БАБЫГУ

Щхьэгуащэрэ Лабэ ЦIыкIурэ хэлъэдэж псы къуэпсхэр зэхэзыгуэшыкI джабащхьэ екIуэкIым Бабыгу (Бабук) цIэр зэрехьэ. Шытхыщхьэр ТхьэщIы псым и ижьрабгъу лъэныкъуэмкIэ щыIэщ. 
 
Тхыдэм дыпхрыплъыжмэ
 
Дызэрыщыгъуазэщи, Урыс пащтыхь къэралыгъуэжьым Кавказыр зыIэщIигъэхьэн мурадкIэ, а лъахэм ис лъэпкъхэр зауэ мыухыжым хидзауэ щытащ. Абы ипкъ иткIи, XIX лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэхэм Къэбэрдейр хьэлэбэлыкъышхуэ хэхуат. ЗэрыпхъуакIуэхэм я унафэ щIэувэну хуэмей пщыхэмрэ уэркъхэмрэ, къегъэщIылIа я цIыхухэр я гъусэу, Псыжь адрыщIкIэ Iэпхъуащ. Апхуэдэ щIыкIэм тету, Бабыгу (Бабыгуей) лIакъуэцIэр зезыхьэ пщым и къуажэ зыбжани Лабэрэ Щхьэгуащэрэ я зэхуаку дэлъ тIуащIэм къыщыхутащ. ЩIыпIэцIэхэр зыджхэм я нэхъыбапIэм зэрытрагъэчыныхьымкIэ, шытхым и иджырей фIэщыгъэр а унэцIэм къытехъукIащ (Виноградов Владимир, «Топонимия средней Кубани»). 
 
Мыбдеж къущхьэхъум щыщIедзэ
 
Бабыгу шытхым ижькIэрэ щыпхаша лъагъуэм ухуешэ зи зэхуакур щхьэдэхыпIэ папщIэу къагъэсэбэп Ажэжьбэкъу бгыжь дыкъуакъуэм. Къыхэгъэщыпхъэщ, иужьрей Iуащхьэжь зэгуэгъуитIыр щIыпIаплъэхэм куэд щIауэ къызэрагъэунэхуари, нэгузегъэужьыпIэ телъыджэу ар абыхэм къызэралъытэри. 
Езы шытхми къуапитI иIэщ. КъуэкIыпIэмкIэ щыIэм, «Бабыгу ЦIыкIу» («Малый Бабук») цIэр зезыхьэм, метр1551-рэ, къухьэпIэмкIэ зызыIэта и нэпкъхэм метр 2000-м нэблагъэ я лъагагъщ. 
Ажэжьбэкъу бгыжь дыкъуакъуэм, зэрыщыту къатщтэмэ, километри 5 хуэдиз и бгъуагъщ. И лъэныкъуитIыр блын задитIщи, къэзыухъуреихь Iэгъуэблагъэм метр 300 хуэдизкIэ щхьэщыIэтыкIащ. Я зэхуакур дыхьэпIэ-дэкIыпIэщи, и бгъуагъыр метр 500-м нызэрохьэс. Къущхьэхъу хъупIэхэм мыбдежым зэрыщыщIадзэр къыуагъащIэ IуащхьэжьитIым я джабэщIри Iэшэлъашэри удз Iув куэдыкIейм зэрызэщIасеям. Ажэжьбэкъу къурш дыкъуакъуэм къухьэпIэмкIэ щыIэ и бгыщхьэр Кавказ биосферэ мэзкъуэдым и гъунапкъэщ.
Ковешников Вячеслав «Очерки по топонимике Кубани» и тхылъ телъыджэм зэрыщитхымкIэ, фIэщыгъэр «Бабыкъуэ» цIыхухъуцIэм къытехъукIауэ къэзылъытэхэри щыIэщ. 
  
ЛЪАГЪУЭРЫКIУЭ Шухъыжьэ.

 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.

23.04.2024 - 10:01

КОМПЬЮТЕР ЩIЭПХЪАДЖАЩIЭХЭМ ЩАХЪУМЭ

21-нэ лIэщIыгъуэм зыужьыныгъэщIэхэр къытхуихьащ, абы къыдэкIуэуи, псом хуэмыдэу ныбжьыщIэхэр зыщыхъумапхъэ Iуэхугъуэхэри ди гъащIэм къыхихьащ.

23.04.2024 - 09:03

ЕКIУУ ЗЫКЪЫЩАГЪЭЛЪАГЪУЭ

Орёл къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Урысейм каратэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.