ШЫНАГЪУЭНШЭУ ЗАГЪЭПСЭХУ

Налшык къалэ и курорт щIыпIэм щыIэщ сабий санаторэ, турист базэ куэд. Абыхэм илъэс къэс къокIуэ Урысейм и щIыналъэ псоми къикI сабий минхэр. ЦIыкIухэм шынагъуэн­шэу загъэпсэхуныр къызэгъэ­пэщыныр абы ехьэлIа ми­нистерствэхэмрэ ведомствэ­хэмрэ я къалэн нэхъыщхьэхэм язщ.

«Кавказ» сабий санаторэм щрагъэкIуэкIащ «Зыгъэпсэху­гъуэ зэманыр шынагъуэншэу» акцэ. Iуэхур къызэрагъэпэщащ щIыналъэ МЧС-м и лэжьакIуэхэм, Къэрал автоинспекцэм и лIы­кIуэхэмрэ республикэм и мафIэсгъэункIыфI-къегъэлакIуэ Iэна­тIэм­рэ я лэжьакIуэхэмрэ.
ЗыгъэпсэхупIэм иубыд и щIыпIэр зыщагъасэ утыкуитхуу ягуэшат. Япэм деж къызэ­ры­мыкIуэ щытыкIэхэмкIэ ведомст­вэм и лэжьакIуэхэр сабийхэм епсэлъылIащ узыншэу псэуным, щIыуэпсым шынагъуэншэу зыщагъэпсэхуным ехьэлIа хабзэхэм теухуауэ. Апхуэдэуи ныбжьы­щIэ­хэм жраIащ мафIэсыр къэзышэ щхьэусыгъуэхэр, мафIэм уриджэгуныр зэрышынагъуэр, гузэ­вэгъуэ къэхъуамэ МЧС-р телефонкIэ къызэреджапхъэр. Сабийхэм ягу къагъэкIыжащ къы­зэрымыкIуэ щытыкIэ къэхъумэ япэу ящIэн хуейр, щагъэгъуэзащ мафIэр зэрагъэункIыфI Iэмэп­сымэхэмрэ ахэр къызэрагъэсэ­бэп щIыкIэхэмрэ.
ЕтIуанэ утыкум псыхэм цIыху­хэм я шынагъуэншагъэр къы­щызэгъэпэщынымкIэ къудамэм и инспекторхэр щытепсэлъы- хьащ  зыщагъэпскIкIэ зытетыпхъэ ­хабзэхэм икIи буклетхэр хуагуэшащ.
Къэрал автоинспекцэм и лэ­жьа­кIуэхэм сабийхэм гурагъэ­Iуащ гъуэгу, светофор дамыгъэ­хэм я мыхьэнэр, ягу къагъэкIыжащ автомашинэ щызежэ гъуэгум лъэсу, лъа­къуэрыгъажэм утесу, рулым удэсу зэрыщызекIуапхъэ мардэхэр, гулъытэншэу къагъэнакъым транс­портым и кIуэцIым зэры­зыщы­Iыгъып­хъэри. Псалъэмакъым пащэу ирагъэлъэгъуащ ДПС автомашинэр. Сабийхэм абы и Iэ­мэп­сымэхэм щыгъуазэ защIащ, макъыр ину зыгъэIур ­къа­­гъэсэбэпри, зызыгъэпсэхухэр къыхураджащ хабзэм тетыну, ­гъуэгум щысакъыну.
ЕплIанэ утыкум щызэхуэса сабийхэм жраIащ фэбжь зы­гъуэтам япэу етыпхъэ дэIэпы­къуныгъэр. Фэбжьхэр зыхуэдэнкIэ хъунум, лей зытехьам зэреплъыпхъэм щыгъуазэ ящIащ. Тре­нажерым щагъэлъэгъуащ гумрэ тхьэмбылымрэ реанимацэ зэрыщIыпхъэр, лъыр къызэрыгъэувыIэн хуейр, къупщхьэ къутам шинэ телъхьэнымрэ нэ­гъуэщI Iуэхугъуэхэу цIыхур къе­гъэ­лы­нымкIэ Iэмалхэмрэ.
Хабзэ зэрыхъуауэ, псори нэхъ дэзыхьэхащ мафIэс-къегъэла­кIуэ техникэр щагъэлъагъуэ утыкур. МафIэс-къегъэлакIуэ часть №1-м и унафэщI Ширин Станис­лав сабийхэр щыгъуазэ ищIащ автомобилым и тактико-техникэ щытыкIэм, тепсэ­лъы­хьащ зэ­фIагъэкI Iуэхухэм. Сабийхэм яфIэгъэщIэгъуэну зэпаплъы­хьащ техникэр. абыхэм уп­щIэхэр я куэдт икIи дэтхэнэми хуэфащэ жэуап яIэрыхьащ. Ап­хуэдэуи ныбжьыщIэ цIыкIухэм Iэмал иратащ мафIэс­гъэун­кIыфI­хэм я фащэр зрагъэпщэну, абы­хэм я автомашинэм и рулым дэ­тIысхьэну, уеблэмэ къэхъуа хуэдэ мафIэсыр ягъэун­кIыфIыну.
Сабийхэм дэрэжэгъуэшхуэ ­ягъуэтащ, нэхъыщхьэращи, щхьэ­пэ хъун куэдым щыгъуазэ ящIащ.

УЭРДОКЪУЭ Женя.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.