ЯГУ КЪАГЪЭКIЫЖ

115-нэ Къэбэрдей-Балъкъэр шуудзэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 80 щрикъум ирихьэлIэу иджыблагъэ Ростов щIыналъэм щекIуэкIа фэеплъ Iуэхугъуэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и лIыкIуэхэри хэтащ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым икIа лIыкIуэ гупым хэтащ КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин, Тэрч щIыналъэм щIыпIэ унафэр щызехьэнымкIэ и IуэхущIапIэм и унафэщI Дадэ МуIэед, КъБР-м лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ пэхуэщIэхэмкIэ и министрым и къуэдзэ Гергоков Джамбулэт сымэ.
Махуэшхуэ Iуэхугъуэхэр зауэ гуащIэхэр щекIуэкIа Мартыновкэ къуажэм дэт, Карпенкэ Владимир и цIэр зезыхьэ лъахэхутэ музейм щрагъэжьащ. МахуэщIым ирихьэлIэу 115-нэ Къэбэрдей-Балъкъэр шуудзэм и тхыдэмрэ къикIуа гъуэгуанэмрэ хухаха пэшыр къагъэщIэрэщIэжащ, тIорысэ хъуа сурэтхэр щIэрыщIэу трахыжри къыфIадзэжащ, архив тхылъымпIэхэмрэ хьэпшыпхэмрэ абдж къуардэхэм ирагъэзэгъащ. Абы къищынэмыщIауэ, зауапIэм щекIуэкIа зэхэуэ гуащIэхэм 115-нэ шуудзэм щызэрихьа лIыгъэр нэрылъагъу зыщI, бийм щебгъэрыкIуа, щIыпIэхэр, Мартыновкэ къуажэмрэ абы и Iэгъуэблагъэм ис жылэхэмрэ зэрыпхъуакIуэхэм къыщыIэщIахыжым зауэр зэрырагъэкIуэкIа гъуэгухэмрэ кIуапIэхэмрэ къызытещ тхыдэ картэ хьэлэмэти блыным къыфIадзащ.
115-нэ Къэбэрдей-Балъкъэр шуудзэр 1941 гъэм щэкIуэгъуэ мазэм зэхашащ. Абы хэтащ адыгэхэри, балъкъэрхэри, КъБАССР-м щыпсэу нэгъуэщI лъэпкъхэм щыщхэри. 115-нэ шуудзэр Кавказ Ищхъэрэмрэ Сталинградрэ яубыдыну къебгъэрыкIуэ нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм япэщIэта 51-нэ дзэм хэту зэуащ. Ар гуащIэу щызэуащ Тэнрэ Индылрэ я тIуащIэми. Шуудзэм и лIыхъужьыгъэмрэ лъэкIыныгъэмрэ нэхъыбэу къыщылъэгъуар Ростов щIыналъэрщ: Мартыновкэ Ипщэ, Мартыновкэ Ищхъэрэ, Пробуждение, Ремонтное къуажэхэм, Новониколаевскэ, Цымлянскэ станицэхэм, Къалмыкъ щIыналъэм хыхьэ Цаган-Нур къуажэм деж.
Дзэр зыхуэныкъуэну псомкIи зэры-Къэбэрдей-Балъкъэру яузэдат: адыгэшкIэ къызэрагъэпэщат, Iэщэ-фащэхэр пщIэхалъхьат, щыгъынрэ гъуэмылэкIэ етат. ЗауэлIхэр Iэщэрэ цIыху щхьэ бжыгъэкIэ фIыуэ къебэкI бийм пэщIэту илъэс ныкъуэкIэ зэуащ…
Шуудзэм хэта зауэлIхэм я фэеплъыр щахъумэ Къэбэрдей-Балъкъэрми Ростов щIыналъэми. 1942 гъэм и бадзэуэгъуэ - шыщхьэуIу мазэхэм екIуэкIа зауэ гуащIэхэм дзэм хэта зауэлIхэм я нэхъыбэм я щхьэр халъхьами, абыхэм яхузэфIэкIащ Сталинград ебгъэрыкIуэхэм я гъуэгур къызэпаупщIын, къэхъункIэ хъуну шынагъэр къамыгъэхъун, зыдэкIа адэжь лъахэр къахъумэн. Ростов щIыналъэм хыхьэ Мартыновкэ къуажэмрэ Тэрч щIыналъэмрэ илъэс Iэджэ щIауэ зэкIэлъыкIуэу, зэхыхьэу, зэIущIэхэр зэгъусэу ящIу къызэдогъуэгурыкIуэ. Хабзэ дахэу уващ ди япэ ита ди нэхъыжьхэм я кхъащхьэм ди щIалэхэр кIуэрэ яхуэфащэ пщIэр хуэщIыныр, фэеплъ щIыпIэхэр къыдэкIуэтей щIалэгъуалэм ирагъэлъагъуныр.
Къыхэгъэщыпхъэщ Налшык къалэ къыдэлъэдапIэм деж 115-нэ Къэбэрдей-Балъкъэр шуудзэм хэтахэм я фэеплъ уардэ зэрыщытыр, абы и хъуреягъкIэ жыг къызэгъэтIысыкIа зыгъэпсэхупIи зэрыщыIэр. Мартыновкэ къуажэми ди зауэлIхэм я цIэкIэ жыг хадэшхуэ ягъэтIысащ, зауэ екIуэкIар къызытещ монументышхуи ягъэуващ.
Апхуэдэу Ростов щIыналъэр нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм къызэрыIэщIахыжрэ икIи лIыгъэрэ хахуагъэкIэ Хэку зауэшхуэм и тхыдэм зи цIэр дыщэпскIэ хэзытха 115-нэ Къэбэрдей-Балъкъэр шуудзэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 80 щрикъум ирихьэлIэу ирагъэкIуэкIа «ЛIэужьхэм зэIэпахыу» зи фIэщыгъэ автозэхэзежэр 1942 гъэм и бадзэуэгъуэ-шыщхьэуIу мазэхэм зауаер щекIуэкIа щIыпIэхэм ирикIуащ.
 

 

ЩХЬЭЩЭХУЖ Инал.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.

18.04.2024 - 09:03

МЕДАЛИБЛЫМ ЩЫЩУ ЩЫР ДЫЩЭУ

Бокс

17.04.2024 - 16:08

СПОРТСМЕНХЭР ЯГЪЭЛЪАПIЭ

Мэлыжьыхьым и 5 - 9-хэм Анапэ къалэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м IэпщэрыбанэмкIэ и чемпионат. Абы япэ увыпIэр къыщихьащ КъБР-м щыIэ МВД-м и гупым. 

17.04.2024 - 16:05

ДУНЕЙПСО ЩIЭИНЫМ И МАХУЭ

«Тхыдэ мыхьэнэ зиIэ щIыпIэхэр дывгъэхъумэ» къыхуеджэныгъэм щIэту а махуэр гъэ къэс гъэлъэпIэным теухуа унафэр 1982 гъэм ЮНЕСКО зэгухьэныгъэм Фэеплъхэмрэ щIыпIэ хьэлэмэтхэмрэ хъумэнымкIэ и дунейпсо

17.04.2024 - 09:01

ЩIЫХЬЫЦIЭ КЪЫХУАГЪЭФАЩЭ

Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс, Адыгэ, Ингуш, Осетие Ищхъэрэ - Алание республикэхэм я цIыхубэ артист, «Адыгейм и ЩIыхь» медалыр зыхуагъэфэща уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ Нэхущ Чэрим иджыблагъэ къра