Гъавэр, хадэхэкIыр Iуахыж

Урысей ФСИН-м и Управленэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэм хыхьэ колоние №5-м щоужьэрэкI гъавэр, хадэхэкI пасэхэр Iухыжынымрэ ахэр щIымахуэм хуэгъэтIылъынымрэ пыщIа лэжьыгъэхэм.
Колоние-псэупIэ жыхуаIэ мардэм тет мы щIыпIэм щыIэхэр щIэпхъаджагъэ хьэлъэ зымылэжьахэрщ, абы ипкъ иткIи ахэр нэхъ щхьэхуиту яIыгъщ икIи щIы Iыхьэхэр егъэбыдылIауэ хадэ, Iэщ зэрахьэ.
Мы гъэм яхуэбэгъуащ къэбыстэр, бэдрэжанхэр, жэгундэмрэ пхъымрэ. Абыхэм кърахьэлIэжыр езыхэм яшхыну зэрахурикъум къыдэкIуэу, республикэм и нэгъуэщI IуэхущIапIэхэми хурагъэшэф, я хадэхэкIхэм щыщ ди гъунэгъу щIыналъэхэми яIэрохьэ.
Тутнакъэщхэр ерыскъыхэкIхэмкIэ къызэрагъэпэщыным и закъуэкъым колонием къалэну иIэр – ар хутыкъуа, зэрымыщIэкIэ хабзэр къызэпызыуда цIыхур къызэрыгуэкI псэукIэм къыхэча мыхъунми мыхьэнэшхуэ ират колонием и унафэщIхэм.

ЗЭБАР Мадинэ, КъБР-м щыIэ УФСИН-м и пресс-IэнатIэм и унафэщI.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

09.10.2026 - 09:03

Дызытет лъагъуэр хремыгъуащэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и муслъымэнхэм я IуэхущIапIэмрэ Ислъам щIэныгъэмрэ щэнхабзэмрэ за­щIэ­гъэкъуэнымкIэ фон­дым­рэ я жэрдэмкIэ, Къэ­бэрдей къэрал драмэ театрым жэ­пуэгъуэм и 6-м щекIуэ­кIащ щIынал

09.10.2026 - 09:03

НыбжьыщIэхэр яущий

Налшык къалэм зэIущIэ щхьэпэ ще­кIуэ­кIащ класс нэхъыжьхэм щIэс школакIуэхэр наркотикым пэIэщIэ щIыным теухуауэ.

08.10.2026 - 09:03

Зэи мыкIуэдыжыну IэщIагъэ

Хабзэ зэрыхъуауэ, КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Къэбэрдей-Балъкъэрым и егъэджакIуэхэмрэ гъэсакIуэхэмрэ яхуэзащ. 

08.10.2026 - 09:02

Дыгъэм кърегъэгъэзэж

Къэбэрдей-Балъкъэрыр илъэси 100 зэрырикъум и цIэр зезыхьэ паркым ит галереем мы махуэхэм щагъэлъагъуэ Къэбэрдей-­Балъкъэрым и цIыхубэ сурэтыщI, ХудожествэхэмкIэ Урысей академием и академик, философ

08.10.2026 - 09:00

И тхыгъэхэр къэцIыхугъуафIэт

Лъэпкъ библиотекэм и лъахэхутэ къудамэм щекIуэкIащ КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ, тхакIуэ ЩоджэнцIыкIу Iэдэм къы­зэралъхурэ мы гъэм илъэси 100 зэ­ры­рикъум теухуа пшыхь.