АДЫГЭ ПЩАЩЭМ И ЗЭФIЭКI ЛЪАГЭР

Мы махуэхэм ди къэралым и щIыналъэхэм щокIуэкI щIэныгъэ нэхъыщхьэ зэзыгъэгъуэта щIалэгъуалэм абы щы­хьэт техъуэ тхылъхэр (дипломхэр) щратыж гуфIэгъуэ зэIущIэхэр. Москва ­Союзхэм я Унэм ­дыгъуасэ щызэхэта апхуэдэ гуфIэгъуэ пшыхьым щагъэ­лъэпIащ Сеченовым и цIэр зезыхьэ Еза­нэ къэрал ме­дицинэ университетыр ехъулIэныгъэ лъагэхэр яIэу къэзыуха­хэр. 

Ди гуапэ зэрыхъущи, къэралым и щыхьэрым щIэныгъэ щызэзыгъэгъуэтахэм яхэтщ ди республикэм щыщ куэди. Абыхэм ящыщ зыщ зи цIэ къитIуа еджапIэ нэхъыщхьэм дохутыр IэщIагъэм щы­хуеджа адыгэ пщащэ Къумахуэ Лианэ. ЕджапIэ нэхъыщхьэр «5» защIэкIэ къэ­зыуха ди лъахэгъум диплом плъыжьым щIыгъуу къыхуагъэфэщащ «ЕхъулIэныгъэ лъагэ дыдэ зиIэ» («Преуспевающий») дыщэ ­ме­далри. Ахэр адыгэ пщащэм ­къритыжащ университетым и ректор Глыбочкэ Пётр. 
Гу лъывэдгъэтэну дыхуейт Лианэ Налшык къызэрыщалъхуар икIи республикэм и къалащхьэм и курыт еджапIэ №5-р фIы дыдэу къызэриухар. Абы иужькIэ ар щIэтIысхьащ Сеченовым и цIэр зезыхьэ Езанэ къэрал медицинэ университетым. Дохутыр IэщIагъэр къыхихынымкIэ Лиа­-нэ щапхъэ хуэхъуащ и анэ Къумахуэ (Къа­лэбатэ) Альмирэ, Москва дэт клиникэ сымаджэщ №40-м («Коммунарка») анестезиолог-реаниматологыу щылэжьар икIи коро­навирус уз зэрыцIалэм жэщ-махуэ жамыIэ ерыщу пэщIэтахэм ящыщ зыр.
Еджэныр фIы дыдэу зэфIэзыха адыгэ пщащэ цIыкIуми, щIэныгъэ нэхъыщхьэ зрагъэгъуэтарэ мурадыфIхэр зиIэу лъэ­ба­къуэщIэхэр нобэ зыч псоми дохъуэхъу я хъуэпсапIэхэр нахуапIэ хъуну, узыншагъэ, насып, дэрэжэгъуэ яIэу лъэ быдэкIэ гъащIэм хэувэну, къэралым, щалъхуа щIыналъэм яфI къызэрыкIын IуэхуфI­хэмкIэ я цIэр жыжьэ Iуну. 

 

ТАМБИЙ Линэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.

18.04.2024 - 09:03

МЕДАЛИБЛЫМ ЩЫЩУ ЩЫР ДЫЩЭУ

Бокс

17.04.2024 - 16:08

СПОРТСМЕНХЭР ЯГЪЭЛЪАПIЭ

Мэлыжьыхьым и 5 - 9-хэм Анапэ къалэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м IэпщэрыбанэмкIэ и чемпионат. Абы япэ увыпIэр къыщихьащ КъБР-м щыIэ МВД-м и гупым.