Къэбэрдей-Балъкъэрым и мэкъумэшыщIэхэм я ехъулIэныгъэхэр утыку кърахьэ

Ди газетым еджэхэр зэрыщыгъуазэщи, Калининград областым щекIуэкIащ «Губгъуэм и урысейпсо махуэ-2022» гъэлъэгъуэныгъэр. Абы республикэм мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министр Сыжажэ Хьэсэн я пашэу, Къэбэрдей-Балъкъэрым и мэкъумэшыщIэхэм я лIыкIуэ гуп хэтащ.

Зэхыхьэшхуэм и лэжьыгъэм и Iыхьэ нэхъыщхьэ дыдэхэм ящыщу щытащ «Урысейм гъавэ щыгъэкIыныр - 2022 - 2030 гъэхэм ятещIыхьа стратегие плъапIэхэмрэ ахэр зэгъэ­хъулIэнымкIэ Iэмалхэмрэ» пленар зэIущIэр. Ар иригъэкIуэкIащ икIи зэхыхьэшхуэм хэтахэм я пащхьэ къыщыпсэлъащ Урысейм мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министр Патрушев Дмитрий. КъаIэта Iуэхур къазэрыщыхъур а утыкум щыжаIащ агропромышленнэ комплексым и щIыналъэ унафэщI органхэм я пашэхэм, мэкъу­мэш бизнесымрэ щIэныгъэмрэ, IэнатIэм телажьэ финанс IуэхущIапIэхэм я лIыкIуэхэм икIи абыхэм къаIуэтащ къэралым и мэкъумэш хозяйствэм къыпэщыт къалэн нэхъыщхьэхэм зэреплъыр.
Гъэлъэгъуэныгъэм хиубыдэу утыку къра-­хьащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм нартыху жылапхъэ щыгъэкIынымкIэ щыIэ хэкIыпIэхэр икIи абыхэм ятеухуауэ къэпсэлъащ Урысей мэкъумэш центрым и IуэхущIапIэу ­КъБР-м щыIэм и унафэщI Куржы Хьэсэнбий. Иджыпсту гибрид нартыху жылапхъэу къэралым и субъектхэм нэхъыбэ дыдэ щызыщэхэм ди республикэр яхэтщ. Абы и лъэныкъуэкIэ ­КъБР-м зэфIэкIышхуэ бгъэдэлъщ, республикэм и губгъуэхэр хуабжьу къозэгъ а жылапхъэ лIэужьыгъуэр гъэкIыным. Гъавапхъэу, силос гъэтIылъыгъэу Iуахыжын папщIэ КъБР-м гъэ къэс нартыху гектар мини 140-рэ хуэдиз щыхасэ. Жылапхъэхэр щагъэкI гектар 5420-м нэблагъэм.
Куржы Хьэсэнбий зэрыжиIамкIэ, иужьрей илъэситIым жылапхъэхэр ягъэкIын папщIэ ­хухах хьэсэхэр нэрылъагъуу нэхъыбэ хъуащ икIи ар сэбэпышхуэщ нэгъуэщI къэралхэм ­къраш нартыху жылапхъэр гъэмэщIэнымкIэ.
- ЗэкIэ къызэрыдбжамкIэ, нартыху жылапхъэхэр иджыпсту щагъэкIыр гектар 5500-рэ хуэдиз хъумэ, 2025 гъэм ирихьэлIэу ар гектар 6300-м нэдгъэсыфынущ. Абы и фIыщIэкIэ ­УФ-м и адрей щIыналъэхэм яхуедгъашэ жылапхъэ тонн 14300-р илъэсищым къриубыдэу тонн 18120-м нэсу хэхъуэнущ. Республикэм щагъэкI жылапхъэхэр нэхъыбэ щIынымкIэ щIэгъэкъуэнышхуэщ инновацэ технологиехэм зэрызаужьымрэ гидромелиорацэм зэрызиубгъумрэ (2021 гъэм псы зыщIагъэлъадэ щIыхэм гектар мини 9,3-рэ къахэхъуащ), ди IуэхущIапIэм и IэщIагъэлIхэм я лэжьэкIэр зэрефIакIуэр икIи абыхэм жылапхъэхэр гъэкIынымкIэ лэжьыгъэхэм гулъытэ лей зэрыхуащIыр, - къигъэлъэгъуащ Куржы Хьэсэнбий.
Республикэм щызэтрагъэуващ икIи тэмэму щолажьэ фIагъ лъагэ зиIэ жылапхъэхэр гъэкIыныр зыунэтI къэрал системэ убзыхуа. Абы хеубыдэ КъБР-м Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэр, Урысейм ЩIэныгъэхэмкIэ и академием и Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ центрым Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и институтыр, «Россельхозцентр» агентствэм и IуэхущIапIэу КъБР-м щыIэр, Мэкъумэш хозяйствэм и IэнатIэм щыкIэлъыплъынымкIэ федеральнэ агентствэм и управленэу КъБР-мрэ Ставрополь краймрэ щыIэхэр.
Япэ класс зиIэ гибридхэм йолэжь икIи ахэр зыхуей хуэзэу егъэхьэзыр «Гибрид СК» ООО-м. Абы илъэсым къриубыдэу гибрид жылапхъэу тонн мини 5 зэхедзыф. Гъэ къэс гибрид жылэу тонн мини 5 зыгъэкIыфын IуэхущIапIэ Прохладнэ районым къыщызэригъэпэщащ «Отбор» инновацэ фирмэм. НэгъуэщIу жыпIэмэ, мы IуэхумкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэр щIыналъэ куэдым йофIэкI икIи жылапхъэхэр гъэкIыным пыщIа инновацэ технологиехэр зыубгъуауэ къегъэсэбэп. Иджыпсту нартыхум и элитэ жылапхъэхэр гъэкIыныр ди деж лъэпкъ къалэну къыщалъытащ икIи а Iуэхум йолэжь щIэныгъэ IуэхущIапIэхэри, губгъуэм ит мэкъумэшыщIэхэри, «Россельхозцентр» зэгухьэныгъэм и лэжьакIуэхэри.
 Дыгъуэжьыкъуэ Борис.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.03.2024 - 08:57

ХЬЭЩIЭХЭМ ДЫКЪЫХАГЪАЩIЭ

Урысей Ипщэмрэ Кавказ Ищхъэрэмрэ регби 7-мкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным теухуа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Налшык къалэм щекIуэкIащ.

29.03.2024 - 08:56

ГУАПЭУ ЯГУ КЪАГЪЭКIЫЖ

КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист, Урысей Федерацэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ, «Советская молодёжь» газетым и редактор нэхъыщхьэу щыта Къардэн Мухьэм

29.03.2024 - 08:56

ХАДЭХЭКI ФIЭIУГЪЭХЭМКIЭ ДЫПАШЭЩ

Пхъэщхьэмыщхьэмрэ хадэхэкIымрэ къыхащIыкI консерву Кавказ Ищхъэрэм къыщыщIагъэкIым и процент 90-р Къэбэрдей-Балъкъэрым къылъос.

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.