ТэмакъкIыхьагъым ириджэгухэр

ШыщхьэуIум и япэ махуэ­-хэм дунейпсо цIыхубэм я гулъытэр кIэрыпщIауэ щытащ США-м и ЛIыкIуэхэм я палатэм и унафэщI Пелоси Нэнси Тайваным зэрылъэтам.

Тайваныр Китайм хыхьэ хытIыгущ. 1911 гъэм щхьэхуэу зи­гъэIури, «Китай республикэ» зыфIищыжауэ щытащ. Ар ебгъэщхь хъунущ Абхъаз, Осетие Ипщэ республикэхэм. ТхыдэкIэ Куржым нэхърэ нэхъ пасэу зэ­фIэува Абхъаз пащтыхьыгъуэр уигу къигъэкIыжу, Тайванращ, Китайр Америкэм щызримы­пэсым щыгъуэ, дунейпсо утыкум «китай къэралыгъуэу» итар. Никсон Ричард Китайм кIуэуэ, къэралитIыр зэфI хъуа нэужь, щытыкIэм зихъуэжат. Иджыпсту зэхущытыкIэр аргуэру и щIыбагъкIэ къокIуэтыж.

ХытIыгур зэрыцIэрыIуэр компьютерхэкI Iэмэпсымэхэр зы­гъэ­лажьэ микросхемэхэр зэрыщащIымкIэщ. Нэхъ щIэуп­щIэ­шхуэ зиIэ хьэпшыпхэр къы­зэрыщыщIагъэкIым нэмыщI, къэ­рал унафэр нэхъ щыткIий Китайм нэхърэ, Тайваным ущы­п­сэуну нэхъ тыншу къалъытэ. Ауэ щыхъукIэ, иджыпсту ар зыгъэжакъуэ США-ми и фейдэ хэлъкъым Тайваныр Китайм пыщхьэхукIыным. Америкэр те­кIуэтмэ, Тайваныр Урысейм ныбжьэгъу хуэхъунурэ, иужь­рейм и электроникэ зыужьыныгъэр пхуэубыдыжынукъым.

ШыщхьэуIум и 2-м Пелоси и кхъухьлъатэр Тайваным и къалащхьэ Тайбэй щетIысэхри, сы­хьэт 20-м нэскIэ хьэщIэр бы­сым­хэм ябгъэдэсащ. Аркъудейм фIэкIа Iуэхум хэмылъми, зи политикэ гъащIэр Тайваным епха Пелоси Нэнси дежкIэ мы хьэщIэгъуакIуэр уэридадэ зэ­фэзэщщ. Вашингтон, Пелоси зэрыжиIэмкIэ, дяпэкIи зыщIигъэкъуэнущ жьы щIэту зы­зыужь, Тайвань къэралыгъуэм къыщызэфIэувэ демократием. Дауи, Пелоси и закъуэу кIуа­къым хьэщIапIэ. Абы щIыгъут къулыкъущIэ гуп. «Америкэм и конгрессым щыщхэр Тайва­-ным зэрыкIуам къегъэлъагъуэ США-м къэралым ищIэ псори зэрыдиIыгъыр», - жиIащ Пелоси Нэнси утыкум къыщыщып­салъэм.

Тайваным и президент Цай Инвэнь хьэщIэм «Пшэ гуапэ­-хэм я орден» иритащ «Китаймрэ США-мрэ я зэхущытыкIэр зэ­ры­ригъэфIакIуэм щхьэкIэ».

«Ди Iуэхум фыкъыхэмыIэбэ», - жаIэу, зэкъым-тIэукъым Китайм США-м зэрызыхуигъэзар. Узыпэплъэ хъунурати, иджы Пекин и армэр IуплъапIэм къришащ. ШыщхьэуIум и 4 - 7-хэм Тайвань псыдэуапIэм пэгъу­нэгъуу дзэ гъэсэныгъэхэм щIа­дзати, «G7» зыфIэзыщыжа къэ­ралиблым (Франджы, США, Инджылыз, Нэмыцэ, Японие, Италие, Канадэ) Китайр къыхураджащ «къаугъэм къарукIэ хэмыIэбэу, Iуэхур мамырыгъэм ирашэлIэжыну».

«Мыхьэнэ зимыIэ тхылъымпIэжьщ абыхэм я къыхуеджэныгъэр», - жиIащ Iуэхум теп­сэ­лъы­хьыжа, Китайм хамэ къэрал IуэхухэмкIэ и министр Ван И.

«КъухьэпIэм зимыбзыщIыжу къуаншагъэ зезыхьэхэм я пщIэр еIэт, зи хабзэ зыхъумэжхэр декъузэри, захуагъэм тетхэр хегъэ­зыхь, - жиIащ Ван И. - Иджыпсту дунейм тет къэралхэм зыр адрейм и Iуэхум хэ­мыIэбэныр зэхэтыкIэ мардэу ягъэуващ. ООН-ми Тайваныр Китайм и Iыхьэущ къызэрилъытэр. Дунейм теткъым дэ ар Китайм щымыщу къыдэзыгъэлъытэн щхьэусыгъуэ. Китаймрэ Тайванымрэ я зэхуаку фыдыхьэным фи гугъэр хэф­хыж».

ЛIыжь кхъахэу, сымаджэрилэу е щыгъупщэхыу зыкъигъэлъагъуэ пэтми, Байден Джо ищIэр ещIэж, - хуагъэфащэ ­политологхэм. - Украинэм зы­щIигъакъуэ, игъэгушхуэ зи­щIурэ, езым игъэува къапхъэ­ным Урысейр иригъапкIэри, къэ­ралыр къарууншэ зыщIын зауэм хилъэфащ. Иджы ардыдэр Китаймрэ Тайванымрэ ярищIэну и мурадщ.

«Пелоси Нэнси Тайваным щIэкIуам иIэр щхьэусыгъуэ закъуэщ, - жиIащ Урысейм нэ­гъуэщI къэрал IуэхухэмкIэ и министр Лавров Сергей. - Америкэм псоми ягуригъэIуэну ­хуейщ езыр сытми зэрыхуи­-тыр икIи абыкIэ зыми игъэ­къуаншэу зэ­римыдэнур. «Си занщIэр си ­гъуэгущ», - жы­хуиIэращ».

Илъэс 25-рэ хъуащ США-м икIыу лIыщхьэ гуэри Тайваным зэрымыкIуэрэ. Пелоси Нэнси и зекIуэм и мыхьэнэр аркъудейм къегъэлъагъуэ.

Карнеги и фондым и щIэ­ныгъэрылажьэ нэхъыщхьэ ­Габуев Александр Китайм теу­хуа и напэкIуэцIым щетх: «Ды­зыхуэкIуэ псор занщIэу, иджыпсту дыдэ ди нэгу щIэмыкIынкIи хъунущ. Пекинри Вашингтон­ри зауэ къызэрамыгъэхъунум иужь итынущ тхьэмахуэ дызы­хуэкIуэ зыбжанэм. Китайм и ­губжьыр зытрикъутэнур Тайванырщ. Экономикэ санкцэхэр ятрилъхьэныр, Тайбэй къы­щы­щIагъэкI хьэпшыпхэр зыщэху къэралхэр IуигъэкIуэтыныр, Тай­ваным и гъунапкъэм пэ­гъунэгъуу зауэлIхэр игъэсэныр, къинэмыщIхэр - Китайм хуэ­щIэну псор пщIэнукъым. Шы­нагъуэр зыщ. Китайм и президент Цзиньпин Си игу къихьэнкIи хъунущ Тайваным и Iуэхур зэригъэзэхуэжыну икIи ар езым IумпIэр иIыгъыху фIэкIа хузэ­фIэ­мыкIыну. Зауэр хэкIыпIэ закъуэу къыщыхъункIи хъунущ. США-м, дауи, ар идэнукъым. Зэримыдэнур икIуэтурэкъым, Тайваныр IэщэкIэ иузэдурэщ. Аращи, хытIыгур яубыдыжын Iуэхур зэраублэнум къытпэ­щылъ илъэс зытхухым упэплъэ хъунущ».

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.

18.04.2024 - 09:03

МЕДАЛИБЛЫМ ЩЫЩУ ЩЫР ДЫЩЭУ

Бокс

17.04.2024 - 16:08

СПОРТСМЕНХЭР ЯГЪЭЛЪАПIЭ

Мэлыжьыхьым и 5 - 9-хэм Анапэ къалэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м IэпщэрыбанэмкIэ и чемпионат. Абы япэ увыпIэр къыщихьащ КъБР-м щыIэ МВД-м и гупым.