|
ТЕКIУЭНЫГЪЭМ ХЭЛЪХЬЭНЫГЪЭШХУЭ ХУАЩI
28 июня, 2022 - 06:34
Грознэ къалэм щекIуэкIащ IэпщэрызауэмкIэ Урысей Федерацэм и МЧС-м и чемпионат. Абы хэтащ федеральнэ щIыналъэхэм я командэ къыхэхахэр. УФ-м и МЧС-м КъБР-м щиIэ управленэ нэхъыщхьэм и пресс-IэнатIэм хъыбар къызэрыдигъэщIамкIэ, Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм и гуп нэхъыщхьэм хэту зэхьэзэхуэм щызэуащ ЖапIу Алберд, Тхьэкъуахъуэ Ильяс, Къущхьэ Елдар, Iэюб Залым сымэ.
Чемпионатым и хабзэхэм къызэригъэувымкIэ, зэхьэзэхуэхэр олимп щIыкIэм тету, зэ къыхагъащIэр адэкIэ хэкIыу, екIуэкIащ. Спортсменхэм зэпэщIэнытыгъэ гуащIэхэр, текIуэныгъэм зэрыхущIэкъур, тактикэ гупсысэкIэ зэраIэр къагъэлъэгъуащ.
Зи хьэлъагъыр килограмм 70-м нэблагъэхэм я зэпеуэм техникэфI дыдэ къыщигъэлъэгъуащ икIи и хьэрхуэрэгъухэм ефIэкIри дыщэ медалыр зыIэригъэхьащ ЖапIу Алберд. Тхьэкъуахъуэ Ильяс килограмм 75-м нэблагъэ зи хьэлъагъхэм я зэпэщIэтыныгъэм ещанэ щыхъуащ.
Къыхэдгъэщынщи, Алберд Iэпщэрызауэмрэ армэ IэпщэрызауэмкIэрэ спортым и мастерщ, армэ IэпщэрызауэмкIэ Урысейм и чемпионщ, зыбжанэрэ щытекIуащ икIи къыщыхэжаныкIащ урысейпсо чемпионатхэмрэ зэхьэзэхуэхэмрэ. Ильяс бэнэкIэ хуитымкIэ спортым и мастерым и кандидатщ, къэралпсо, щIыналъэ чемпионатхэмрэ зэхьэзэхуэхэмрэ щытекIуащ икIи медаль зэмылIэужьыгъуэхэр къыщихьащ.
Чемпионатым къыщагъэлъэгъуа зэфIэкIхэм япкъ иткIэ гуп зэпеуэм пашэныгъэр щаубыдащ Кавказ Ищхъэрэм и цIэкIэ зэуа Урысейм и МЧС-м и лэжьакIуэхэм. Дыжьынымрэ домбеякъымрэ къалъысащ Сыбыр, Урал федеральнэ щIыналъэхэм я командэ къыхэхахэм.
ТекIуахэмрэ къыхэжаныкIахэмрэ ягъэпэжащ кубокхэмкIэ, медалхэмкIэ, щIыхь тхылъхэмрэ фэеплъ саугъэтхэмкIэрэ.
Шэшэным и къалащхьэм щекIуэкIа зэхьэзэхуэм и къалэн нэхъыщхьэу щытащ Урысей и МЧС-м и къегъэлакIуэхэм я физическэ гъэхьэзырыныгъэр егъэфIэкIуэнымрэ цIыхубэм я деж гъащIэ узыншэм зыщегъэужьынымрэ.
КъэралкIуэцIыдзэхэм я капитан ЖапIу Албердрэ лейтенант нэхъыжь Тхьэкъуахъуэ Ильясрэ я къулыкъур щрахьэкI Прохладнэ къалэм дэт мафIэсгъэукIыфI-къегъэлакIуэ №4-м.
Мэзкуу Къан.
|
12.08.2022 - 10:43 Фэеплъ
|
|
11.08.2022 - 16:54 Дызэрыщыгъуазэщи, ди республикэм и щIыналъэр зыхуэзэр Кавказ Шытх Нэхъыщхьэм ищхъэрэкIэ гъэза и джабэщIхэмрэ абыхэм я лъабжьэжкIэ щыIэ губгъуэхэмрэ я курыхырщ. |
|
11.08.2022 - 13:22 Аруан щIыналъэм хыхьэ Аруан (Мысостей) къуажэм дэт ЩэнхабзэмкIэ унэр щаухуар 1970 гъэрщ. |
|
11.08.2022 - 09:51 Урысей ФСИН-м и Управленэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэм хыхьэ колоние №5-м щоужьэрэкI гъавэр, хадэхэкI пасэхэр Iухыжынымрэ ахэр щIымахуэм хуэгъэтIылъынымрэ пыщIа лэжьыгъэхэм.
|
|
10.08.2022 - 17:25 Нобэ, шыщхьэуIум и 9-р, кыщалъхуа махуэщ самбэмкIэ дунейми Европэми я чемпион, Урысей Федерацэм спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастер Уэзы Мурат. |
|