|
ЩIАЛЭГЪУАЛЭР НАРКОТИКЫМ ПЭIЭЩIЭ ЗЭРЫЩАЩIЫНЫМ ИРОПIЕЙТЕЙ
27 июня, 2022 - 06:35
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек иригъэкIуэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым Наркотикым пэщIэтынымкIэ и комиссэм и зэIущIэ. Абы хэтащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ, КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий, УФ-м и Президентым Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щиIэ полномочнэ лIыкIуэм и Аппаратым КъБР-мкIэ и федеральнэ инспектор Васильченкэ Дмитрий, республикэм и министрхэр, щIыналъэ администрацэхэм я Iэтащхьэхэр, хабзэхъумэ IэнатIэхэм я унафэщIхэр.
ЗэIущIэм и лэжьыгъэр сыхьэт 12-рэ дакъикъэ 15-м къызэтригъэувыIащ КIуэкIуэ Казбек икIи абы кърихьэлIа псори хэтащ а махуэм, мэкъуауэгъуэм и 22-м, къыхузэрагъэпэща къэралпсо щыгъуэ дакъикъэм. Дызэрыщыгъуазэщи, Щыгъуэмрэ фэеплъымрэ я махуэу ягъэувауэ Хэку зауэшхуэр щыщIидзарщ ар. Фигу къэдгъэкIыжынщи, урысейпсо щыгъуэ дакъикъэр гъэ къэс мэкъуауэгъуэм и 22-м егъэкIуэкIын зэрыхуейм теухуа унафэм УФ-м и Президент Путин Владимир Iэ тридзауэ щытащ 2020 гъэм. А дакъикъэм хэтащ Урысей Федерацэм щыпсэу псори, я лэжьыгъэр къызэтрагъэувыIэу, уеблэмэ радиоми телевиденэми нэтынхэр зэпагъэууэ.
Комиссэм хэтхэр нэхъыбэу зытепсэлъыхьар щIалэгъуалэр наркотикым демыгъэхьэхы-нырщ, абы нэхъри пэIэщIэ щIынырщ. ЗэIущIэм щыIуащ зэпхьэлIэну хуит ямыщIа пкъыгъуэхэр зэбгрыгъэкIыным иджырей технологие Iэмалхэри къы-зэрыщагъэсэбэпым. Апхуэдэхэщ интернет-тыкуэнхэр, «электрон бохъшэхэр», зэIэпызыххэр зэримыхьэлIэу сату зэращI щIыкIэ-хэр. Республикэм и Iэтащхьэм и къэпсэлъэныгъэм къыхигъэщащ наркотикхэр хабзэм къемызэгъыу зэрызэрагъакIуэм епха щIэпхъаджагъэу щIыналъэм къыщыщIагъэщхэм я бжыгъэм зэрыхэхъуэр. Абы къыдэкIуэу жиIащ оперативно-къэлъыхъуэныгъэ лэжьыгъэми профилактикэ мыхьэнэ зиIэ Iуэхугъуэхэми адэкIэ зегъэужьын зэрыхуейр.
Къэбэрдей-Балъкъэрым къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и министр Павлов Василий зэхуэсым щыжиIа хъыбарым тепщIыхьмэ, илъэс блэкIам къриубыдэу наркотикхэр, зэпхьэлIэну узыхуимыт пкъыгъуэ зэмылIэужьыгъуэхэр ди республикэм къызэрырашэ Iэмалрэ гъуэгуу 27-рэ зэхуа-щIащ. Къэпсэлъэныгъэм къыхэгъэщащ наркотикым епха щIэпхъаджагъэхэр щIыналъэкIэрэ зэрызэпыщIар, абы къыхэкIыу ахэр сэтей къэпщIыным гугъуехьышхуэ зэрыхэлъыр.
Апхуэдэу зэIущIэм щытепсэлъыхьащ наркотик щхъухьыр зэзыхьэлIэхэр и чэзум, хэмытIасэ щIыкIэ къэхутэным, абы ирисымаджэхэм медицинэ дэIэпыкъуныгъэ зэрырат Iэмалхэр зэпымыууэ егъэфIэкIуэным гулъытэшхуэ дяпэкIи хуэщIын зэрыхуейми, волонтёр зэщIэхъееныгъэм хэтхэм абы и лъэныкъуэкIэ лэжьыгъэ купщIафIэ зэрырагъэкIуэкIми.
ЗэIущIэм жыджэру хэтащ, къыщаIэта IуэхугъуэхэмкIи зи пашэ IэнатIэхэм щызэфIах лэжьыгъэхэр, я Iуэху еплъыкIэхэр къагъэлъэгъуащ КъБР-м егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министр Езауэ Анзор, КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Къалэбатэ Рустам, Налшык къалэ администрацэм и Iэтащхьэ Ахъуэхъу Таймураз, Бахъсэн къалэ администрацэм и Iэтащхьэ Мамхэгъ Хьэчим сымэ. Комиссэм и зэхуэсым къыщаIэта IуэхугъуэхэмкIэ мы зэманым ялэжьыпхъэхэм теухуа дэфтэрхэр къащтащ, къалэнхэр яубзыхуащ.
ТАМБИЙ Линэ.
|
28.03.2024 - 09:03 ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ. |
|
28.03.2024 - 09:03 Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм. |
|
27.03.2024 - 13:58 Тхыдэдж-щIэныгъэлI Сокъур Валерэ «Кърым зауэр къэзыхьа ХьэтIохъущокъуэ и къуэ Кургъуокъуэ - пщыхэм я Iумахуэт» зыфIища и тхыгъэм къызэрыхэщу, зи ныбжьыр илъэс 27-рэ фIэкIа мыхъуа Къаплъэн-Джэрий, I |
|
27.03.2024 - 12:25 Мэзкуу областым и Рузэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондо лIэужьыгъуэмкIэ (ВТФ) Урысейм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ ныбжьыщIэхэм, хъыджэбзхэмрэ щIалэхэмрэ я зэхьэзэх |
|
27.03.2024 - 09:03 (ГъащIэ теплъэгъуэ) |
|