«ТХЬЭМПЭЩIЭ»-М ТЕУХУАУЭ

Сыт хуэдэ Iуэхуми тхыдэ зэриIэм ещхьу, шейудзми езым и къежьапIэ иIэжщ. Абы и щIыналъэу ябжыр Китайрщ. Къапщтэмэ, ижь-ижьыж зэманым абы ар зэрыщацIыхуу щытар удз хущхъуэ лIэужьыгъуэущ. 

Арами, VI-нэ лIэщIыгъуэм Китайм щыпсэухэм къахутащ шейудзыр ауэ бгъавэу уефэну зэрыфIыр икIи ар ягъэкIыу щIадзащ. ГъэкIыкIэм хэлъ щэхухэр куэдрэ хэIущIыIу ящIакъым, арщхьэкIэ IX-нэ лIэщIыгъуэм япэ дыдэу абы и жылэхэр Японием яшауэ щытащ. Европэм ар щыIэрыхьар 1584 гъэрщ - япэ щIыкIэ Португалием, итIанэ Голландием. 
Урысейм куэд щIакъым шейудзыр къызэрашэрэ (илъэс 300 и пэкIэщ) икIи ар занщIэу ягу ирихьауэ пхужыIэнукъым. Ди къэралым ар япэу къизыхьар Урысейм и лIыкIуэу Монголым щыIа Стариковщ. Хъаным къригъэхь тыгъэм мащIэу тешыныхьат ар (пащтыхь Михаил Федорович удз гъэгъуар хуигъэфэщагъэнтэкъым), уеблэмэ нэгъуэщI саугъэткIэ зэрихъуэкIыну елъэIуат, арщхьэкIэ хутекIатэкъым. Шей удзыр ди деж занщIэу цIэрыIуэ щымыхъуами, хуэмурэ абы фIагъ хэлъхэм гу лъатащ: жейр птрегъэу, гукъыдэжыр къеIэт. Апхуэдэу Урысейми къыщацIыхуащ шейудзыр. Ар ди къэралым къашэнымкIэ япэ зэгурыIуэныгъэр 1679 гъэм Китайм иращIылIауэ щытащ.  
Мэлбахъуэм и цIэр зезыхьэ Лъэпкъ библиотекэм и лэжьакIуэ Срыкъуэ Фаридэ «шей» псалъэм къикIымрэ ар нэгъуэщI лъэпкъхэм къызэрагъэсэбэпымрэ теухуауэ жеIэ: «Шейудзыр зи къэхутэныгъэ Китайм щыпсэу лъэпкъхэр абы зэреджэр зэтехуэркъым, «чича», «тюча» жызыIэхэр щыIэщ. Ауэ дауэ къамыпсэлъми, а фIэщыгъэхэм зы лъабжьэщ яIэр - «ча». Пасэрей китаибзэмкIэ ар зэбдзэкIмэ, «тхьэмпэщIэ» къикIыу аращ. Инджылызым шейм зэрыщеджэр «ти»-щ, Франджым, Италием, Германием - «тэ»-щ. Азиат къэралхэм, нэхъыбэу Монголием, къагъэсэбэпыр «цай» псалъэрщ, Къалмыкъым - «ця»-щ, хьэрып лъэпкъхэм - «шай» жаIэ. Къыхэгъэщыпхъэщ, хьэрыпхэм шейр къыщащэхуу щыта Синьцзяне къалэми къыщагъэсэбэпыр «шай» псалъэр зэрыарар.
Шейр сэбэпышхуэщ. Абы уи гукъыдэжыр къызэрыриIэтым нэмыщI, цIыхум и акъылыр нэхъыфIу егъэлажьэ, гурыхуагъэм сэбэп хуохъу, гум, лъатэм, лъынтхуэхэм, псантхуэм я лэжьэкIэр тэмэму зэтреухуэж. КъищынэмыщIауэ, цIыхум и Iэпкълъэпкъыр зэрызэхэлъ клеткэхэр къегъэщIэрэщIэж, витамин Е-м къуитым хуэдэ 18-кIэ нэхъыбэу.
Инджылызым щрагъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, нэхъ щIэх-щIэхыурэ шей ефэ сабийхэм я дзэр зэрыщащэр процент 60-кIэ нэхъ мащIэщ. 
Абы щыгъуэми, IэщIагъэлIхэм къыхагъэщ куэдрэ шей уефэмэ (щхъуантIэми фIыцIэми емылъытауэ), Iэпкълъэпкъым зэран хуэхъу пкъыгъуэхэмрэ псы леймрэ абы зэрыхихым къыдэкIуэу, витаминхэмрэ микроэлементхэмрэ (магний, кальций, железо) зэригъэкIуэдыр. Ар къызыхэкIыр шей удзым кофеин зэрыхэлъырщ. Абы къикIращи, шейми куэду уефэ хъунукъым.
 

 

БАГЪЭТЫР Луизэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

20.04.2024 - 12:25

АЖЭГЪУЭМЭ - УЭСХЭКIЫКI - УЭСЧЭСЕЙ

Къэрал куэдым мэлыжьыхьым и 19-р «Ажэгъуэмэм и махуэу» щагъэлъапIэ. Абы гулъытэ хэIэтыкIа хуэщIыпхъэу къалъытэу, япэ дыдэу, I984 гъэм, Iуэхур къыщрахьэжьар Инджылыз къэралыгъуэрщ.    

20.04.2024 - 09:03

ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ДИКТАНТЫМ КЪЭРАЛ 50-М ЩIИГЪУ ХЭТЫНУЩ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм мы гъэм еханэу щекIуэкIынущ «ТекIуэныгъэм и диктанткIэ» зэджэ, гъэсэныгъэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэ щхьэпэр.

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж