УСЭ ГУКIЭ ЗЭГЪЭЩIЭНЫМ САБИЙХЭР НЭХЪ ГУРЫХУЭ ЕЩI

Сабийхэм пасэу щIэныгъэ егъэгъуэтыныр зыфIэкъабыл гъэсакIуэхэм ящыщщ дуней псом щыцIэрыIуэ япон тхакIуэ Масару Ибукэ. «Илъэсищ ирикъуамэ, укъыкIэрыхуащ» зыфIища и тхылъым ар щытопсэлъыхь цIыкIунитIэхэм усэ гукIэ зрагъэщIэу пхуегъасэмэ, абы къыкIэлъыкIуэну щIэныгъэ зэгъэпэщыкIэр тынш зэрыщыхъунум.
 Сабийми къепщыхь, мэдыхьэшх,
 Нышэдибэ илъэситI ирикъуащ ар.
Мыр «хайку» жыхуаIэ япон усэхэм ящыщщ, курыт лIэщIыгъуэхэм псэуа усакIуэ Кобаяси Исса итхауэ.
 Сабийм Iэзагъ къыдалъхуахэр щрагъэфIакIуэ ди еджапIэм гурыхуагъым зрагъэужьын папщIэ, апхуэдэ усэхэр щызрагъащIэ. Хайку усэ лIэужьыгъуэр абыкIэ къэбгъэсэбэпыну фIыщ. Ахэр, япэрауэ, кIэщIщ, зэгъэкIуащи, гум иубыдэгъуафIэщ. КъищынэмыщIауэ, ахэр сабий усыгъэр зэрыщытыпхъэ мардэми нос: ГукIэ зрагъэщIэну къыхах усэхэм сабийр щэныфIэ ящIын хуэдэу дахэу, гурыщIэ хэIэтыкIахэр зэхыуагъащIэу, гъащIэм и кIыхьагъкIэ гум щыпхъумэну зыхуэфащэу щытын хуейщ».
 ЯпэщIыкIэ сабийхэм махуэ къэс зы усэ зрагъащIэ. КъыкIэлъыкIуэ махуэм ар зытеухуам яхутопсэлъыхьри, усэщIэ зрагъэщIэну кърат. Апхуэдэ щIыкIэу ар нэхъ гурыхуи мэхъу, игури хохъуэ. ЩыщIидза къудейм усэр игу ириубыдэн папщIэ ар абы пщIэнейрэ едэIуэн хуеямэ, етIуанэ, ещанэ зэгъэщIэгъуэм усэм щэ е плIэ зэредаIуэу, я гум къонэ, уеблэмэ зэ закъуэ зэхахмэ щрикъуи къохъу. Сэ къызэрызжаIамкIэ, сабийм зы илъэсым Исса и усэу I70-рэ зрегъэщIэф.
 Къэпщытэжыныр зэгъэщIэным и лъабжьэщ. Ар шэч зыхэмылъ хабзэщ. Зы сатыр щыгъупщэжамэ, зэрыусэу игу кърырегъэкIыж. Апхуэдэ щIыкIэу гурыхуэ хъуа сабийм псысэ псо плIэ е тхуэ къызэреджэу игу ириубыдэфу мэхъу. Тхылъеджэ гуэрхэм шэч къытрахьэнкIи хъунщ мы Iэмалым сабийр гурыхуэ зэрищIым. Сэри си гугъат Исса и хайкухэр сабийхэм къагурымыIуэну. АрщхьэкIэ апхуэдэ дерсхэм я мурадыр гукIэ зрагъэщIэн къудейкъым, цIыкIухэм дахагъэм и пщалъэхэр егъэцIыхунри, и акъылым зегъэужьынри, езым къыдалъхуа Iэзагъхэр къызыкъуихын гукъыдэж етынри я плъапIэщ.
 Сабий щхьэ куцIым усэ кIэщIу щэ е щитI хуэIыгъынущ. Ауэ гурыхуагъми, къомыгъэсэбэпмэ, кIэроху. Нэхъыбэрэ къэбгъэсэбэпыху нэхъри зеужь. Сабийм и гурыхуагъым зебгъэужьыну щынэхъыфIыр ар зэджам е зэдэIуам къытригъэзэжыну фIэфIыхущ.
 

 

Зыгъэхьэзырар ЧЭРИМ Марианнэщ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.

27.03.2024 - 13:58

БИЙМ ЗЫ ГУПУ ПЭЩIИГЪЭУВАТ

Тхыдэдж-щIэныгъэлI Сокъур Валерэ «Кърым зауэр къэзыхьа ХьэтIохъущокъуэ и къуэ Кургъуокъуэ - пщыхэм я Iумахуэт» зыфIища и тхыгъэм къызэрыхэщу, зи ныбжьыр илъэс 27-рэ фIэкIа мыхъуа Къаплъэн-Джэрий, I

27.03.2024 - 12:25

ДУНЕЙПСО ЗЭХЬЭЗЭХУЭР Я ПЛЪАПIЭУ

Мэзкуу областым и Рузэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондо лIэужьыгъуэмкIэ (ВТФ) Урысейм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ ныбжьыщIэхэм, хъыджэбзхэмрэ щIалэхэмрэ я зэхьэзэх

27.03.2024 - 09:03

СИ ЖЭНЭТ

(ГъащIэ теплъэгъуэ)