ЗЭМАНЫМ И ХАБЗЭМ ТЕТИ…

БлэкIа лIэщIыгъуэм и 70-80 гъэхэм «биоритмхэм я махуэгъэпс» щыIащ. ИнагъкIэ зэхуэмыдэ дискищыр бжыгъэ зэпыхукIахэм я хъуреягъкIэ щызекIуэрт. Ар къэзыгупсысахэм жаIэрт цIыхухэм я физическэ, зэрызыхищIэ, зэрыгупсысэ биологическэ ритмхэм я зыужьыкIэхэр къриппщытэ хъууэ. Абы папщIэ махуэгъэпсым иребгъэубыдэн хуейт укъыщалъхуа гъэр, мазэр, махуэр. Зэман дэкIри, щIэныгъэм махуэгъэпсыр лъабжьэншэу, мыхьэнэ имыIэу къилъытащ. Ауэ биоритм жыхуаIэжыр щыIэщ, абы емылъытауэ. ЦIыхум и закъуэкъым, псэ зыIут псоми яIэщ ар. ГурыIуэныгъэ щыщыIэкIэ, ар зыдж щIэныгъи щыIэщ – «хронобиологие».

XVIII – нэ лIэщIыгъуэм щIэныгъэлIхэр зэупщIыжат: «Унэм щагъэкI удз гъэгъахэм дыгъэр дапхуэдэ щIыкIэкIэ зыхащIэрэ»? Кумбыгъэхэм ит удз гъэгъахэр зэм жьэуапIэм яхьырти, махуэ бжыгъэкIэ щагъэтт, зэми дыгъапIэм хагъэувэрт, жэщми уэздыгъэ нэхур трагъапсэрт. Тхьэмпэхэм я хъеикIэхэм кIэлъыплъахэм жаIащ къэкIыгъэхэм гъащIэ циклхэр зэраIэр.

XX - нэ лIэщIыгъэм и 60 гъэхэм нэмыцэ биолог Бюннинг Эрвин «физиологиер къэзыбж сыхьэт» гурыIуэныгъэр къигупсысащ. «Физиологием и ритмхэр» абы и лэжьыгъэр пэщIэдзэ хуэхъуауэ жыпIэ хъунущ хронобиологием. Пэжщ, езы псалъэр нэхъ иужькIэщ къыщыунэхуар.

Ягъэунэхуащ цIыхухэри. Зэманым зэрыкIэлъыплъын Iэмал гуэри къыхуамыгъанэу, ахэр пэш щхьэхуэм щагъэпсэуащ. КъызэрыщIэкIамкIэ, зэманым кIэлъымыплъ цIыхухэми щыжыджэр, щыжей пIалъэр сыхьэт 24 -м къриубыдэу яIэт. Ар IэпкълъэпкъкIэ, нэгъуэщIу жыпIэмэ, биологическэ ритмкIэ зыхащIэу арат.

1977 гъэм хронобиологие гурыIуэныгъэхэм я псалъалъэ къыдигъэкIащ нэмыцэ биолог Харберг Франц. Абы лъандэрэ хронобиологием куэду зиужьащ. Германием и цIыхухэм яфIэфIу жэуап къатт хронобиологхэм интернетымкIэ зэбгырагъэх упщIэхэм. Ахэр теухуат цIыхухэр щыжеиж, къыщытэдж, щышхэ зэманхэм, махуэм и сыт хуэдэ пычыгъуэм я гукъыдэжыр нэхъ инми е нэхъ хэщIми.

Къэпщытэныгъэхэмрэ щIэупщIэ ирагъэкIуэкIахэмрэ кърикIуахэр зэпалъытыжащ щIэныгъэлIхэм. Циркадиан ритмым (биологие ритмым и лIэужьыгъуэщ) цIыхум и узыншагъэр зэрелъытар, а ритмыр тэмэму щымылажьэм и деж цIыхум и гукъыдэжми и жыджэрагъми зэрызихъуэжым къытеувыIахэщ. Уеблэмэ къэунэхуащ «хрономедицинэр». НэгъуэщIу жыпIэмэ, зэманым тещIыхьа медицинэр. ЦIыхур зэпымыууэ ешаелIамэ, и лэжьэкIэр екIэкIуамэ, жейм емызэгъмэ - зи гугъу тщIа ритмыр зэщхьэщыкIауэ аращ. Хрономедицинэм къелъытэ пщыхьэщхьэм сыхьэтих нэужьым умышхэмэ нэхъыфIу. А зэманым щегъэжьауэ шхалъэм зигъэпсэхун хуейщ. Нэхъ пасэу зи пщыхьэщхьэшхэр зэфIэзыгъэкIхэм я Iэпкълъэпкъыр нэхъ щIалэу къанэри хэлъщ абы.

 

Гугъуэт Заремэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.

27.03.2024 - 13:58

БИЙМ ЗЫ ГУПУ ПЭЩIИГЪЭУВАТ

Тхыдэдж-щIэныгъэлI Сокъур Валерэ «Кърым зауэр къэзыхьа ХьэтIохъущокъуэ и къуэ Кургъуокъуэ - пщыхэм я Iумахуэт» зыфIища и тхыгъэм къызэрыхэщу, зи ныбжьыр илъэс 27-рэ фIэкIа мыхъуа Къаплъэн-Джэрий, I

27.03.2024 - 12:25

ДУНЕЙПСО ЗЭХЬЭЗЭХУЭР Я ПЛЪАПIЭУ

Мэзкуу областым и Рузэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондо лIэужьыгъуэмкIэ (ВТФ) Урысейм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ ныбжьыщIэхэм, хъыджэбзхэмрэ щIалэхэмрэ я зэхьэзэх

27.03.2024 - 09:03

СИ ЖЭНЭТ

(ГъащIэ теплъэгъуэ)