|
НЭГЪАПЛЪЭ АСКЭРБИЙ И ЛЭЖЬЫГЪЭЩIЭ
30 июня, 2022 - 12:03
Нэхъ пасэу и гугъу фхуэтщIауэ щытащ Абхъаз республикэм щыщ Джапуа Батал и проекткIэ пасэрей адыгэ-абхъаз кхъухь зэфIагъэувэжауэ зэрыщытам. Хъыбар щыIэщ адыгэхэм я щэнхабзэм теухуауэ документальнэ фильм зыбжанэ зыгъэува Нэгъаплъэ Аскэрбий ар и лэжьыгъэщIэм хигъэхьауэ.
Абхъаз щIыналъэм хыхьэ Рицэ гуэлым щытрех Нэгъаплъэм и иджырей фильмыр. Адыгэхэм я дзэ хуэIухуэщIэхэр, уэркъ щэнхабзэр Урысейм щыпсэу цIыхубэм я нэгу къыщIигъэхьэн щхьэкIэ зэлэжь иджырей теплъэгъуэми хэтынущ КъБР-м фIыуэ къыщацIыху тхыдэдж Мэрзей Аслъэнбэч.
Ди адэжьхэм кхъухь зэрахуэу икIи ящIу зэрыщытам теухуа хъыбар куэд къыхощыж тхыдэм.
«Адыгэхэр кхъухь 24-м ису къакIуэхэри, миль 300-кIэ хы Iуфэм Iут псори зэтрагъэсхьащ, - етхыж Венецием щыщ лIыкIуэ Винченцэ ди Алессандро I572 гъэм. – Хьэпшыпхэри унэхэм щIэлъа псори зэщIакъуащ. Иджы псори мэшынэ абыхэм къагъэзэжынкIэ».
Мы жыIэгъуэм къыхощ урысыбзэкIэ «пират» жыхуаIэ хытет хъунщIакIуэхэм я хуэмэбжьэмэ адыгэхэми къазэрыщIихуар. Ауэ ар нобэ къызэрытщыхъум хуэдэу, щIэпхъаджагъэ зэфэзэщу къалъытэртэкъым.
«Пират Iуэхур Кавказ Ищхъэрэм щыщ зауэлIхэм я закъуэтэкъым зи хабзэр, - етхыж Мэрзей Аслъэнбэч. – Хым пэгъунэгъуу псэуа лъэпкъ псоми яIащ ар. Хытет хъунщIакIуэхэр зытеуэр я лъэпкъым къебий къэралхэм я кхъухьхэрт, езыхэм ящыщ къыщхьэщыжакIуэ зимыIэхэрт. Гу лъытапхъэщ Испанием, Франджым хуэдэ къэралышхуэхэм пиратхэр бийхэм зэрезауэ Iэмалхэм хабжэу зэрыщытам».
«Абыхэм (адыгэ-абхъазхэм) яIэщ цIыху 25-рэ зэрыхуэ кхъухь бгъузэ кIыхьхэр», - итхыжырт Страбон. Джапуа Батал тхыдэ тхылъхэр къигъэщхьэпэурэ зэфIигъэувэжа апхуэдэ адыгэ-абхъаз кхъухьыр Нэгъаплъэм и фильмыщIэм щытлъагъуну Iэмал диIэнущ.
ЧЭРИМ Марианнэ.
|
11.09.2024 - 09:18 Налшык къалэм дэт «ДыгъафIэ къалэ» творчествэмкIэ сабий академием Урысей Федерацэм и Президентым и лIыкIуэу КИФЩI-м щыIэ Чайкэ Юрий и жэрдэмкIэ иджыблагъэ къыщызэIуахащ иджырей робототехникэм и щэх |
|
11.09.2024 - 09:16 КъБР-м и Правительствэм и гупэм къит ЗэгурыIуэныгъэм и утыкум махуитIым къриубыдэу - фокIадэм и 7-м къыщыщIэдзауэ и 8 пщIондэ щекIуэкIащ цIыхухэм фIыуэ ялъэгъуауэ гъэ къэс зыпэплъэ, удз гъэгъахэм |
|
11.09.2024 - 09:15 Къэбэрдей-Балъкъэрыр къызэрыунэхурэ илъэси 100 зэрырикъум и щIыхькIэ щыIэ галереем къыщызэIуахащ «Дахагъэр зи псэм хэлъхэр» гъэлъэгъуэныгъэ гъэщIэгъуэныр. |
|
11.09.2024 - 09:14 Дахэм, фIым, гумащIагъэм къыхуигъэщIа хуэдэщ Черкесск къалэм гъуазджэмкIэ езым и студие къыщызэIузыха, егъэджакIуэ, гъэсакIуэ Абыдэ Iэсият. |
|
10.09.2024 - 15:02 «Кавказ.РФ» зыужьыныгъэмкIэ институтым къызэритамкIэ, пхъэщхьэмыщхьэм щелэжь «Каббалкрастениеводство» IуэхущIапIэм мыIэрысэу тонн мини 7 зыщIэхуэ хъумапIэ иджыблагъэ къыщызэIуахащ. |
|