ГъэпцIакIуэхэм дзыхь яхуэвмыщI

КъБР-м щыIэ МВД-м щекIуэкIащ телефоныр, нэгъуэщI Iэмэпсымэхэр къагъэ­сэбэпу цIыхухэр къызэрагъапцIэм пэ­щIэ­тыным теухуа брифинг. Абы хэтащ Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министерствэу республикэм щыIэм, Урысей  МВД-м и Налшык къалэ управленэм ядэлажьэ Жы­лагъуэ советым я лIыкIуэхэр.

Налшык къалэм щыIэ УМВД-м дознаниемкIэ и къудамэм и унафэщI, полицэм и ­полковник Асанов Заур тепсэлъыхьащ зэIущIэр зытеухуа щIэпхъаджагъэм хуэдэхэр къэмыгъэхъуным, ялэжьахэр зэхэгъэкIы-ным ехьэлIауэ къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ органхэм къагъэсэбэп Iэмалхэм. Къыхигъэщащ Налшык къалэм нэхъ зыщызыубгъуа телефон, Интернет-гъэпцIэныгъэхэм, бзаджащIэхэм я лей цIыхухэм къатемыхьэн папщIэ зэрызаIыгъыпхъэр.
- БзаджащIэхэм, щхьэусыгъуэхэр къагуп­сысурэ, цIыхухэм къыIэщIахыф я банк картэхэм узэрихьэнур, языныкъуэхэм а гъэп­цIакIуэхэм дзыхь хуащIри, я ахъшэр абыхэм хуагъэхь, - жиIащ Асановым. Абы къы­- зэ­рыхигъэщащи, телефон гъэпцIакIуэхэм япэ­щIэхуэр пенсионерхэм я закъуэкъым,    атIэ яхэтщ курыт ныбжь зиIэхэри. Асанов Заур къызэрилъытэмкIэ, профилактикэ лэжьыгъэм жыджэру къыхэшэн хуейщ банкым и лэжьакIуэхэри - цIыхухэр апхуэдэ гъэп­цIа­кIуэхэм я хьэгъэщагъэхэм зэрыщахъумэ Iэмалхэр абыхэм ящIэн папщIэ.
УМВД-м следствэмкIэ и управленэм и следователь, полицэм и подполковник Псэунэ Хьэбас жиIащ бзаджащIэхэм Iэмал зэмы­лIэужьыгъуэхэр къызэрагъэсэбэпыр. Абыхэм язщ номерхэр зэрахъуэжыр.
Зытепсэлъыхь Iуэхум теухуа я еплъыкIэхэр къыжаIащ КъБР-м щыIэ МВД-м дэлажьэ Жылагъуэ советым хэтхэу ШкIэжь Ирэнэрэ Васин Владрэ, УМВД-м и деж щыIэ Жыла­гъуэ советым и лIыкIуэ Пашалиев Ильяз сымэ.
- Дызытепсэлъыхь щIэпхъаджагъэхэр къэ­мы­хъун папщIэ Iэмал имыIэу егъэкIуэ­кIыпхъэщ цIыхухэр финанс Iуэхум щыгъэ-гъуэ­зэным хуэунэтIа зэIущIэхэр, абыхэм банк лэ­жьа­кIуэхэмрэ волонтёрхэмрэ къешэлIауэ, - жи­Iащ Пашалиевым.
Абыхэм къыхагъэщащ цIыхухэм я банк ­картэхэм ехьэлIа хъыбархэр нэгъуэщIхэм ­жрамыIэну, набдзэгубдзаплъэу щытыну, гузэвэгъуэм хэхуауэ жыхуаIэу къыщIэпсалъэ я Iыхьлыхэм ятеухуа упщIэхэр иратыну, икIи апхуэдэхэм деж псынщIэу абыхэм зы­пащIэну.
Брифингым и кIэухыу абы хэтахэм журналистхэм я упщIэхэм жэуап иратащ.
КЪАН  Мырзэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

06.06.2026 - 09:03

Гъуэгу насыпыншагъэхэм хохъуэж

КъБР-м и Парламентым иджыблагъэ щытепсэлъыхьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и гъуэгухэм шынагъуэншагъэр къызэрыщызэгъэпэщамрэ транспорт зэжьэхэуэхэм я бжыгъэр гъэмэщIэ­нымкIэ къагъэсэбэп Iэмалхэмрэ. 

05.06.2026 - 09:03

Саугъэтхэмрэ фэеплъ тыгъэхэмрэ хуагъэфащэ

КъБР-м щыIэ МВД-м ­щагъэлъэпIащ сабийхэм твор­чествэмкIэ я урысей­псо зэпеуэм, «Полицейский дядя Стёпа» фIэщыгъэр зезыхьэм, и республикэ Iыхьэм щытекIуахэр. 

05.06.2026 - 09:03

ДэIэпыкъуныгъэ хуэныкъуэу зыхуагъазэ

«Урысей зэкъуэт» политикэ партым и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и Iуэху­щIапIэм лъэIукIэ зы­хуэ­зы­гъэ­захэм яIущIащ УФ-м и Къэрал Думэм и депутат Щхьэгуэш Адэлбий.

04.06.2026 - 15:02

Iуэхугъуэ 15-м нэблагъэ

КъБР-м и Парламентым и Уна­фэщI Егоровэ Татьянэ мэкъуауэ­гъуэм и 2-м иригъэкIуэкIа зэIущIэм Iуэхугъуэ 15-м нэблагъэм щы­хэп­лъащ.

04.06.2026 - 09:49

ЩIыналъэ бюджетыр зэрагъэзащIэр

Урысей Федерацэм и Къэрал Советым и комиссэм видео зэпыщIэныгъэкIэ «Экономикэмрэ финансхэмрэ» унэ­тIы­ныгъэмкIэ конференц иригъэ­кIуэкIащ.