САБИЙМИ АНЭМИ ЯДЭIЭПЫКЪУАЩ

ГИБДД-м и инспекторхэм медицинэ IуэхущIапIэм и чэзум нагъэсащ дэIэпыкъуэгъу хуэныкъуэхэр - илъэситI хъу сабиймрэ цIыхубз уэндэгъумрэ. Абы папщIэ фIыщIэ хуащI гъуэгу-плъыр къулыкъум и лэжьакIуэхэм. 
Старэ Шэрэдж къуажэм къалэныр щезыхьэкI автоинспекторхэм захуигъэзащ гъуэгум тет шофер пIейтейм, сабий сымаджэщым нэхъ псынщIэу нэсынымкIэ къадэIэпыкъуну елъэIуу. ЩIалэм илъэситI хъу и къуэ цIыкIум лъы фIэкIуэдырти, икIэщIыпIэкIэ дохутыр дэIэпыкъуэгъу хуейт. Сабийм и щытыкIэр кIуэ пэтми екIакIуэрт. 
Полицэм и лейтенант нэхъыжь Пщынокъуэ Ислъамрэ полицэм и лейтенант ХьэцIыкIу Маратрэ адэ-анэмрэ я къуэ цIыкIумрэ сабий клиникэ сымаджэщым нэгъэсыным елIэлIащ. Дохутырхэр и чэзум къадэIэпыкъуащ. Иджы Асхъат цIыкIу и гъащIэмрэ узыншагъэмрэ тэмэмщ. 
«ФIыщIэ яхудощI инспекторхэм зэрызыкъытщIагъэкъуам папщIэ. Я IэщIагъэм зэрыхуэIэижьым, я гуапагъэмрэ цIыхугъэмрэ папщIэ», - къатхащ щIалэ цIыкIум и адэ-анэм. 
Апхуэдэ Iуэху къыщыхъуащ республикэм и Шэджэм районми. Полицэм и лейтенант нэхъыжьхэу Сындыку Наурбэчрэ Жансуев Азэмэтрэ закъыхуигъэзащ щIыпIэм щыпсэум. ЦIыхухъум зэрыжиIамкIэ, лъхуапIэм кIуэуэ Шэджэм къалэм гъуэгу здытетым, сабийр дунейм къытехьэну зыкъригъащIэ хъуат и щхьэгъусэм. 
Полицейхэм унагъуэр псынщIэу Перинатальнэ центрым нагъэсащ. Куэд дэмыкIыу дунейм къытехьащ сабий узыншэ цIыкIу. 
«КъыддэIэпыкъури ахэр зынщIэу IукIыжахэщ. ФIыщIэшхуэ яхудощI къызэрыддэIэпыкъуам папщIэ», - къатхащ зэщхьэгъусэхэм.
Езы полицейхэм жаIэ сыт щыгъуи цIыхухэм ядэIэпыкъуну зэрыхьэзырыр. 

Зыгъэхьэзырар Уэрдокъуэ Женящ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

17.01.2026 - 09:03

Сабийхэр ягъэгуфIэ

Звёзднэ поселкэм щыIэ Урысей гвардием и дзэ частым къулы­къур щезыхьэкIхэр щыIащ республикэм и Сабий унэм.

16.01.2026 - 09:26

Пэжыр цIыхубэм лъагъэIэс

КъБР-м и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм и правленэм и япэ зэIущIэр вэсэмахуэ екIуэкIащ. Абы и уна­фэщI Жыласэ Заурбэч жи­Iащ илъэсым Iуэ­ху гуапэкIэ зэрыпежьар.

16.01.2026 - 09:23

АХЪМЭТ Амир: ЦIыхум уи сэбэп екIынырщ нэхъыщхьэр

Кэнжэ къуажэм дэт «Пять колец» спорт академием Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондомкIэ (ВТФ) и гъэсэнхэм дунейпсо, урысейпсо утыкухэм нэгъабэ къыщагъэлъэгъуа ехъулIэныгъэхэм хуэдиз нэгъуэщI лIэужьыгъуэк

15.01.2026 - 08:57

БлэкIамрэ нобэмрэ зэпызыщIэ

Бахъсэн районым хыхьэ Жанхъуэтекъуэ къуажэм и курыт еджапIэм къыщызэIуахащ адыгэхэмрэ балъкъэрхэмрэ къагъэсэбэпу щыта пасэрей хьэпшыпхэм я музей. 

15.01.2026 - 08:56

КIуэ пэтми нэхъыбэ дехьэх

2025 гъэм и иужьрей махуэхэм «Шайбу, шайбу!» фIэщыгъэр зэрихьэу Налшык къалэм и «Налшык-Аренэ» IэрыщI мыл зэрылъ уардэунэм хоккеймкIэ зэхьэзэхуэ щекIуэкIащ.