СУРЭТ ДАХАЩЭ

Прозэу тха усэ

Жэщщ. Щымщ. Мамырщ. Дахэщ…
Псэр зыхьэху а щытыкIэм и уэгу хъумакIуэ хуэдэ, Мазэ нэкIухур пэзазэу унэ цIыкIу гуэрым и щхьэгъубжэм къыIутщ. Зы плIанэпэ закъуэ фIэкIа къэмынэу, пэшыр кIыфIыгъэм зэщIищтащ. Илъагъум дихьэхыпауэ, Мазэр гупсысэ нурхэмкIэ доплъызэ а плIанэпэм. Данэпс пIащIэ дыдэм ещхь и нур къудамэхэмкIэ абы пэшыр зэщIэзыщта кIыфIым къыхехутыкI дунейпсо гъащIэм и зы налъэу псэ зыIут сурэт дахащэ: жей IэфIым хэт анэмрэ абы и бгъафэм щIэжеихьа сабиймрэ. Анэм и щхьэц фIыцIэ зэбгрыдзам къыхопс сабийм и Iэ щабэ цIыкIур. Ар ешэкIащ нэхъыфI дыдэу илъагъу цIыхум и пщэм. ПIалъэ-пIалъэкIэрэ зыщихъуэу, абы и нэкIур кIэрылъщ къэуатрэ берычэткIэ гъэнщIа анэ бгъафэм…
Сыт иджыпсту а сабийр зэпщIыхьыр? Сыт хуэдэ пщэдджыжь ар къызыщIэушэнур? Дапхуэдэ гъащIэ абы къыпэплъэр? Сыт хуэдэ цIыху абы къищIыкIынур? Насыпым я нэхъ иныр къеуэлIэну? ГъащIэм я нэхъ кIыхьыр къигъэщIэну? Лъагъуныгъэм я нэхъ гуащIэр игъуэтыну. Псэгъум я нэхъ гуапэр къылъысыну?..
Хьэмэ???
Мы дунеижьым къыщикъуэлъыкI гъащIэм ухэплъэурэ жыпIэмэ, къыпхуэмыбжыным хуэдизщ а «хьэмэм» къыпыувэн хьэзыру гъащIэм и къуэгъэнапIэхэм къуэс мыщхьэпэхэр.
Ахэр къалъыхъуэркъым. Къагъуэтыркъым. Езыхэм укъалъыхъуэ. Езыхэм укъагъуэт. Езыхэр къыпхуокIуэ. Нэхъ ущыбэлэрыгъа дыдэм деж къохутылIэ. Нэхъ ущимыгугъа дыдэм деж къыптопсыхэ. Къыптепсыхагъэххэрэ къыбдэщIыгъуу къыщIокI…
Гурымыхьщ икIи шынагъуэщ я фIэщыгъэцIэхэри: гузэвэгъуэ, тхьэмыщкIагъэ, гуауэ, фэбжь, уз, гъэпцIагъэ, напэншагъэ… куэд, куэд дыдэ мэхъу апхуэдэ тыгъэ мыщхьэпэу гъащIэм цIыхум хуигъэтIыгъуэхэр. Ари езы цIыхур къытемыхьэ щIыкIэ…
ЦIыху цIыкIухэм ди дунейуэ къытхуигъэщI мы ЩIыгур къызэрыунэхуар зи нэгу щIэкIа, абы къытехъуауэ щекIуэкI гъащIэм къыхэплъэ зэпытурэ Зэманым дэгъуэгурыкIуэ Мазэм фIы дыдэу ещIэ а цIыху гъащIэм къыпхузэкъуихыфынкIэ хъуну Iеймрэ фIеймрэ зыхуэдизыр икIи къыпщохъу нэ зыхурищауэ зэплъ мо сабийм нэхъыфIрэ фIыуэ а гъащIэм хэлъымкIэ хуэхъуахъуэу.
Тхьэм къабыл ищI!
 

IутIыж Борис.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.03.2024 - 08:57

ХЬЭЩIЭХЭМ ДЫКЪЫХАГЪАЩIЭ

Урысей Ипщэмрэ Кавказ Ищхъэрэмрэ регби 7-мкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным теухуа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Налшык къалэм щекIуэкIащ.

29.03.2024 - 08:56

ГУАПЭУ ЯГУ КЪАГЪЭКIЫЖ

КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист, Урысей Федерацэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ, «Советская молодёжь» газетым и редактор нэхъыщхьэу щыта Къардэн Мухьэм

29.03.2024 - 08:56

ХАДЭХЭКI ФIЭIУГЪЭХЭМКIЭ ДЫПАШЭЩ

Пхъэщхьэмыщхьэмрэ хадэхэкIымрэ къыхащIыкI консерву Кавказ Ищхъэрэм къыщыщIагъэкIым и процент 90-р Къэбэрдей-Балъкъэрым къылъос.

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.