МАЗЭЦIЭХЭР

Адыгэхэр нэхъ лъэпкъыжь дыдэхэм ящыщщ. Илъэс мин бжыгъэхэм къыщынэркъым абы я тхыдэм, я хабзэм и лъабжьэр къыщежьэр. Абы зэман блэкIа куэдым я нэпкъыжьэ телъщ. Ар уи фIэщ хъун щхьэкIэ ирикъунщ адыгэбзэм и къулеягъыр, абы хэт фIэщыгъэцIэхэм я къэхъукIэм, къэгъэщIыкIэм и гъэщIэгъуэнагъыр. Абы и зы щапхъэщ адыгэ мазэцIэхэри.
Абыхэм фIэщыгъэцIэ зэхуэмыдэхэри яIэу урохьэлIэ. Ар къызыхэкIар цIыхухэм я IэщIагъэм, ялэжь Iуэхум ехьэлIауэ зэманыр къалъытэу зэрыщытаращ.
ЩIышылэ, щIымахуэку (январь) - цIыхухэм я псэукIэкIэ зэтегъэпсыхьамэ, зыгъэпсэхугъуэ дахэщ. Ауэ гъэр шэджэладжэу щытауэ, щIымахуэр ткIий хъуамэ, цIыхури Iэщри егъэгулэз.
ЩакIуэхэм я зэманщ, ахэр хьэжэбажащэ макIуэ. ЩIымахуэ шылэм уэс лъэгуфI къищIамэ, пхъэлъэф ящI, сабийхэм я Iуэтэжыгъуэщ: щIалэ цIыкIухэм чын ягъэджэрэз, лъэрыжэ ирожэ, хъыджэбз цIыкIухэр IэжьэкIэ Iуащхьэм къожэх.
ЩIалэгъуалэм пщащэ унэхэм джэгухэр щызэхашэ. Хъыджэбзхэм дэнлъэч зэфIащIэ, хэдыкI ящI, мэджэгу, мэгушыIэ, жэщ кIыхьхэр апхуэдэу ягъакIуэу. Дауи, лэжьыгъэ нэхъыщхьэу щыIэр Iэщыр кIэрыхуншэу щIымахуэ щIэгъэкIынырщ.
Мазае (февраль) - мы мазэм и 25 - 26-м щIымахуэ шылэр еухри, абы и ужькIэ пIатIрэжуз жыхуаIэ гъатхэ щIыIэгъуэм щIедзэ. ПIатIрэжузыр шылэм ефыгъуэу жиIауэ къаIуэтэж: «Си лъэпхъуамбэшхуэр шылэм и лъэпхъуамбэ жьакIэр зэрытым итамэ, хьэ лъэ макъыр шы лъэ макъыу згъэIунти, шы лъэ макъыр лъэ макъищэу згъэIунт».
 Арами, шылэм и кум къыщыщIэдзауэ уэсыр пхъашэ мэхъу, мылым кхъурбыщыгъэхэр къещтэ. Абы щхьэкIэ нэхъапэм жаIэу щытащ: «Шылэм и кумылэм мылым утемыхьэ». Иджы ар «февралым и 7-м» жаIэу зэрахъуэкIыжащ. Мазаер икIамэ, апхуэдэ щIыIэ щыIэжынукъым. Пэжщ, иджыри къэхъунущ бжэндэхъу уейри, къесынущ ныуэжь уэсри, шыц уэсым зыкъызэщIищIэнри хэхакъым, ауэ ахэр гъатхэ нэщэнэщ.
Гъатхэпэ (март) - Гъэрэ щIырэ зэхокI, адыгэ илъэсыщIэр къохьэ. Унагъуэхэм мафIащхьэтыхь ящI, илъэсыщIэ жэщыр мыжейуэ ягъэкIуэн папщIэ сабийхэр трагъэу, ягъэджэгу. ЩIалэгъуалэм мы мазэм хъуромэ, жор джэгу зэхашэрт, IутIыж тхьэлъэIури ирагъэкIуэкIырт. Гъатхэпэ мазэм цIыхур зэхуэгуапэу, илъэсыщIэ, гъатхэ махуэ зэрытехьам папщIэ зэкIэлъыкIуэурэ зэхъуэхъурт.
Мэлыжьыхь (апрель) - мы мазэм мэллъхуэгъуэкIи удзыпэ къэхъеигъуэкIи еджэрт. Мыбы щыгъуэ жьы гуу къепщэу ялъытэрт. Абы щхьэкIэ пхъэщхьэмыщхьэ жыгхэм башкIэ еуэрт: «Ди Тхьэ, пкърыгъэзагъэ», - жаIэурэ. Апхуэдэу ящIмэ, пхъэщхьэмыщхьэр бэгъуэну я фIэщ хъурт.
Япэу уафэр щыгъуагъуэкIэ: «Уафэр гъуагъуэмэ, щхьэж и гуэн йоуэж», - жаIэурэ гуэнхэм гъавэр из хъужыну хъуахъуэурэ еуэрт, еIусэрт.
Накъыгъэ, вэнгъуэкIэ (май) - мы мазэм тхьэлъэIушхуэхэр хиубыдэрт. Гъэм и пасэ, и кIасэ елъытауэ вакIуэ дэкIхэрт. Ар гуфIэгъуэшхуэт, ауэ псом хуэмыдэу тхьэлъэIушхуэр «ВакIуэкъихьэж къэбакъ» щащIрат. ТхьэлъэIур псори зэгъусэу, къыкIэрыху щымыIэу ящIын папщIэ, вэнкIэ иужь къинэхэм нэхъ пасэу зыухахэр ядэIэпыкъурт. Мы мазэм хакIуэ утIыпщыгъуэкIи еджэу щытащ.
Мэкъуауэгъуэ, гъэмахуэпэ (июнь) - мыр къыщихьэр Вагъуэбэр гъавэм къыщыхэплъэрт. Абы тхьэлъэIу гуэрхэр епхауэ щытауэ нэхъыжьхэм ящIэжыркъым, ауэ дунейр уэгъу хъуамэ, хьэнцэгуащэ кърашэкIырт, псыхэдзэ ящIырт. Псом нэхърэ нэхъ Iуэхушхуэр губгъуэ лэжьыгъэр арати, цIыхур бэлэрыгъыртэкъым. Мы мазэм махуэм и кIыхьыгъуэ дыдэр хеубыдэ. Абы и шэджагъуэм щхьэкIэ адыгэхэм жаIэрт: «ГупкIэ жьауэр хьэм хурикъуркъым». А жэщым шэмыгъапцIэ жэщкIэ еджэрт.
Бадзэуэгъуэ (июль) - мы мазэм икухэм деж гъэмахуэ шылэр къохьэ. Дунейм и хуабэгъуэ дыдэщ. Хьэцэпэцэм я шэр щыщIэгъуэжщ. МэкъумэшыщIэр хуэсакъыу кIэлъыплъырт хьэми, мэшми, гуэдзми щхьэлъэфIей химыщIэным.
Апхуэдэу къэхъуамэ, «Хъэрэт сымаджэщ» жаIэрти, къэкIыгъэхэм яжьэпс траутхэрт. Абы сабийхэри балигъхэри хэтт. Хъэрэтыр Тхьэгъэлэдж ещхьу къэкIыгъэхэм я тхьэу щытагъэнущ. Тхыгъэхэми IуэрыIуатэми къызэрыхэщыжыр мащIэ дыдэущ.
ШыщхьэуIу (август) - шыщхьэуIу псалъэм къикIыр нэсу убзыхуакъым. Нэхъыжьхэм зэрыхуагъэфащэмкIэ, ар шыр, и щхьэр ищIу, зэрызэбэдзауэм, жьы зэрызыщIигъэхум къытекIащ. Мы мазэм зекIуэ ежьэнухэм я шыр бжьыхьэ зекIуэм хуагъэхьэзырырт. Бо кIыфIым щIэту шыхэр ягъашхэрт, пщыхьэщхьэ жьауэм и деж къыщIашурэ зрагъэукъуэдийуэ, телъэщIыхьу, ягъэпскIыу.
ФокIадэ, Iуэгъуэ (сентябрь) - «Си хьэр цIыху хъуащэрэт», - щыжаIэ зэманщ. Хьэмхэр яубэ, ягъэкъабзэ, мэш къахыж, гъасэ къраш. ГъавэфI къызэхъулIахэм яхурикъунум хуэдиз яIуэрти, адрейр щэджу зэтралъхьэрт.
Гъэ ежьа щэдж яIэныр унагъуэ хуэщIам и нэщэнэу ялъытэрт. Зи Iуэху къимыкIым, мыхъумыщIагъэ къызыщыщIым: «И щэджыжьыр иIуэжащ», - хужаIэрт. Мыбы ехьэлIат «хьэм тетыгъуэ» жыхуаIэри. Ар хьэблэм е зэрыжылэу зы хьэм яIэу абы чэзууэ щылажьэу зэрыщытам и щапхъэу къэнауэ аращ. ГъавэщIэм сэджыт, бытыр сыт хуэдэхэр хатыкIыным и пэкIэ, унагъуэм «хамэIумыхуэ» жаIэу тхьэлъэIу цIыкIу ящI хабзэт: гъавэщIэм щыщ япщэфIырти, нэгъуэщI, хамэ къахэмыхьэу унагъуэм ису хъуам зыIуагъахуэрт. Абы и ужькIэ унагъуэм и гъавэм псапэ хищIыкIынуми хуитт.
Жэпуэгъуэ (октябрь) - жыпIэ хъунущ мыр тхьэлъэIу мазэу щытауэ. Зэрыжылэу къызэдаIэту мыбы щыгъуэ ящIырт Созэрэщ и тхьэлъэIушхуэр. КъищынэмыщIауэ, мыбы хиубыдэрт Тхьэшхуэгухьэж тхьэлъэIури. Мы мазэм губгъуэ лэжьыгъэхэр псори зэщIагъэхьауэ, цIыхум я берычэтыр я гуэн изэгъэжауэ, хьэгъуэлIыгъуэхэри къыдахыу щIадзэрт.
 ЩэкIуэгъуэ (ноябрь) - мэкъушэжыгъуэкIи, тIы утIыпщыгъуэ мазэкIи йоджэ. Нэхъыщхьэр щэкIуэным и табур зэрытрахыжрат. ХьэкIэкхъуэкIэхэм я шырхэр ин хъуащ, иджы хэт щэкIуэнуми, хэт хьэжэбажащэ кIуэнуми хуитщ. КъищынэмыщIауэ, мы мазэм щIымахуэм сыт и лъэныкъуэкIи зыщыхуагъэхьэзыр пIалъэщ. Мэкъумылэр кърашэлIэж, бжьэ матэхэр зыхуей хуагъэзэж.
ЩIымахуэ шхын жаIэрти, былым, мэл яукIхэрт, лыр ягъэгъум и мызакъуэу яшурт, ягъэфIэIурт, щхьэфIэIу жыхуаIэу щытам хуэдэхэри ящIырт. Абы щхьэкIэ мэл яукIахэм я щхьэ-лъакъуэ гъэкъэбзар ныкъуэвэфI ящIырти, кхъуэщынкIэ е чейкIэ ягъэфIэIурт. Мыр гъатхэ мэл псэфыгъуэм гъэлъэхъу зимыIэхэм я хьэщIэхэм къыхуащтэмэ, нышым пэувыфу щытащ. ХьэщIэм ар хьэщIэныш нэхърэ нэхъыкIэу ябжыртэкъым.
Дыгъэгъазэ (декабрь) - псалъэм мыхьэнэшхуэрэ набдзэгубдзаплъагъэ инрэ хэлъщ. Махуэм и кIэщIыгъуэ дыдэщ, Вагъуэбэр щIым хохьэж. ЩIыр мэдыкъ, хуабэ щыIэжкъым. Дыгъэгъазэм и деж Дыгъэр и щIымахуэ унэм кIуэжауэ зигъэпсэхуу жаIэрт адыгэхэм. ЖэщкIэ хьэщIэщ зэхуэсыгъуэт, махуэкIэ уэс къалэхэр яухуэрти, гупитIу загуэшауэ зэзауэрт, зэдэджэгурт. Апхуэдэхэм жьыри щIэри хэтт.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.03.2024 - 17:28

ХАМЭ КЪЭРАЛХЭМ ЗЭРАДЭЛАЖЬЭМ ФЕЙДЭ КЪЫПОКIУЭ

Хамэ къэралхэм ящыщу Къэбэрдей-Балъкъэрым сату нэхъыбэу зыдищIыр СНГ-м хэтхэращ икIи иужьрей илъэситIым къриубыдэу республикэм зэригъэкIуэкIа продукцэм и куэдагъым процент 25-кIэ хигъэхъуащ, жиIащ

29.03.2024 - 17:23

ЗЫУЖЬЫНЫГЪЭМ И ЛЪАГЪУЭМ ИРОКIУЭ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Ставрополь крайм и губернатор Владимиров Владимиррэ Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм и УнафэщI Темрезов Рашидрэ щIыгъуу хэтащ Тырныауз къалэм дэт, сыт и лъэныкъуэкIи з

29.03.2024 - 08:57

ХЬЭЩIЭХЭМ ДЫКЪЫХАГЪАЩIЭ

Урысей Ипщэмрэ Кавказ Ищхъэрэмрэ регби 7-мкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным теухуа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Налшык къалэм щекIуэкIащ.

29.03.2024 - 08:56

ГУАПЭУ ЯГУ КЪАГЪЭКIЫЖ

КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист, Урысей Федерацэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ, «Советская молодёжь» газетым и редактор нэхъыщхьэу щыта Къардэн Мухьэм

29.03.2024 - 08:56

ХАДЭХЭКI ФIЭIУГЪЭХЭМКIЭ ДЫПАШЭЩ

Пхъэщхьэмыщхьэмрэ хадэхэкIымрэ къыхащIыкI консерву Кавказ Ищхъэрэм къыщыщIагъэкIым и процент 90-р Къэбэрдей-Балъкъэрым къылъос.