Махуэшхуэм дыхуокIуэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэ­кIуэ Казбек къипщытащ щIыналъэр илъэси 100 щрикъум ирихьэлIэу Налшык щызэфIах лэжьыгъэхэр зэрекIуэкIыр. Ахэр псори зэфIэкIауэ щытын хуейщ фокIадэм и 10-м ипэ къихуэу. А махуэращ республикэм щекIуэкIыну гуфIэ­гъуэхэм я нэхъыщхьэхэр щыщыIэнур.

НаIуэ зэрыхъуамкIэ, лэ­жьы­гъэхэр щызэфIэкIакIэщ жылагъуэ зыгъэпсэхупIэу блым. Ахэр хиубыдащ «Къалэ щIыпIэхэр зэпэщ щIын» федеральнэ проектым. Ап­хуэдэхэщ КъБКъУ-м къедза скверыр, Къуэныкъуейм и цIэр зезыхьэ уэрамым щыIэ «Курортный» хадэ цIыкIур. Гагарин Юрий и цIэр зезыхьэ скверым игъэдэхэнущ Налшык аэропортым къедза щIыпIэр. Ари мы махуэхэм зэпэщ ящI: автомобиль псынщIэхэм я гъэувыпIэхэр, рейсым пэплъэхэм зыщагъэпсэхуну щIыпIэхэр нэхъ тынш ящI. Ленинымрэ Тэрчокъуэмрэ я цIэхэр зезыхьэ уэрамхэм я зэхэкIыпIэм деж иIэ, КъБКъМУ-м къедза, Идарым и цIэр зезыхьэ уэрамымкIэ Мовсисян и цIэр зезыхьэ уэрамдыхьэм къы­щыщIэдзауэ Тырныауз дэлъэдапIэм нэс къиубыду щыIэ, Мэлбахъуэмрэ Комаровымрэ я цIэхэр зезыхьэ уэрамхэм я зэхэкIыпIэм деж щаухуауэ щыта, «Нарт» хьэблэм щыIэ хадэ цIыкIухэри сыт и лъэныкъуэкIи хьэзыр хъуащи, махуэшхуэм зыхуащIу мэщIэращIэ.
А скверхэм щагъэтIыса удз гъагъэхэм псы теутхапIэхэри хуащIыжащ, архитектурэкIэ теплъэ дахэ яIэу. Къинэ­мыщIауэ, а хадэ цIыкIухэм яIэнущ спорт, сабий джэгупIэ утыку зэ­мылIэужьыгъуэхэр, адэ-анэ­хэмрэ цIыкIухэмрэ я зыгъэпсэхупIэхэр, уэршэры­пIэ­хэр, лъэс лъагъуэ­хэр.
Мы зэманым лэжьыгъэшхуэхэр щокIуэкI КъБР-р илъэси 100 зэрырикъум и щIыхькIэ скверым. Ар щаухуэ Сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ я творчествэмкIэ республикэ уардэунэмрэ Абхъазым и цIэр зезыхьэ утыкушхуэмрэ я зэхуэку дэлъ щIыпIэм. Ухуа­кIуэхэм яубзыхуакIэщ скве­рым и планыр, щIытIхэри зэфIэкIащ. Иджыпсту зэфIагъэувэ абджыпсым къыхэ­щIыкIа гъэлъэгъуапIэ унэ­шхуэр. Абдеж къыщызэрагъэпэщынущ махуэшхуэ выставкэ зэмылIэужьыгъуэ­хэр, литературэ пшыхьхэр, лекцэхэр, кинохэр щагъэлъэгъуэнущ, зэIущIэхэр, зэхуэзэ хьэлэмэтхэр щрагъэкIуэкIынущ. Апхуэдэу гъуэгу нашэ­къашэхэр зыхэт, хъыринэхэр, къежэхыпIэхэр зиIэ сабий джэгупIэхэри щыIэнущ, творческэ мастерской зэ­мылIэужьыгъуэхэр, сабиймрэ анэмрэ я пэшхэри къыщы­зэрагъэпэщынущ а щIыпIэм. А хадэ цIыкIур хъунущ къалэдэсхэри абы и хьэщIэхэри малъхъэдисым хуэдэу зы­щIэзышэ зыгъэпсэхупIэщIэ.
Республикэм и Iэтащхьэм къигъэнэIуа къалэнхэм япкъ иткIэ, зэгъэпэщыжыныгъэ лэжьыгъэхэр щокIуэкI къалащхьэм Псыхуабэ, Владикавказ лъэныкъуэхэмкIэ къикIыу уакъыхуэзышэ дэлъэдапIэ­хэм деж. А щIыпIэхэм щыIэ архитектурэ-декорацэ ухуэныгъэхэр зыхуей хуагъэзэж, ­уэздыгъэхэр гъуэгухэм фIа­дзэж, удз гъагъэхэмрэ жыг щхъуантIэхэмрэ щагъэтIыс, къедза Iэшэлъашэр ягъэкъабзэ, ягъэдахэ. «ИгъащIэкIи Урысейм дригъусэу» щIэжы­пIэ­ш­хуэр зыхуей хуагъэзэжакIэщ.
Зи гугъу тщIы IуэхущIапIэ, IэнатIэ псоми щекIуэкI ухуэ­ныгъэ-зэгъэпэщыжыныгъэ лэжьыгъэхэм я тегъэщIапIэщ лъэпкъ проектхэр, федеральнэ, щIыналъэ, щIыпIэ къэрал программэхэр. Лэ­жьыгъэхэр псори зэфIах яубзыхуа планым тету, къы­кIэрыху щымыIэу. УхуакIуэхэр къызэгъэпэщащ зыхуеину техникэкIи Iуэхум ирахьэлIэ пкъыгъуэхэмкIи.
- Мы лъэхъэнэм зэфIэдгъэкI лэжьыгъэхэр зэпхар ди республикэр илъэси 100 зэрырикъум и закъуэкъым. Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхухэм я гъащIэр егъэ­фIэкIуэным хуэщIа а Iуэху­гъуэхэм пытщэнущ, ахэр къыщыгъэлъэгъуа проектхэр гъэзэщIэным адэкIи делIэлIэнущ, - къыхигъэщащ КIуэкIуэ Казбек.
 Журналистхэм щепсалъэм щIыналъэм и унафэщIым къыхигъэбелджылыкIа Iуэхугъуэхэм ящыщщ Налшык щау­хуа гъуэгущIэхэр къэзыгъэнэхуну уэздыгъэхэр электрокъару нэхъ мащIэ зыхьхэм зэращыщынур. АбыкIэ къыдагъэхуэнущ къалэ щIыпIэм къыщагъэсэбэп энергием. КъинэмыщIауэ, къыхигъэщащ ЩоджэнцIыкIум и цIэр зезыхьэ уэрамым псы хуабэ зэрырикIуэ бжьамийхэм зэрыщелэжьыр, Къэбэрдей уэрамым и автомобиль гъуэгуми зэхъуэкIыныгъэ зэри­гъуэтынур. Уэрамым и Iыхьэу федеральнэ гъуэгум ухуэ­зышэр нэхъ бгъуэ ящIынущ, машиниплI щызэблэкIыфын хуэдэу. Ар хъунущ уэздыгъэ нуркIэ гъэнэхуа гъуэгу тынш икIи бгъуэ.  
КъБР-м и Iэтащхьэр ап­хуэдэу къытеувыIащ автобус къэувыIэпIэхэм деж щыIэ сату IуэхущIапIэ цIыкIухэр нэ­гъуэщI щIыпIэхэм зэрахьынуми. Абы зэрыжиIамкIэ, а IуэхумкIэ хьэрычэтыщIэхэм ягуроIуэри, нэхъыфI зэрыхъунум хуэдэу ящI. Кулиевым и цIэр зезыхьэ уэрамым щызэфIэкIащ апхуэдэ сату щIыпIэхэр Iухыныр. КъэувыIэпIэхэм деж щагъэув иджырей мардэхэм къезэгъ ухуэныгъэ екIухэр. Апхуэдэ лэжьыгъэхэр щекIуэкIынущ Головком и цIэр зезыхьэ уэрам­ми.
- Ухуэныгъэм и хабзэ гуэрми темыщIыхьауэ къызэрагъэпэща а IуэхущIапIэ цIыкIухэм къалэм и теплъэр ягъэдахэу пхужыIэнукъыми, а Iуэхур тэрэз щIынми яужь дитщ, - жиIащ КIуэкIуэ Казбек.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.