхакIуэхэр щIэтхэр, еджакIуэхэр щIеджэр» зыфIища къэпсэлъэныгъэ гъэщIэгъуэнымкIэ ирагъэжьащ. «Си псалъэмакъыр литературэр зищIысым, ар къызыхэкIымрэ зыхуэунэтIамрэ, цIыхур абы щIыхуэныкъуэм, хуэныкъуэн хуей зыщI щхьэусыгъуэхэм ятеухуащ. Къыхэслъхьэ гупсысэр зэпкърыха хъун папщIэ, тхакIуэхэр тхэным езышалIэ, абы къыхуэзыгъэуш ущхьэгъухэр зэпкърызох, еджэным и мыхьэнэмрэ абы нобэрей дунеймкIэ пщIэ иIэрэ имыIэрэ сытопсэлъыхь. Си къэпсэлъэныгъэр щхьэхуэпсалъэ мыхъун папщIэ, цIыхухэм жысIэр къазэрыщыхъури зэхэсхыну сыхуейт, уэршэрым дытехьэу щхьэж и Iуэху еплъыкIэ къиIуатэ хъууэ хьэщIэщ сщIыну сыщIохъуэпс», - жиIащ Битокъу Маринэ. «Хъурджанэхэр» литературэ зэхуэсым и япэ махуэм режиссёр цIэрыIуэ Сокъур Александр и «Урыс пхъуантэ» кинофильмыр ягъэлъэгъуащ. Апхуэдэу «Хъурджанэхэр» литературэ зэхуэсым къыщыпсэлъащ психологие щIэныгъэхэмкIэ кандидат Нэгъуей Будимир, философие щIэныгъэхэмкIэ кандидат ХъуэкIуэн Мурат, Урысейм ЩIэныгъэхэмкIэ и акаде-мием Лъэпкъ щIэныгъэхэм-рэ антропологиемкIэ и институтым и аспирант Битокъу Тамарэ сымэ. Абы къищынэмыщIауэ, «Хъурджанхэр» зэIущIэм къыщыпсэлъащ, къызэхуэсахэм я IэдакъэщIэкIхэм ятеухуа псалъэмакъкIэ ядэгуэшащ литературэм и жанр зэмылIэужьыгъуэхэм щылъащэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ тхакIуэ икIи усакIуэ пщыкIутI. Зэхуэсым ипкъ иткIэ кинофильм зыбжанэ ягъэлъэгъуащ, щэнхабзэ квестхэр къызэрагъэпэщащ, мастер-классхэр зэхашащ, нэхъ цIыкIу дыдэхэм папщIэ еджэныгъэхэр ирагъэкIуэкIащ. А псом къыдэкIуэу «Микрофон хуит» зыфIаща Iуэхугъуэ гъэщIэгъуэнри утыку къащIащ. УсакIуэхэмрэ тхакIуэхэмрэ я IэдакъэщIэкIхэм щыщ пычыгъуэ макъкIэ къеджэу къызэхуэсахэм я пащхьэ къиуващ. «Хъурджанэхэр» литературэ зэхуэсыр шыщхьэуIум и 9-м щегъэжьауэ и 11 пщIондэ Къэбэрдей уэрамым тет «ЗэбгъузэнатIэхэр» арт-утыкум щекIуэкIащ.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
|