БИЦУ КЪАНТЕМЫР И ТЕКIУЭНЫГЪЭ

Калугэ къалэм дэт «Центральный» спортым и уардэунэм щекIуэкIащ тхэквондомкIэ урысейпсо XI спартакиадэм и кIэух зэIущIэхэр. Абы хэтащ къэралым и щIыналъэ 44-м щызэхэта зэпеуэхэм щытекIуа спортсмен 300-м нэблагъэ. 

Зи хьэлъагъыр килограмм 45-м нэблагъэхэм я гупым щригъэкIуэкIа зэIущIищми шэч къызытумыхьэн текIуэныгъэхэр къыщызыхьа ди лъэпкъэгъу Бицу Къантемыр зэхьэзэхуэм и дыщэ медалыр зыIэригъэхьащ. 
КIэблахъуэ Рузанэ (кг 59-рэ), Ахъмэтхэ Дамиррэ (кг 59-рэ) Борисрэ (кг 78-рэ) спартакиадэм и домбеякъ медалхэр къахьащ. 
Гуп зэпеухэм Бекъул Миланэ, КIэблахъуэ Рузанэ, Ахъмэт Дамир, Щокъуий Ислъам сымэ зыхэта Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэ къыхэхар жыджэру япэщIэтащ Урысейм и спорсмен цIэрыIуэ куэдым икIи ещанэ увыпIэр яубыдащ. 
Ди спортсменхэр ягъэхьэзыращ Ахъмэт Амиррэ БжэныкIэ Резуанрэ. 
 

Къэхъун Бэч.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.

23.04.2024 - 10:01

КОМПЬЮТЕР ЩIЭПХЪАДЖАЩIЭХЭМ ЩАХЪУМЭ

21-нэ лIэщIыгъуэм зыужьыныгъэщIэхэр къытхуихьащ, абы къыдэкIуэуи, псом хуэмыдэу ныбжьыщIэхэр зыщыхъумапхъэ Iуэхугъуэхэри ди гъащIэм къыхихьащ.

23.04.2024 - 09:03

ЕКIУУ ЗЫКЪЫЩАГЪЭЛЪАГЪУЭ

Орёл къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Урысейм каратэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.