ШЫЩХЬЭУIУ

Еянэ мазэм, августым, Римым и пащтыхь Октавиан Август и цIэр фIащащ. Адыгеибзэ псалъалъэми итыр а фIэщыгъэцIэращ: «Августыр гъэмэфэ мэзищым ящэнэрэ. Августыр гъэмэфэкIэ маз».
 Къэбэрдейхэми адыгейхэми ди зэманым къагъэсэбэпыр «шыщхьэуIу» псалъэращ. Ди деж здрахауэ, ди лъэпкъэгъу Сирием, Иорданием щыпсэухэми жаIэр аращ. Абыхэм зэрыжаIэмкIэ, шыщхьэуIу мазэм удзхэр мэгъуж, щIыми бжьыхьэмэ къыхихын щIедзэ.
«ШыщхьэуIу» псалъэм къикIыр нэсу убзыхуакъым. Нэхъыжьхэм зэрыхуагъэфащэмкIэ, ар шыр, и щхьэр ищIу зэрызэбэдзауэм, жьы зэрызыщIигъэхум къытекIащ. Псалъэр зэрызэхэт IыхьэкIэ зэпкърыпхрэ уеплъми и мыхьэнэр гурыIуэгъуэкъым. Мыпхуэдэ псалъэ къэхъукIэм куэдрэ урихьэлIэркъым. Нэгумэ Шорэ къегъэсэбэп гамахокемазh псалъэр: гъэмахуэм и кIэ мазэ. «Гамахокемазh – гъэмахуэкIэмазэ» - «лета конечный месяц».
 Мы мазэм зекIуэ ежьэнухэм я шыр бжьыхьэ зекIуэм хуагъэхьэзырырт. НэгъуэщIу жыпIэмэ, бо кIыфIым щIэту шыхэр ягъашхэрт, пщыхьэщхьэ жьауэм и деж къыщIашурэ зрагъэукъуэдийрт, телъэщIыхьырт, ягъэпскIырт.
Апхуэдэурэ махуэ тIощI нэсыхукIэ ягъэшха шым лы зытрилъхьа иужькIэ мащIэ-мащIэурэ къагъажэу, псы къежэхым хагъэтт, жэрыгъэ кIыхькIи ягъэунэхуурэ шыр зэпэщ ящIырт.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.