КЪБР-М И IЭТАЩХЬЭ КIУЭКIУЭ КАЗБЕК IЭ ЩIИДЗАЩ ЩIАЛЭГЪУАЛЭМ Я IУЭХУХЭМКIЭ МИНИСТРЫМ ТЕУХУА УКАЗЫМ

КIуэкIуэ Казбек Iэ щIидзащ Лу Азэмэт Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ министру гъэувыным теухуа указым. Документыр къралъхьащ КъБР-м и Iэтащхьэм и официальнэ сайтым.

Къэрал властым и щIыналъэ гъэзэщIакIуэ органыщIэ-Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм ЩIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэ республикэм и Iэтащхьэм мы гъэм накъыгъэм и 18-м къыдигъэкIа указым ипкъ иткIэ къызэрагъэпэщащ.
Министерствэм и унафэщIу ягъэувам щIалэгъуалэм ядэлэжьэным, мыхьэнэшхуэ зиIэ социальнэ щIалэгъуалэ проектхэр зэхэлъхьэнымрэ ахэр гъэзэщIэнымрэ фIыуэ хещIыкI. Ар федеральнэ мыхьэнэ зиIэ апхуэдэ щIалэгъуалэ проектхэми хэлэжьыхьащ икIи абыхэм папщIэ УФ-м и Президеным и фIыщIэ тхыгъэхэр тIэунейрэ къыхуагъэхьащ.
Лу Азэмэт нобэм къэс Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ университетым щIалэгъуалэ политикэмкIэ и проректору мэлажьэ.
2007 гъэм щегъэжьауэ 2009 гъэм нэсыху Лу Азэмэт Бэрбэч Хь.М. и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и студентхэм я советым и тхьэмадэу щытащ. Нэхъ иужькIэ а еджапIэ дыдэм щIалэгъуалэ политикэмрэ гъэсэныгъэ лэжьыгъэмкIэ и управленэм и унафэщIым и къулыкъур иIыгъащ. Абы къыдэкIуэу ар щIэныгъэ лэжьыгъэми къыхэкIакъым- социальнэ лэжьыгъэм и теориемрэ технологиемкIэ кафедрэм и доценту щытащ, социологие щIэныгъэхэм я кандидатщ. Апхуэдэу ар университетым стратегие зыужьыныгъэмкIэ и управленэми и пашэу щытащ. 20I8 гъэм щыщIэдзауэ КъБР-м ЦIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмкIэ, щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм зыужьыныгъэмкIэ и центрым и унафэщIым и къуэдзэу лэжьащ. 2020 гъэм Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ университетым гъэсэныгъэ лэжьыгъэмкIэ и проректорым и къуэдзэу ирагъэблэгъащ, а гъэ дыдэм а еджапIэм и проректору ягъэуващ.
2017 гъэм щегъэжьауэ 2020 гъэм нэсыху Лу Азэмэт Налшык къалэ округым щIыпIэ унафэр зегъэкIуэнымкIэ и советым и депутату, 2019 гъэм щегъэжьауэ 2021 гъэм нэсыху Парламентар ныбжьыщIэхэм я палатэу Урысей Федерацэм и Федеральнэ Зэхуэсым ФедерацэмкIэ и Советым и деж щыIэм хэтащ.
 

 

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

20.04.2024 - 12:25

АЖЭГЪУЭМЭ - УЭСХЭКIЫКI - УЭСЧЭСЕЙ

Къэрал куэдым мэлыжьыхьым и 19-р «Ажэгъуэмэм и махуэу» щагъэлъапIэ. Абы гулъытэ хэIэтыкIа хуэщIыпхъэу къалъытэу, япэ дыдэу, I984 гъэм, Iуэхур къыщрахьэжьар Инджылыз къэралыгъуэрщ.    

20.04.2024 - 09:03

ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ДИКТАНТЫМ КЪЭРАЛ 50-М ЩIИГЪУ ХЭТЫНУЩ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм мы гъэм еханэу щекIуэкIынущ «ТекIуэныгъэм и диктанткIэ» зэджэ, гъэсэныгъэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэ щхьэпэр.

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж