ЯЩЫБГЪЭГЪУПЩЭ ХЪУНУКЪЫМ

Курп ЛъагапIэхэм щиухащ иджыблагъэ зи гугъу фхуэтщIа, 115-нэ шуудзэм и цIэкIэ ирагъэкIуэкIа зекIуэр. 

Республикэм къыщызэрагъэпэщ махуэшхуэхэр сыт щыгъуи я шыфэлIыфэ гуакIуэмкIэ зыгъэбжьыфIэ «Шу Хасэм» щыщ щIалэхэр мэкъуауэгъуэм и 22-ми нэр ятепщIыпщIэу щIэращIэхэт. ЦIыхубэри хуэзэшат щхьэусыгъуэ щхьэхуэхэм я зэранкIэ куэд щIауэ утыку къимыхьэжа «къэбэрдей шуудзэм». Шыхэр зэрызэмыщхьым хуэдэт абыхэм я цейхэмрэ Iэщэ-фащэмри. Нэхъыщхьэращи, мы щIалэхэм я фIыгъэкIэ, лъэпкъ щыгъыныгъуэр къэфакIуэ ансамблхэм я закъуэ «ямылажьэу», фащэр адыгэлIым щыщ хъужащ, адыгэшми и псэр тыншыжащ. 
Шу 50-м щIигъу хэтащ зи гъуэгуанэр Курп ЛъагапIэхэм нэзыхуса уанэгурысхэм я гупым. КъБР-м, Урысейм, II5-нэ шууей дивизэм я ныпхэм дэхуарзэ лъэпкъ бэракъми дауэдапщэм псэщIэ къыIуигъакIэрт. 
«Сэ си адэшхуэр мыбдежым щызэуащ, - жиIащ «Шу Хасэм» и унафэщI Къудей Аслъэн. – Ар танк бригадэм и унафэщIу щытащ, Невский Александр и цIэр зезыхьэ орденыр къыхуагъэфэщат. Си дежкIэ пщIэ лейщ си нэхъыжьри сигу къэзгъэкIыжыну, II5-нэ шуудзэм и цIэкIэ зэхэдубла зекIуэми сыхэтыну. ЩIалэгъуалэм ящыбгъэгъупщэж хъунукъым I945 гъэм къахьа ТекIуэныгъэм уасэу щIатар зыхуэдизыр». 
Курп ЛъагапIэхэм деж щекIуэкIа фэеплъ зэхуэсым кърихьэлIащ КъБР-м и Iэтащхьэм и администрацэм и УнафэщI Къуэдзокъуэ Мухьэмэд, Тэрч щIыналъэм и администрацэм и унафэщI Дадэ МуIэед, зи сабиигъуэр зауэ лъэхъэнэм хиубыда нэхъыжьыфIхэр, Тэрч щIыналъэм ит курыт школхэм къикIа еджакIуэхэр.
«Шу хасэм» фIыщIэ лей хуащI гупыр езыгъэблэгъа, зекIуэр къызэгъэпэщынымкIэ щIэгъэкъуэнышхуэ яхуэхъуа Щомахуэ Мурат. Тэрч районым и ГИБДД-м и лэжьакIуэу шухэм псы къапезыхьэжьахэми Тхьэр арэзы къахухъу. 
 

 

ЧЭРИМ Марианнэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

08.12.2024 - 09:03

ПсэупIэ фондым и лэжьыгъэр къалъытэ

Фэтэр куэду зэхэт унэхэр къызыхуэтыншэу зэгъэпэщыжыным ехьэлIауэ щыIэ къэрал программэхэр щIыналъэхэм зэрагъэзащIэм и фIагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр нэхъыфIхэм яхыхьащ.

08.12.2024 - 09:03

КъытхуэкIуэхэр нэхъыбэ мэхъу

«Санатории-России.рф» интернет-порталым къызэритамкIэ, ди республикэм и санаторхэмрэ курортхэмрэ зыщызыгъэпсэхуну, я узыншагъэм щыкIэлъагъэплъыну мы гъэмахуэм къэкIуахэм я куэдагъымрэ абыхэм хэхъуэ

07.12.2024 - 12:25

ТхыцIэм и щхьи и лъабжьи…

Кавказ Ищхъэрэм и Къу­хьэпIэ дахащэм ноби узыщрихьэлIэ адыгэ лъагъуэжь­хэмкIэ дрикIуэну, хы ФIы­цIэ Iуфэм ухуэзышэ гъуэгур къэтхутэн мурадыр диIэу, си адэ шыпхъум и ­къуэ Уэлджыр Зауррэ сэрэ дызэхэ

07.12.2024 - 10:01

Апсэ Дианэ: Макъамэмрэ сэрэ дыкъызэхуонэ

Апсэ Дианэ Къэрэшей-Шэрджэсым, Черкесск къалэм щыщщ. Ди республикэм щопсэу, щолажьэ.

07.12.2024 - 09:03

Сэлэт хахуэм и фэеплъу

Бахъсэн куейм хиубыдэ Зеикъуэ къуажэм футбол цIыкIумкIэ зэхьэзэхуэ щызэхэтащ иджыблагъэ.