ГЪУАЗЭРЫПЛЪКIЭ ДЕКIУЭТЭХЫЖАЩ

Ищхъэрэ-КъухьэпIэ Кавказ дахащэм и адыгэ лъагъуэжьхэмкIэ дызэхэзекIуэу, хы ФIыцIэ Iуфэм дыхуэзышэ гъуэгум дытетщ си адэ шыпхъум и къуэ Уэлджыр Зауррэ сэрэ.

         Щхьэгуащэ псышхуэм и тIуащIэ абрагъуэм удэту дэбгъэзеяуэ ущыдэкIуейкIэ, Рыфыбг псыкъелъэхэм уахуэзышэ лъэсырызекIуэ лъэмыжым зы щIыпIэ гуэрым деж ущыхуозэ. Абы километритI нэблагъэ узэрыфIэкIыу, гъуэгум ику дыдэм телъу зы мывэжь урохьэлIэ. Абы цIэ зыбжанэ иIэщ. Псалъэм папщIэ, «Казачий», «Черкесский», «Девичий» жыхуиIэхэр. Адыгэхэр къыр гуэудахуэ абрагъуэм «ДжэгупIэжькIэ» йоджэ.

         Апхуэдэу ди лъэпкъэгъухэр щIеджэу щытами щхьэусыгъуэ иIэщ. Ипэхэм мы мывэм и Iэгъуэблагъэм шу зэпеуэхэр щекIуэкIырт. КъыщыхэжаныкIар мывэ дум псом япэ дэжейрт. Ар къызэхъулIэр адрейхэм ятекIуауэ къалъытэрт. НэгъуэщI IуэрыIуати кърахьэкI ДжэгупIэжьым теухуауэ. Абыхэм ящыщ зым  и гугъу фхуэтщIынщ.

 ХъунщIакIуэ гуп, гъэрхэр ящIыгъуу, мы щIыпIэм блэкIырт. Абыхэм зы пщащэ цIыкIу къахэкIуэсыкIыжащ. Тхьэм ещIэ тыркухэм иращэну хы ФIыцIэ Iуфэм яшэрэт? Хъыджэбзыр мывэм дэжеящ. АрщхьэкIэ къыкIэлъыпхъэрахэм къащIащ ар абы зэрыдэкIуеяр. Пщащэм, закъримыгъэубыдын щхьэкIэ, абдежым гъунэгъуу блэж псышхуэм зыхидзащ. Псым ар итхьэлакъым. Зы мащIэрэ ирихьэхри ныджэ пшахъуэм къытридзэжащ.

Абдежым пэмыжыжьэ псыкъелъэ цIыкIур дэнэ лъэныкъуэкIи къэзыухъуреихьыжа чыцэ гуэрэныр гъэпщкIупIэ дэгъуэ хуэхъуащ хъыджэбз цIыкIум. И гур къыщызэрыгъуэтыжыху а щIыпIэм щыIэри, и унэ кIуэжыну ежьэжащ. АдэкIэ къэхъуар хэт ищIэн, ауэ IэмащIэ-лъэмащIэм и къелыкIэ хъуар цIыхухэм ягъэщIагъуэу IуэрыIуатэ хъужащ.

         Щхьэгуащэ псыхъуэм дыдэту иджыри зы километр хуэдиз дыдокIуей. Дахэ (Даховская) станицэм дынэмысу, ижьымкIэ телъ лъэмыжым докIри, «Лагъуэнакъэ» бгыщхьэ тафэ цIэрыIуэм дэкI гъуэгу зызышэщIам дытохьэ. Ар мэзылъэ джабэ бгъуфIэшхуэм нашэкъашэу докIуэкIри, зыплъыхьыпIэ хуей гуэрым Iохьэ. Абдеж нэгузыужьыпIэщ. Щхьэгуащэ псыхъуэр уи Iэгум илъым хуэдэу болъагъу: къуэм зыдэзыуфэбгъуа Дахэ станицэр, ныджэ телъыджэм хуэадрыщIу зыкъыщызэкъуэзых мэзылъэ бгы екIуэкIыр, абы и щIыбагъ къыдэт къуршхэр - псори нэри псэри пIэпызыхщ.

         Адрей бгыхэм йопэгэкI дзакIэ-дзакIэу зэхэт ТхьэщI Iуащхьэжьыр. А бгы уардэр Лабэ ЦIыкIурэ Щхьэгуащэрэ я зэхуаку къыдэт шытхым и нэхъ папцIапIэ дыдэхэм хабжэ. Iуащхьэм и цIэр «Тхьэ»-рэ «щIы»-уэ зэхэтщи, зэрыхуагъэфащэмкIэ, «Тхьэм ищI» мыхьэнэр къызэрыкIщ.

         Мы зи гугъу тщIы хуейм цIыхухэри, машинэхэри, шыхэри щызэхэтщ. Иужьрейхэр уанэгу ису Iэхэлъахэр къэзыплъыхьын зыфIэфIхэм папщIэ мыбдежым щаIыгъыу аращ. ЗекIуэ зэдежьахэмкIэ къедгъэзэкIыжынщи, абы ипэкIэ зэи дызыIумыплъа Лагъуэнакъэ тафэ цIэрыIуэм нэгъуэщI мыхъуми и гъунэ дыкъыIухутэным дыхуепIэщIэкIыу гъуэгу дытехьэжащ.  

Зы бгыщхьэ шытхыр адреймкIэ зэрихъуэкIыурэ, автомобиль зекIуапIэм гъэщIэгъуэну зеIуантIэ. Куэд дэмыкIыу сэмэгумкIэ зы испы унэ цIыкIу дрохьэлIэ. Илъэс мин зыбжанэ къызэзынэкIа фэеплъ хьэлэмэтыр, ди жагъуэ зэрыхъущи, теплъаджэщ. Туристхэр къезышэкI гъуэгугъуазэхэм (экскурсовод) ящыщ зым зэрыжиIам тетщIыхьмэ, апхуэдэ теплъэ абы иIэ щыхъуар «Блокпост» фильмым и пычыгъуэхэр а щIыпIэм щытраха иужькIэщ.

         Мыбдежым, Лагъуэнакъэ бгыщхьэ хъупIэхэм щыщIадзэ, километр зэбгъузэнатIэ 650-рэ къэзыубыд тафэшхуэр Къущхьэхъу хъупIэу ижь-ижьыж лъандэрэ къагъэсэбэп. Тафэ абрагъуэр зэпрызыхулыкIа къуэкIийхэр я къежьапIэщ Ищхъэрэ-КъухьэпIэ Кавказым и псыхъуэ нэхъ дахэкIейхэм ящыщу Щхьэгуащэ, Курджыпс, Пщыхьэ, ЦIыцIэ, Шахэ цIэхэр зезыхьэхэм. Иужьрейуэ къыхэдгъэщар Кавказыбгым и ипщэ лъэныкъуэмкIэщ щежэхри, къыщызэринэкI гъуэгуанэ кIыхьым щызэщIикъуа нэхъ цIыкIухэмкIэ псышхуэ щызэрыгъэхъужауэ хы ФIыцIэм холъэдэж.

         Зыкъэсщтэжынщи, гъэщIэгъуэн сщыхъуащ хъупIэ телъыджэм Кавказ шытхышхуэм и лъэныкъуитIымкIи Iэщыр къызэрыщыдахур.

Иджы «Лагъуэнакъэ» цIэм теухуауэ. Адыгэ щIыпIэцIэхэм куэд щIауэ елэжьхэми журналистхэми яхэбгъуэтэнущ бгыщхьэ тафэ цIэрыIуэм «Лэгъунэкъуэ», «Лэгъонакъ», «Лъагъуэныкъуэ», «Лагъуэ-НакIэ» фIэщыгъэхэр тезыгъэIукIахэр.

         АтIэми, дэ дызэрегупсысымкIэ, мы щIыпIэхэм зэрахьэ цIэхэм дащыхэплъэкIэ, мыбдежым адыгэхэм нэмыщI, абазэхэри убыххэри щыпсэууэ зэрыщытар къэлъытэн хуейщ. Аращ - зи гугъу тщIы щIыпIэцIэм и къежьэкIэ хъуар къызэрыдгурымыIуащэм къыхэкIыущ - хуагъэфэщахэм ящыщ зым, «Лагъуэнакъэ» псалъэм, дыкъыщIытеувыIар.

         Лагъуэнакъэ тафэм гъунэгъу ухуэзыщI асфальт гъуэгу нашэкъашэмкIэ иджыри километр зыбжанэ дрикIуэу Азыш щхьэдэхыпIэм дыщыфIэкIым, зи теплъэр дахащэ щIыпIэ гуэрым дынэсащ: Щхьэгуащэрэ Кхъужьыпсрэ (Курджыпсрэ) я зэхуаку дэт «Хы Мывэ» тхыцIэм дыкъытехутащ. Мы лъэныкъуэмкIэ бгым зыщызыплъыхьхэм я нэхъыбапIэр къыщыувыIэр мыбдежырщ. Гугъу уехьу мыбы нэс укъыщIыдэущеяри къыбгурегъаIуэ псэтыншыгъуэу щызыхэпщIэм. Дызытет тхыцIэм и щыгум ипщэ-къухьэпIэ лъэныкъуэмкIэ псыгъуэу зеукъуэдий, декIуэкI гъуэгури нэхъ захуи бгъуфIи мэхъу. Машинэр къэбгъанэу, лъэсу ущрикIуэкIэ, нэм къиплъыхьым узыIэпешэ. ИжьымкIэ лъэбакъуэ зыбжанэ фIэкIа пчыну ухуейкъым, зи щIэр умылъагъу мэзылъэ къуэладжэ куум удэукIуриену ухуеймэ!.

         Ар Кхъужьыпс и псыщхьэхэращ. ТIуащIэ щIэншэм адэкIэ къэлъагъуэ джабэ екIуэкIыр дэ езыр дыкъыщыщIидзам нэхърэ нэхъ лъагэщ икIи мэзыншэщ. Жыг гуэрэн здэплъагъуэр бгыщIэм кIэрылъ уэсхэм я лъабжьэкIэ адэ-мыдэкIэ къыщыпхив псынэ кIантIэхэр здежэх къуэкIий цIыкIухэрщ.

         АтIэми, зэрыгъэмахуэкур дигу къыщыкIыжым, дымыгъэщIэгъуэн тлъэкIакъым джабэ нэкIу щхъуантIэм адэ-мыдэкIэ хужьыпсу уэсыр къызэрыщыхэлыдыкIыр. Фэри къызэрывгурыIуагъэнщи, Кхъужьыпс адрыщIкIэ щыIэ бгыщIэ задэм и щIыбагъыр тафэщ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Къущхьэхъу хъупIэхэм ещхьу, къуэкIий-къуэкIийкIэрэ зэпрыхулыкIыжауэ. Аращ Лагъуэнакъэ хъупIэжьым и зы бгъэдыхьэпIэу къалъытэри.   

         Хуиту ущызекIуэ хъу гъуэгур абдежым щеух. АдэкIэ Хы Мывэ тхыцIэм убгъурыту удэкIуеин папщIэ хуити закъебгъэщIу, пщIэи щIэптын хуейщ. ЗэрыжаIэмкIэ, километритI къызэбнэкIыжмэ, асфальтыр щеухыпэри, гъуэгур быркъуэшыркъуэ дыдэ щохъу, зи лъащIэр лъагэу Iэта машинэхэм нэмыщI адрейхэр щыземыкIуэфу.

         Мы щIыпIэм уиту, Уэщтенэ бгыри уолъагъу. Ар Фыщт ищхъэрэкIэ щыIэщ. Дызытет Хы Мывэ тхыцIэжьым и сэмэгурабгъур зи лъагагъэм хуэдэ щымыIэу къыпщызыгъэхъу щыхупIэ задэщ.

         Пшапэ зэхэуэгъуэт. ХэщIапIэ тхуэхъун къэлъыхъуэн хуейт. А щIыпIэм жэщым жьы щIыIэ къыщепщэу жаIати, дыкъытенэну дытегушхуакъым. ИкIи ипэ гъэм дгъэунэхуа ГъуазэрыплъкIэ декIуэтэхыжащ...

                                        

КЪУМАХУЭ Аслъэн.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.