IЭППЫШ БИБАРС:IЭМАЛ ИМЫIЭУ АДЫГЭБЗЭКIЭ УНЭМ ДЫЩЫПСЭЛЪЭН ХУЕЙТ

ИлъэсийкIэ узэIэбэкIыжмэ, Сирием къиIэпхъукIыжа адыгэ щIалэ IэпэIэсэ, егъэджакIуэ, му­зыкант Iэппыш Бибарс адэжь Хэкум къигъэзэжу къы­зэрытхэзэгъэжар гуапэщ. Ар Iуэху зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ зэфIэкI зиIэ щIалэщ. ЩIэныгъэм и мызакъуэу, абы лъэпкъ щэнхабзэми хэлъхьэныгъэ ­хуещI, адыгэ IуэрыIуатэр едж, цIыхубэ уэрэдыжьхэр егъэзащIэ, пасэм ажэгъафэхэм къа­гъэ­сэбэпу щыта нэкIуIуп­хъуэхэр егъэхьэзыр.

Сирием и къалащхьэ Дамаск къыщалъхуащ Бибарс. Ку­рыт еджапIэ нэужьым, Дамаск къыщиухащ педколледжым инджылызыбзэмкIэ и факультетыр. И щIэныгъэм щыпищащ сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ зэ­рырагъаджэ Iэмалхэм щыхагъэгъуазэ колледжым. ИужькIэ курыт еджапIэм инджылызыбзэмкIэ мазихкIэ щригъэджащ.
Инджылызым къикIа IэщIагъэлIым джэгукIэ зэмылIэужьыгъуэхэр къэбгъэсэбэпурэ еджа­кIуэхэм щIэныгъэ зэрабгъэ­дэплъ­хьэнум тегъэщIа и ­курс­хэм­рэ мастер-классхэмрэ Си­­рием къыщыщызэIуихым, Iэп­­пышри абы екIуэлIащ икIи ар къыхуэщхьэпащ къалэхэмрэ ­къуа­жэхэмрэ щыщ ныбжьы­щIэ­хэр егъэджэнымкIэ. Къищынэ­мы­щIауэ, Бибарс мазихкIэ жы­джэру хэтащ Англием, Шотландием, Сирием инджылызыбзэр ныбжьыщIэхэм, балигъхэм зэ­реб­гъэджынум теухуа Iуэху бгъэ­­дыхьэкIэхэр зи лъабжьэ мас­т­ер-классхэр тыным ехьэлIа волонтёр лэжьыгъэм. КъыкIэ­лъыкIуэу ар Хьэрып Эмират Зэгуэтхэм кIуэри, аутизм узыфэ зыпкърыт сабийхэм я узыншагъэр егъэфIэкIуэным, ахэр гъащIэм хэгъэзэгъэным теухуа лэ­жьы­гъэм илъэситIкIэ пэрытащ. Ап­хуэдэу Иорданием и Сабий цент­рым пIалъэ кIэщIкIэ щы­лэ­жьащ, джэгукIэ Iэмалхэр къэб­гъэсэбэпурэ цIы­кIухэм щIэ­ны­гъэ зэ­рабгъэдэплъ­хьэным те­гъэ­щIауэ.
2010 гъэм япэу Iэппыш Бибарс Хэкум къыщыкIуэжам мурад ищIат адэжь щIыналъэм къигъэзэжыну. ИкIи мыгувэу къе­хъу­лIащ и хъуэпсапIэр, Сирием къыщыхъея зауэм псынщIэу и щхьэр къыхихын хуей щыхъум. 2012 гъэм и къуэшым и гъусэу абы Къэбэрдей-Балъкъэрым къи­гъэзэжат, арщхьэкIэ репат­риантхэр ди щIыналъэм зэры­щыпсэуну квотэхэм я пIалъэр щиухым, Адыгэ Республикэм щыпсэуну хуит зыкъригъэщIат, ауэ Бибарс ныбжьэгъухэр щиIэ хъуа Налшык къэкIуэжмэ нэхъ къищтащ, нэгъуэщI щIыпIэхэм къиIэпхъукIыжа ди лъэпкъэгъу­хэм щIы хухахыным и IуэхукIэ щIыпIэ властымрэ «Пэрыт» ха­сэм жыджэру хэтхэмрэ щызэгурыIуэм. 2014 гъэм Iэппыш Бибарс къратащ къэралым пIалъэ кIыхькIэ щыпсэуну хуит зыщI тхылъ (вид на жительство).
- Адыгэхэр хьэрыпхэм, курдхэм, нэгъуэщI лъэпкъхэм фIыуэ яхозагъэ, ауэ хэхэсхэм я щэнхабзэр яхъумэжыным гугъуехь куэд пыщIащ, Хэкум зэрыпэIэщIэм къыхэкIыу. Зи анэдэлъхубзэкIэ псалъэхэр куэдкIэ нэхъ мащIэщ. Си щхьэкIэ си кIэн къикIауэ къы­золъытэ, адыгэбзэр фIыуэ зэ­рысщIэм папщIэ. АбыкIэ фIы­щIэр зейр си адэращ, сыту жы­пIэмэ къытхуигъэуват Iэмал имыIэу адыгэбзэкIэ унэм ды­щыпсэлъэну. А унафэм деба­къуэ­мэ, удын къэдлэжьырт. Нэхъыбэу кIахэ диалектырт сызэ­рып­салъэу щытар, ауэ сыкъэкIуэжа нэужь, къэбэрдей диалектри тыншу зэзгъэщIащ, - жеIэ Бибарс. – Сирием щыIэкъым лъэпкъ мащIэхэм я бзэр яджыным ехьэлIа къэрал программэ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, псапэ зыпылъ Iуэху ящIэ мыхъу­мэ, нэгъуэщI зэгухьэныгъэхэр, адыгэбзэр щрагъэдж школхэр къызэрагъэпэщыну хуиткъым. КIуэ аракъэ, сабий гъэсапIэхэм анэ­дэлъхубзэр щрагъэджыну къыпэрыуэркъым. Дамаски нэгъуэщI къалэхэми апхуэдэхэр щ­о­лажьэ. Хуабжьу си жагъуэ мэхъу цIыкIухэм щIэныгъэ етыным теухуа программэхэр зэрызэшыгъуэмрэ зэрыгугъумрэ. Аращ егъэджэныгъэм и Iэмал зэмылIэужьыгъуэхэм, бгъэ­ды­хьэкIэ щхьэхуэхэм зыщIыхэзгъэгъуэзам щIэдзапIэрэ щхьэу­сыгъуэрэ яхуэхъуари.
Хэкум къэкIуэжа нэужь, 2012 гъэм Iэппыш Бибарс Сирием ­къиIэпхъукIыжа ди лъэпкъэгъу сабий 60-м нэблагъэм сурэт щIы­ным, къафэм ехьэлIа я зэ­фIэкIхэр къызэкъуахынымрэ нэхъ­ри зрагъэужьынымкIэ мастер-классхэр зы илъэсым къриубыдэу къахузэригъэпэщащ, рес­публикэм щыщ Щокъарэ Диа­нэ, Сирием къикIыжа Чым Динэ, Хъалилэ Миланэ сымэ и дэIэпыкъуэгъуу. А Iуэху дахэм хуэм-хуэмурэ хыхьат республикэм ис сабийхэри Сирием къикIыжа балигъхэри, арщхьэкIэ дерсхэр щрагъэкIуэкI хэщIапIэр щыIахыжым, зэпыужащ. Ауэ зэрыхъукIэ, Бибарс иджыри егъэ­джэн Iуэхум хэтщ, сабий щхьэ­хуэ­­хэм пIалъэ-пIалъэкIэ ядо­ла­жьэ.
- Ди къарукIэ мазэ бжыгъэкIэ хьэрыпыбзэкIэ журнал къыдэдгъэкIащ, кIуэ пэтми и теплъэкIи и плъыфэкIи едгъэфIакIуэурэ, - игу къегъэкIыж Бибарс. - Абы щызэхуэхьэсат мастер-классхэм къекIуалIэхэм я лэжьыгъэхэр. Ди жагъуэ зэрыхъущи, а Iуэхури зэпыдмыгъэужу хъуакъым, ды­пэлъэщыжтэкъым.
Iэппышым илъэс зыбжанэ ­хъуауэ адыгэ хабзэм теухуа къэ­хутэныгъэхэр ирегъэкIуэкI, па­сэм къыддекIуэкIыу щыта, ящыгъупщэжа дауэдапщэхэр къэгъэщIэрэщIэжыным яужь итщ. Псалъэм папщIэ, адыгэ ажэгъа­фэхэм бжэн теплъэ зиIэ я нэкIуIупхъуэхэр зэращIым зыщигъэгъуэзэжащ.
- А нэкIуIупхъуэхэм хуабжьу сы­дахьэхащ. Нобэ ахэр зэра­Iэ­щIэхужари сфIэгъэщIэгъуэнщ. Хьэнцэгуащэм и мыхьэнэр си анэм къысхуиIуэтэжащ, ауэ нэкIуIупхъуэхэр ящIэжыркъым. Санкт-Петербург, Москва, Мейкъуапэ щыIэ музейхэм къыщызгъуэтащ апхуэдэ нэкIуIупхъуэу 6, - жеIэ Бибарс. – Ахэр зэращIым, зэрагъэдахэ тхыпхъэхэм зыхэзгъэгъуэзащ. Гу лъыстащ дыгъэ, цIыху, Iэлъын теплъэ зиIэхэм, нэ­гъуэщIхэми куэду узэрырихьэлIэм. Ахэр я нэщэнэт, нэгъуэ­щIу жыпIэмэ, я щIагъыбзэт мэкъу­мэшым, гъавэ бэв къехьэ­лIэным, узыншагъэр егъэ­фIэ­кIуэным хуэщIа дауэдапщэхэм.
Iэппышым и хъуэпсапIэт езым нэкIуIупхъуэхэр ищIынуи. Налшык щыщ и ныбжьэгъухэу Хъалилэ Миланэрэ Кхъуэжь Дианэрэ и дэIэпыкъуэгъуу упщIэ щIы­ным зыхигъэгъуэзащ. Iэпэ­Iэсэм езым бгъэдэлъ Iэзагъэр абы хиухуэнэжри къигъэщIащ нэкIуIупхъуэ телъыджэу 23-рэ, упщIэр, цыр, фэр къигъэсэ­бэпри. Ахэр игъэщIэрэщIэжащ адыгэм я дежкIэ къэхъукъащIэ е нэщэнэ мыхьэнэ зиIэ сурэт зэ­мылIэужьыгъуэхэмкIэ, лъэпкъ да­мыгъэхэмкIэ, тхьэгъухэмрэ цIуугъэнэхэмкIэ.
- Республикэм къызэрызгъэ­зэжрэ псом хуэмыдэу сызыгъэгушхуэу, псэм зезыгъэужь Iуэхуу зи ужь ситауэ къэслъытэр ажэгъафэхэм я нэкIуIупхъуэрщ. ЛъэщапIэ сызэримыIэм къы­хэ­кIыу, а лэжьыгъэр зэманкIэ зэ­пызгъэун хуей хъуащ. Къызэ­хъулIэрэ абы адэкIи схупы­щэж­мэ, си насыпщ, - жеIэ щIалэм.
А псом къыдэкIуэу Бибарс и псэм зезыгъэужь Iуэхуу къилъытэр лъэпкъ IуэрыIуатэр зэриджырщ, пасэрей уэрэдыжьхэм зэрыдахьэхырщ. ГъукIэ Замудин зи художественнэ унафэщI, Адыгей Республикэм и «Жьыу» ансамблми хэтащ ар. Хэкум къэкIуэжа нэужь, ар яхыхьащ адыгэ уэрэдхэр зыгъэзащIэ ­Къуэдзокъуэ Тимур, Хъалилэ Булат, ХьэцIыкIу Башир, Васильев Тамерлан, Шеуджэн Алан сымэ зыхэта «Хьэгъэудж» гупым. КъыкIэлъыкIуэу 2019 гъэм къы­зэрагъэпэщащ «Джэрпэджэж» IуэрыIуатэ гупыр. Абы ягъэзащIэхэм ящыщщ 1911-1913 гъэхэм щыIа, куэдым яIэщIэхужа уэрэ­дыжьхэр. Языныкъуэхэр - щIопщакIуэ уэрэдхэр - сымаджэхэр ягъэхъужыным нэхъ тегъэщIащ. Адрейхэр хуэщIащ зауэм, лIы­хъужьхэр гъэлъэпIэным. Хьэ­гъуэ­лIыгъуэ уэрэдхэмрэ гъыбзэ­хэм­ри гулъытэ хуащI.
Гупым и япэ альбомыр илъэситIкIэ узэIэбыкIыжмэ къыдагъэкIащ. Абыхэм зыкъыщагъэ­лъэгъуащ иджырей гъуаз­джэ­хэмкIэ урысейпсо фестивал­хэм, Къалмыкъым, Бе­лоруссием, Лат­вием, Тыркум, Москва, нэ­гъуэщI­ щIыпIэхэм щекIуэкIа щэнхабзэ зэхыхьэхэм. Апхуэдэщ «Биеннале современного искусства Северного Кавказа», Fields, «Летняя платформа» щэн­хабзэ зэIущIэ гъэщIэгъуэнхэр, нэгъуэщIхэри. Иджыри яубзыхуат Москва, Санкт-Петербург, Европэм концерт щатыну, арщхьэкIэ пандемием къы­хэ­кIыу къайхъулIакъым. Гу­пым онлайн концертхэр къызэригъэпэщащ Москва щекIуэкIа «Боль» фестивалым, Налшык и «Платформа» арт-залым папщIэ. «Джэрпэджэж» гупым хэтхэм ду­нейпсо утыкухэм зыкъыщагъэлъэгъуэным ехьэлIа хъуэпсапIэхэр я куэдщ.
Бибарс Сирием къиIэпхъукIыжу хэкужьым къыщыкIуэжа япэ махуэхэм щыщIэдзауэ щIыналъэм и щэнхабзэ гъащIэм хэтщ. Адыгей Республикэм и ансамблхэм ящыщ зым макъамэ еуэу зэрыщылэжьам ирогушхуэ. Налшыки щэнхабзэ проект зэмылIэужьыгъуэхэр щыпхигъэкIащ. Иужьрей илъэситIым Бибарс радиом щолажьэ. И Iыхьлыхэр, и шыпхъуитIыр - Сирием, и къуэшыр - Адыгейм, и адэр пIалъэ-пIалъэкIэрэ Налшык къэкIуэжурэ щопсэу. А псоми къигъэдзыхэркъым Хэкум екIуэ­лIэж гъуэгур къыхэзыха адыгэ щIалэр икIи абы сэбэп зэ­рыщыхъуным хущIэкъу з­э­пытщ.
 

ТЕКIУЖЬ Заретэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.

27.03.2024 - 13:58

БИЙМ ЗЫ ГУПУ ПЭЩIИГЪЭУВАТ

Тхыдэдж-щIэныгъэлI Сокъур Валерэ «Кърым зауэр къэзыхьа ХьэтIохъущокъуэ и къуэ Кургъуокъуэ - пщыхэм я Iумахуэт» зыфIища и тхыгъэм къызэрыхэщу, зи ныбжьыр илъэс 27-рэ фIэкIа мыхъуа Къаплъэн-Джэрий, I

27.03.2024 - 12:25

ДУНЕЙПСО ЗЭХЬЭЗЭХУЭР Я ПЛЪАПIЭУ

Мэзкуу областым и Рузэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондо лIэужьыгъуэмкIэ (ВТФ) Урысейм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ ныбжьыщIэхэм, хъыджэбзхэмрэ щIалэхэмрэ я зэхьэзэх

27.03.2024 - 09:03

СИ ЖЭНЭТ

(ГъащIэ теплъэгъуэ)