ЗИ КЪАЛЭНЫМ ЕКIУУ ПЭЛЪЭЩ IУЭХУТХЬЭБЗАЩIЭ

«Нэхэр – псэм и гъуджэщ», - жаIэгъащ гупсысакIуэшхуэхэм. Сэ хуабжьу сатхьэкъуащ Руслан и нэхэм, - щитхащ сурэтыщI цIэрыIуэ Шемякин-Къардэн Михаил «Црым Руслан» тхылъым и пэублэ  псалъэм. – ГъащIэ мытыншым и гъуэгу гугъусыгъухэм и лъагъуэ щыпхызышауэ зи закъуэу пхыкI цIыху къабзэм, губзыгъэм и нэхэм. Сэ хьэкъыу си фIэщ мэхъу «Сурэтхэр - сурэтыщIым и псэщ» жызыIа философхэм а я псалъэхэр». 
Апхуэдэ псалъэ гуапэ куэд цIыху цIэрыIуэхэм хужаIащ Црым Руслан. Нэхъыбэж хущIэкъуа къыщIэкIынщ сурэтыщIым и псэм зэригъэзахуэр къащIэну. Црымым и лэжьыгъэхэм я куупIэм сызэрыщымыгъуазэм, ауэ сытым дежи абыхэм ящIэлъ гупсысэр зэрысфIэгъэщIэгъуэным къыхэкIыу,  сэри си гуапэт Руслан сепсэлъылIэну, узыгъэпIейтей, узыгъэгупсысэ IэдакъэщIэкIхэм я щэхур, ахэр къызыпкърыкI псэр тIэкIу нэхъ мыхъуми къызгурыIуэн папщIэ. Црымым и лэжьапIэм сызэрыкIуари апхуэдэ мурад сиIэут. АрщхьэкIэ, сурэтыщIыр икIи философ гъэщIэгъуэныр зытепсэлъыхьын зэрыгъунэжым (е и гуащIэм тегъэщIауэ куэд жиIэну зэрыфIэмыфIым) къыхэкIыу,   ди зэпсалъэр нэгъуэщIым теухуа хъуащ. 
 
Псоми я лъабжьэр бзэрщ
- УкъызыхэкIа лъэпкъым и бзэрщ псоми я лъабжьэр. Ар щымыIэмэ, адрей псори таурыхъщ, - къыщIидзащ Руслан.
Тыркум щыпсэу ди лъэпкъэгъу Бер Хьикмэт и «Адыгэбзэ макъыбзэ» тхылъыр илъэс зыбжанэ ипэкIэ къыIэрыхьа иужь, и гупсысэкIэм къызэрытехуэм гу лъитат.
- Мыбы гъэщIэгъуэну хэлъыр Хьикмэт бзэм зэрыбгъэдыхьэрщ, - жеIэ Руслан. - Абы адыгэбзэр макъыбзэу къелъытэ, алфавитым хэт макъ къэсыхункIэ мыхьэнэ гуэр яIэу зэрыщытымкIэ ди бзэр адрейхэм къащхьэщегъэкI. «НэгъуэщIыбзэхэм псалъэращ мыхьэнэ щызиIэр, макъым иIэ мыхьэнэм и лъабжьэр кIуэдащ», - жеIэ Хьикмэт. Бзэм ирилажьэхэр псалъэм къикIым теухуауэщ зэрыгупсысэр. Хьикмэт макъым къикIращ и гупсысэр зытеухуар. А тIур зыкъым. Мыр лъабжьэжьщ, модрейхэм лъабжьэ яIэжкъым. 
Сыт хуэдэ Iуэхугъуэри фIыуэ зэпкърызыхыф Берым бзэм и  философиер къыгурыIуэ къудейкъым, ар убзыхуауэ утыку кърехьэф. Пэжщ, мы лэжьыгъэм ныкъусаныгъэ гуэри иIэкъым жыпIэ хъунукъым. Зы цIыху  акъылрэ зэфIэкIкIэ апхуэдэ Iуэху куу къепхьэжьэу и кIэм нэбгъэсыну тыншкъым. Ауэ Хьикмэт иригъэжьа Iуэхум щIэныгъэлIхэр, бзэр фIыуэ зылъагъу цIыху куэд телэжьэну къыщIэкIынщ. Сэ къызэрысфIэщIымкIэ, Бер Хьикмэт и фIыгъэкIэ къэунэхуащ бзэр джыным зэрыбгъэдыхьэ лъэныкъуэщIэ.
 
Зэчийр зыми есхьэлIэркъым
Ди хэкуэгъу дирижер цIэрыIуэ Темыркъан Юрэ и интервьюхэм ящыщ зым («Московский комсомолец» газет, 2008 гъэм бадзэуэгъуэм и 23-м) мыпхуэдэу щыжиIащ: «Сэ зэчий збгъэдэлъымкIэ Урысейм сыкъыщамылъхуам сыт хъунт?!» Ар къызэрыщыхъуамкIэ сыщеупщIым,  Црым Руслан жиIащ:  
- Сэ талантыр къэралми, лъэпкъми, политикэми, уеблэмэ укъэзыухъуреихь Iуэхугъуэхэми есхьэлIэркъым. ЦIыху къэс  зыгуэр къыдалъхури, талантыр уиIэмэ уиIэщ. АтIэми, гъуазджэр щIыпIэ Iэхуитлъэхуиту, «хы» щхьэхуэу къызолъытэ. А хым ухыхьэнкIэ хъунущ, ауэ щIэныгъэ уиIэми, «бжэр»  умыгъуэту къэбжыхьурэ улIэжынри зыхуэIуа щыIэкъым. Ухыхьа хъуа иужькIэ, абы и кIуэцIкIэ щыIэ дунейм, щыIэгъуэхэм репортаж къипщIыкI хуэдэу аращ.  
Темыркъан Юрэ зэрыталантышхуэм, музыкэм и хым зэрыхэтым шэч къытепхьэ хъунукъым. Мыбдежым къуаншэр интервью къезыIыхарауэ къыщIэкIынщ. НэхъыфIт жимыIамэ, ауэ, минрэ мыхъумыщIэу ятхами, Юрэ и псалъэхэм зыгуэр тежыпIыхьыжыну, си щхьэкIэ къезгъэкIуркъым. Япэрауэ, шынэхъыжьщ, етIуанэрауэ, гъуазджэм Темыркъаным хилъхьа гуащIэмрэ лIыгъэмрэ апхуэдэ IуэхукIэ утепсэлъыхьыну емыкIущ.  
 
Экстрасенс Iуэхугъуэ, хьэмэрэ?..
- Сызэпсалъэ цIыхур гъуазджэм и хым хэтрэ хэмытрэ къэсщIэну си дежкIэ гугъукъым, - къыхегъэщ Руслан. 
Абы сигу къигъэкIыжащ Црымым щхьэкIэ зыгуэрым «ар экстрасенсщ, зыкъыдимыгъащIэ щхьэкIэ», жиIауэ зэрыщытар. Абы и гугъу щыхуэсщIым, Руслан къыпыгуфIыкIащ: 
- Ар IэщIагъэми елъытащ. Псалъэм папщIэ, зыгуэрым и сурэт сощI. Сыт сурэтыр зищIысыр? А дакъикъэм цIыхум зэрызыкъуигъэлъэгъуну хуейра? Зэрыщыт дыдэра? Куэдрэ къохъу уэ узэреплъымрэ цIыхум зэрызыкъуигъэлъэгъуну хуеймрэ щызэтемыхуэ. ЦIыхум и пкъым, и лъым, я купщIэр, и гупсысэкIэр, дунейр зэрызыхищIэр, напIэзыпIэ пыухыкIам абы и щытыкIэр къапщтэрэ уи гупсысэхэмкIэ а псори къызэщIэпкъуэжым - мис аращ сурэтыр. НэгъуэщIу жыпIэмэ, маскэ гуэру, лъагъуныгъэ Iуэхуу аращ.
Иужьрей «лъагъун-ыгъэ» псалъэм къотэджыкI адэкIэ Руслан и гупсысэхэр. Щапхъэу къещтэ дунейм щытепщэ дин зызыужьахэм я лъабжьэ «вера» «надежда», «любовь» («фIэщхъуныгъэ», «гугъэ», «лъагъуныгъэ») псалъэхэр. 
- Мыбыхэм  урысыбзэкIэ къикIымрэ  адыгэбзэм щаIэ мыхьэнэмрэ зыкIи зэтехуэркъым. Псалъэм папщIэ, «надежда» жиIэмэ «гугъэ» къикIыу  аращ. Ауэ адыгэбзэм деж щеплъыт. «Гу» ухъун хуейуэ, «гу – гъэм» уихьэн хуейуэ къегъэлъагъуэ. Адыгэхэр зэрыгупсысэр «гукIэщи», ар тепщэ мэхъу. «ФIэщхъуныгъэу» къыдгурыIуэ «верэри»,  «лъагъуныгъэр» зыхэтлъагъуэ «любоври» япэжыжьэщ адыгэбзэ псалъэхэм.
Апхуэдэ унэтIыкIэ зиIэ бзэкIэ ущыгупсысэм деж плъагъури нэгъуэщI зыгуэрщ, дунейр къызэрыбгурыIуэри адрейхэм  къащхьэщыкIыущ, - жеIэ Руслан. - Гъуазджэр абы тету щыбухуэкIэ, уэ уи нэгум щIэтымрэ апхуэдэу мыгупсысэ цIыхум илъагъумрэ зэтехуэркъым. «Мыбы сурэт хуэщIыркъым, псори зэкIэщIэшауэ къегъэлъагъуэ», къызэрысхужаIэри нэхъыбэу къызыхэкIыр аращ.  
Бзэм илъэс мин дапщэ къикIуами зыми ищIэркъым. Ар код щIыкIэу къытIурилъхьауэ, ар зэпкърихыурэ лъэпкъыр къэгъуэгурыкIуэу хуегъэфащэ Руслан. 
- Тыркум дыщыкIуам щыгъуэ Думэныщ Iэулэдинрэ сэрэ а къэралым и къалэ музейхэр щIэтпщытыкIащ хьэтхэм я дунеймрэ я щэнхабзэмрэ теухуауэ сыт къэтлъэгъун жыхуэтIэу. ГъэщIэгъуэн дыдэщ гу зылъыттари. Тепщэныгъи залымыгъи зыхэмылъ, цIыхугъэм, тхьагъэм, гъащIэм и IэфIагъым теухуа хьэтхэм я щэнхабзэм я дунейр музейм и зы пэшым къыщIэбнэу, адрейм ущыщIэбакъуэкIэ, адрейм щIэлъ «зэрыукIыр», «гъэпщылIыныгъэр», «лъыгъажэр» уи нэм къыIуедзэ.    
Мис а Iуэхугъуэр гъэщIэгъуэну ди дежкIэ къызэIуха зэрыхъуам хуэдэ дыдэу, Хьикмэт и лэжьыгъэмкIэ наIуэ тщещI адыгэбзэм къикIымрэ  къызэрыдгъэсэбэп щIыкIэмрэ зэпэIэщIэ хъууэ къызэрекIуэкIыр. 
 
Художникыр зэлэжьыр, и мурадхэр
ЩыIэщ уи Iэр илъэс бжыгъэкIэ зыхунэмыс, нэгъуэщI зыгуэрхэр  къытрихьэурэ IэщIыбу къанэ Iуэхухэр. Ауэ, зэ мыхъуми зэ ахэр къапщтэмэ, уи гум гупсэхугъуэ егъуэтыж, лэжьыгъэр тIуащIэу гъэбэгъуауэ нэхъ IэфI пщохъу. Апхуэдэу къыщIэкIынщ зэлэжьхэмкIэ сыщеупщIым Руслан зи гугъу къысхуищIахэр. 
Хабзэ зэрыхуэхъуам тету, Црым Руслан илъэситхум зэ выставкэшхуэ ещI. СурэтыщIым къызэрилъытэмкIэ, а зэманым къриубыдэм уи ныбжьэгъухэм, укъэзыцIыхухэм, уи творчествэм дихьэххэм яфIэгъэщIэгъуэнын гъэлъэгъуэныгъэ щIэщыгъуэ зэщIэбгъэуIуэн плъокI. Абыхэм я зэхуакум къриубыдэу зыгуэрхэр къыкъуэкIмэ, абыхэми хэтщ Руслан и гуапэу, ауэ ахэр апхуэдэу Iуэхушхуэу къилъытэркъым. 
- Сэ нэгъуэщI щIыпIэ сыкIуэу выставкэ сщIарэт жысIэу сегупсысыжыххэркъым, ар икIи сфIэгъэщIэгъуэныжкъым, - жеIэ Црымым. – Иджыри къэс си гуащIэр дуней псом щекIуэкI Iуэхугъуэхэм теухуауэ щытамэ, иджы си плъапIэр сыщыпсэу хэкум, сызей лъэпкъым, сIурылъ бзэм я дежкIэ гъэза хъуащ, сфIэгъэщIэгъуэнри сыдэзыхьэхри ахэращ. НэгъуэщI щIыпIэ выставкэшхуэ щыщIын хуейуэ къыкъуэкIмэ, хьэуэ къыхэзгъэкIынукъым, ауэ апхуэдэ хъуэпсапIэ сиIэкъым. Апхуэдэу сэ зэи сыхущIэкъуакъым нэгъуэщI щIыпIэ сыщыпсэуну, нэгъуэщI зыгуэрхэм ягу зризгъэхьыну. Злэжь псори зэпхари, фIы зыхуэсщIэну сыхуейри мы щIыпIэращ, адыгэращ. Сэ мыбдежым адыгэ сыщымыхъумэ, нэгъуэщIхэр  къысхуеину си фIэщ хъуркъым. 
 
Хэт уи гъукIэгъэсэн?
- Зыгуэр згъэсарэт жысIэу щыткъым, ауэ си гупсысэри, IэщIагъэри, щIэныгъэри зэи згъэпщкIуакъым. Хэт ахэр фIэгъэщIэгъуэнми, сыдэгуашэу къокIуэкIри, зыгуэрым къищтэрэ къигъэсэбэпмэ, хъарзынэщ. КъимыдэкIэ, гъукIэгъэсэну зызыбжыжынур зыгуэрым зыгуэр къыхэзыхауэ ар зыщIэжращ, армыхъуам «сэ мыр згъэсат», «мыр жесIат» жыпIэныр къезэгъыркъым. Езым зыгуэр къыппихарэ ар жиIэмэ фIыщ, жимыIэми и хьэлэлщ. 
Къыхэзгъэщыну сыхуейт Хьикмэт и зы гупсысэ. Абы зэритхымкIэ, тхьэбзэр пщIэуэ ущыхъум деж Iуэху-тхьэбзи блэжьу ухуожьэри, IуэхутхьэбзащIэ уохъу. Абы хыболъагъуэ сэ сызэрыIуэхутхьэбзащIэр. АтIэ IуэхутхьэбзащIэм гукъыдэж зэримыIэр е нэгъуэщI щхьэусыгъуэ тегъэщIапIэ ищI хъуну?
ИСТЭПАН Залинэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

23.04.2024 - 10:01

КОМПЬЮТЕР ЩIЭПХЪАДЖАЩIЭХЭМ ЩАХЪУМЭ

21-нэ лIэщIыгъуэм зыужьыныгъэщIэхэр къытхуихьащ, абы къыдэкIуэуи, псом хуэмыдэу ныбжьыщIэхэр зыщыхъумапхъэ Iуэхугъуэхэри ди гъащIэм къыхихьащ.

23.04.2024 - 09:03

ЕКIУУ ЗЫКЪЫЩАГЪЭЛЪАГЪУЭ

Орёл къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Урысейм каратэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.

23.04.2024 - 09:03

КЪЭЗАН КАРАТЭМКIЭ КЪЫЩЫХОЖАНЫКI

Къэзан къалэм и «АкБарс» спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ «Кубок АкБарс»-р каратэмкIэ къэхьыным хуэунэтIа дунейпсо зэхьэзэхуэ.

23.04.2024 - 08:21

ДОТТУЕВ АХЪМЭТ ЯГУ КЪАГЪЭКIЫЖ

Боксер цIэрыIуэу щыта, дунейпсо зэхьэзэхуэхэм пашэныгъэр къыщызыхьа Доттуев Ахъмэт и фэеплъ урысейпсо зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Тырныауз къалэм щекIуэкIащ.

22.04.2024 - 16:54

ЗЭХУЭСЫШХУЭМ ЗЫХУАГЪЭХЬЭЗЫР

Экономикэ