АНЭДЭЛЪХУБЗЭМ И ГУРЫГЪУЗХЭР

Арати, мис, дэр-дэрщ. Ди закъуэ дыдэщ уэрэ сэрэ, адыгэ лъэпкъ. Илъэс мин бжыгъэ куэд хъуауэ сызыгъэубзэрабзэ. СызыхуэбзэIэфI. Сызианэдэлъхубзэ. 
КъызэхъулIэртэкъым, ахъумэ сэ куэд щIауэ сыщIэхъуэпст зэ закъуэ нэхъ мыхъуми мыпхуэдэу сыныпIущIэну. КъыджьэхэмысIауэ. КъытIурымыплъыхьIауэ. Ди нэ щызу дызэплъыжыным, ди гурылъхэр зэхуэтIуэтэным Iуэхур сыткIи тегъэпсыхьауэ. 
Пхэнжу къыбгурыIуэн хуей гуэри хэлъкъым абы: фIы дыдэу зэрылъагъуу Тхьэ IэмыркIэ псэгъу зэхуэхъуахэм ещхьщ лъэпкъымрэ анэдэлъхубзэмрэ. Дапхуэдизу гъащIэ гъуэжькуийм дэмыкIэрэхъуами, зэманым Iэ щIыIэ-гу щIыIэкIэ игъахъэ къомыр сыт хуэдизу бэмпIэгъуэу я зэхуакум къыдэмызэрыхьами, псомкIи зэхуэкIуэрэ зэкIупсу къахуигъэщIа я псэхэр яIутыхункIэ лъэпкъымрэ анэдэлъхубзэмрэ зэрыIыгъщ, зэпэIэщIэ зыщI Iэмалыншагъэ гуэрхэр пIалъэкIэ я зэхуаку къыщыдэхъуэм дежи - зэхуозэш, зэхуопабгъэ икIи зэхущIокъу. 
Тхьэ ЛъапIэу Лъагэм ар зыхищIэри, мис, - зэхуэзэгъуэ медан дригъэхуауэ аращ уэрэ сэрэ нобэ. БлэкIам дыхигъэплъэжын мурадкIэ. Ди зэхущытыкIэхэмрэ адэкIэ ди щытыкIэнухэмрэ теухуауэ дызыщIигъэгупсысыжын мурадкIэ…
 
*    *    *
 
Тхыдэ зимыIэ щыIэкъым. Мы дызытет дунеижьым деж къыщыщIэдзарэ а дунеижьым къыщепщэ жьыбгъэм зэрихьэ шхиипэ цIыкIу гуэрым деж щыщIэтIыкIыжауэ. Сэри сиIэщ тхыдэ. ЦIыху гъащIэм и къежьапIэу гъадэщIыдэкIэ зэджэ пасэрей зэманым и гъуэзым хэзэрыхьыж тхыдэшхуэ. 
Дапхуэдэурэ къежьа, дауэрэ зэIуща хъуа а тхыдэр? Джылъ дапщэу зэхэлъ ар? Дэтхэнэ джылъыр дэтхэнэ лъэхъэнэм и Iэужь? А джылъхэм я зэIущIапIэ-зэрыIыгъыпIэр къыщежьэр дэнэ, я зэIущэкIэ Iэмал нэхъыщхьэу мыдрей псори къызытепщIыкIыжар, зэкIуэлIэжыр сыт хуэдэ?.. ЦIыху Iущ куэд дыдэ егупсысащ а Iуэхугъуэхэм, пэжым пэгъунэгъу гъэщIэгъуэн куэди, а пэжым жыжьэу бгъэдэмыхьэ нэхъыбэжи тражыIыхьащ икIи тратхыхьащ, ауэ Тхьэшхуэм фIэкIа сэ нэсу къыздэзыщIэ щыIэкъым си Пэжымрэ а Пэжым и зэхэлъыкIэ дыдэмрэ. 
Нобэрей адыгэ куэдым я фIэщ пхуэмыщIын зы пэжи жысIэнщ: уи дежкIэ сыт хуэдиз насып ар - къызэтепхыхункIэ нэхъ гъэщIэгъуэныжыр къыщIэщурэ къэбуткIэпщIын апхуэдэ лъэпкъпсо хъугъуэфIыгъуэшхуэ узэриIэр. ПщIэж-умыщIэжми, ухуеиж-ухуэмеижми, ар уиIэщ уэ, адыгэ лъэпкъ…
КIуэ пэтми нэхъ гурэпкIырэ хъууэрэ зэманри гъащIэри макIуэ. Абыхэм уи нэр къыщхьэрапхъуэ зэпытщи, уи гумрэ уи псэмрэ пыIэпIэ ирагъахуэркъым, ахъумэ зэгуэр утIысрэ гупсэхуу укъысщIэгупсысамэ, си пкъынэлынэхэм удэплъэурэ сыкъызэпэпплъыхьамэ, къэпщIэнт хуэм-хуэмурэ IэщIыб пщIы сэ уэркIэ мыкIуэщIыж фIыгъуэу сызэрызэхэлъыр, а фIыгъуэхэр илъэс мин бжыгъэ куэдкIэ уэ езым къызэрыбгъэщIар, апухэдиз гуащIэрэ гъащIэкIэ нур зимыIэжыну уэ сызэрыпфIэкIуэдым и мызакъуэу, мы дунейм сэркIэ телъыджэ куэд зэрыхэщIынур…
 
*    *    *
«Ибогъэлей» жаIэнкIэри хъунщ. Ар щIыжаIэн щхьэусыгъуи щыIэщ… Пэжщ, сощIэ, бзэхэр щэ бжыгъэкIэрэ дунейм зэрытебзэхыкIыжым щыхьэт техъуэ щапхъэхэр гъунэжщ. Ди жагъуэ-ди щIасэми, ар дэ щхьэдэдгъэIухыфынукъым, зэрыщытыр зэрыщымыт тхуэщIынукъым: игъащIэми зы бзэхэр къоунэху, нэгъуэщIхэр мэкIуэдыж. Гуауэр, тхыдэм и насып къызэрыщимыкIам къыхэкIкIэ, зи къару илъыгъуэ анэдэлъхубзэ дунейм щытекIуэдыкIыж куэдрэ къызэрыхъурщ. Гуауэр гущIэгъуншагъэ ин хэлъу апхуэдэм зэрытепсэлъыхьыфхэрщ. «Дыгъуасэм нобэр къыкIэлъыкIуащ, нобэм пщэдейр къыкIэлъыкIуэнущ»,- къыбжаIэ хуэдэ, гупсысэ чэнж дыдэхэмкIэщ къэхъуари къэхъунури зыщIэу зи гугъэжхэр а Iуэхум зэрытепсэлъыхьыр. 
АтIэми, зы къащогъупщэ дэтхэнэ упщIэми жэуап къызэрыгуэкI хьэзыр къыхуэзылъыхъуэхэм: хэти сыти жрыреIэ, гузэвэгъуэшхуэм къыхэмыкIыу зы анэдэлъхубзи игъащIэм дунейм тебзэхыкIыжакъым. Зи фIыгъуэ, зи псэугъуэ цIыху гуузу дунейм ехыжам ещхьщ къару мыкIуэщI зыбгъэдэлъ анэдэлъхубзэ гъащIэм хэкIуэдыкIыныр. 
Дэтхэнэ гуауэр хуэхъумэн тхыдэм, ауэ Тхьэ иныр мыбыкIэ си щыхьэтщ: гу къабзэрэ псэ къабзэкIэ и лъэпкъым бгъэдэт цIыху куэд дыдэм гурыгъу-гурыс къыхах е йокIуэдыкIыпэ фIыщэу ялъагъу я анэдэлъхубзэр зэраIэщIэкIым. 
ЦIыхум я закъуэу пIэрэ, ярэби, апхуэдэу ар зыхэзыщIэр? Дунейм псэ Iуту къыпхузыщыгъэхъунумэ, абы и гущIэми хагъуэ гуэр хидзэу къыщIэкIынущ илъэс мин бжыгъэкIэ и куэщIым щыубзэрабзэ зы Iэужь дахэ гуэр щыфIэкIуэдым деж…
Ар сэ къысщыхъу къудейуэ жысIэркъым. Ар нобэ сэ си нэгу щIэкI теплъэгъуэ гурымыхьщ. ПсэкIэ згъэв хьэзабщ. Сыщыуауэ, щхьэусыгъуэншэу сыгужьеяуэ къыщIэбгъэкIыжыну сызэрыпщыгугъ хъуэпсапIэщ, си адыгэ лъэпкъ. 
 
IутIыж Борис.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

16.04.2024 - 12:35

ХЬЭЦIЫКIУ БАШИР И ЗЭФIЭКI

Ди республикэми гъунэгъу щIыналъэхэми къыщацIыху уэрэджыIакIуэ щIалэщ ХьэцIыкIу Башир.

16.04.2024 - 08:21

ЗЭНЫБЖЬЭГЪУГЪЭР ЯПЭ ИРАГЪЭЩУ

Налшык къалэм дэт «Каисса» шахмат центрым иджыблагъэ республикэ зэхьэзэхуэ щекIуэкIащ. КъызэрыгуэкI шахмат джэгукIэмкIэ абы щызэпеуащ зауэ зэпэщIэувэныгъэхэм, дзэ Iуэху хэхахэм хэтахэр.

16.04.2024 - 08:19

КIЫЩ АСЛЪЭНБЭЧ И ДЫЩЭХЭМ КЪЫХЕГЪАХЪУЭ

Мэлыжьыхьым и 9 - 10-хэм Орёл къалэм щекIуэкIащ тэмэму зэхэзмыххэм я деж пашэныгъэр алыдж-урым бэнэкIэмкIэ къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.

16.04.2024 - 08:18

СОЧЭ КЪАЩЫПОПЛЪЭ

«Белая Ладья» фIэщыгъэр зэрихьэу Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ курыт еджапIэхэм я командэхэм шахматымкIэ я урысейпсо зэхьэзэхуэ зэIуха.

16.04.2024 - 08:18

КЪЫЩIАГЪЭКIЫМ И КУЭДАГЪЫМ ХОХЪУЭ

Къэбэрдей-Балъкъэрым Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм иджыблагъэ къызэритамкIэ, 2024 гъэм и щIышылэ -мазаем къриубыдэу республикэм къыщыщIагъэкIа IэфIыкIэхэкIхэм я куэдагъым процент 24-кIэ, н