Гъуэгухэр къагъэщIэрэщIэж«ФIагъ лъагэ зиIэ гъуэгу шынагъуэншэхэр» лъэпкъ проектым ипкъ иткIэ, гъэ еджэгъуэщIэм ирихьэлIэу Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщагъэщIэрэщIэжынущ курыт щIэныгъэ щрагъэгъуэт IуэхущIапIэ пщыкIузым екIуалIэ гъуэгухэр.
Зи фIагъыр лъагэу къалъытэ гъуэгухэм я мардэ нэхъыщхьэр шынагъуэнша-гъэр къызэгъэпэщынырщ. Гъуэгуухуэхэм къапэщылъщ асфальт къилъэлъар трахыу щIэ тралъхьэну, гъуэгум и кIыхьагъкIэ ирикIуэ турыр къыхалыкIыжыну, лъэс лъагъуэхэр яукъуэдиину, зэпрыкIыпIэхэмрэ зэблэкIыпIэхэмрэ яхуэфащэ нагъыщэхэмкIэ къыхагъэщыну, зекIуэкIэ хабзэхэм япыщIа IэрыщI гъуазэхэр гъуэгущхьэхэм трагъэувэну. КъагъэщIэрэщIэжын хуейщ гъуэгу километр хыщIрэ тхум щIигъу, лэжьыгъэм и инагъ-куэдагъкIэ къапщтэмэ, IV техникэ лIэужьыгъуэм хохьэ. Гъуэгухэм щолэжь Налшык къалэмрэ щIыналъэм и къуажэ 17-мрэ. Дзэлыкъуэкъуажэ, Шордакъ, Светловодскэ къуажэхэм блэкI, машинэхэр уэру щызэхэзекIуэ гъуэгушхуэм IэщIагъэ щрагъэгъуэт курыт еджапIи, пэщIэдзэ щIэныгъэ сабийхэм щрат, Iэпкълъэпкъым зыщрагъэужь спорт IуэхущIапIэхэри, ЩэнхабзэмкIэ унэхэри, сабий гъэсапIэхэри тетщ. Гъуэгуухуэхэм пIалъэ кIэщIым къриубыдэу асфальтыжьыр трахри, щIы щхьэфэм гъуэгу лъэгур ираубгъуащ, гъунэхэр ягъэбыдэри, щIэрыщIэу асфальт тралъхьэжащ. Апхуэдэу, уэх зиIэ, еуэкIыпIэ бзаджэхэр къыщыхъу щIыпIэхэм гъуэгурыкIуэхэри машинэзехуэхэ-ри хуэсакъыну къыхуезыджэ дамыгъэхэри щагъэуващ, лъэс лъагъуэхэм зрагъэубгъуащ. Благовещенкэ къуажэм дэт курыт еджапIэри, нэгузегъэужьыпIэ центрри, сабий гъэсапIэри гъуэгущхьэм тетщ. Къуажэр тIууэ зэпызыупщI гъуэгу занщIэм телъ асфальт пIащIэр трахри, къатитIу зэтелъ асфальбетоныр тралъхьащ, зэпрыкIыпIэхэмрэ зэблэкIыпIэхэмрэ яхуэфащэ нагъыщэхэмкIэ къыхагъэща нэужь, къуажэм и кIыхьагъкIэ къэувыIэпIибл гъуэгум щагъэуващ. Джэрмэншык, Жэмтхьэлэ, Анзорей, Псыншокъуэ, Псыхъурей, Къубэ-Тэбэ къуажэхэми гъуэгур зэрыщыту щызэрахъуэкIащ: машинэхэр щызэхэзежэ гъуэгухэм зрагъэубгъуащ, и гъунэхэр лъагэу къыхагъэкIащ, дэхыпIэхэр гъуэгушхуэм зэпрыу къыхэмыкIыу асфальбетонкIэ къыхагъэхьэжащ, гъуэгу нагъыщэхэр трагъэувэжащ. Мы лъэхъэнэм Инэрыкъуейрэ Ислъэмейрэ зэпызыщIэ гъуэгури къагъэщIэрэщIэж. Сабий гъэсапIэхэр, ЩэнхабзэмкIэ унэхэр, курыт еджапIэхэр зытет уэрам занщIэшхуэм телъ гъуэгум и лъабжьэри геотекстилькIэ ягъэбыдащ, асфальбетоныр къытралъхьэжащ. УхуакIуэхэм зэрыжаIэмкIэ, гъуэгухэр зэгъэпэщыжын щIыхуей щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэхэм ящыщщ абыхэм телъ асфальтыр зэрылэжьар, щIыпIэ-щIыпIэкIэрэ кумблъэмб зэрыхъуар. Гъуэгущхьэхэр щIэх-щIэхыурэ зэрадыжам ар теплъаджэ зэрищIым и мызакъуэу, абыхэм трищIэж чахуэхэм асфальтыр зэкIэ-щIаху, ущызекIуэнкIэ шынагъэ къигъэхъуу. КъызэралъытэмкIэ, гъуэгур зэгъэпэщыжыным епха лэжьыгъэхэр псори гъэ еджэгъуэщIэм ирихьэлIэу зэфIэкIын хуейщ.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
|