МЫЩЭ АНЭ

Хъыбар

Мы хъыбарыр фи фIэщ мыхъункIи хъунщ, ауэ, мыхъуми, пэжщ, сыту жыпIэмэ, мыр къэзыIуэтэжа Хьэмид игъащIэм пцIы иупсакъым, къыщымыщIаи иIуэтакъым. 
Хьэмид хущIыхьэгъуэ щихуэхэм деж мэзым къыщикIухьыну, зыщиплъыхьыну фIэфIт. Апхуэдэ махуэ гуэрым, мэз лъагъуэ бгъузэ цIыкIумкIэ здыщIэкIым, гыз макъ дэгу гуэр къызэхихри, зэщIэувыIыкIащ, зэщIэдэIукIащ, ихъуреягъыр къызэхиплъыхьащ. Хьэмид къилъэгъуащ дей гуэрэнхэм я къудамэхэр зэхигъэщIыщIэу къыкIуэцIрыкI мыщэ гъуабжэшхуэр. ЩIалэр къэшынащи, мэгупсысэ: «ГъэщIэгъуэнщ. Сыту пIэрэ мыщэр зыхуейр? Къыстеуэнущ жыпIэнущи, иджыпсту хуэдэ гъэмахуэ зэманым мыщэр мэжалIэркъыми, цIыхум теуэ хабзэкъым. Мыщэгъуэм гъунэгъуу сыбгъэдыхьэу згъэпIейтеяи хуэдэкъым…»
АпщIондэху мыщэр гъунэгъу къэхъум-къэхъуурэ, Хьэмид и деж къэсыным лъэбакъуэ зытIущ нэхъ къэмынауэ, зэщIэувыIыкIащ. КъэувыIащи, и щхьэр хуэм дыдэурэ и щIыбымкIэ ирехьэкI, мэгыз, мэгурым. «Уэлэхьэ мы слъагъур си гугъэм щыщымыIэ. Мыр зыгуэр хуейщ, шэч хэмылъу. Ауэ сыту пIэрэ зыхуейр?» - мыщэр занщIэу къызэрытемыуам и шынэр тIэкIу щхьэщигъэкIауэ, и щхьэм хужеIэж Хьэмид. Мыщэр а зэрыгызщ, зэрыгурымщ. И щхьэр и щIыбымкIэ ирешэкI, щIалэм зыгуэр къригъэлъэгъуну хэт хуэдэ. 
Хьэмид хуэм дыдэурэ мыщэм къыпикIухьри, ибгъу зыхуищIащ. Еплъмэ, - мыщэм и пщэм уIэгъэшхуэ иIэщ, лъы къижар IупцIыхьыжу хуежьауэ. «Мыраи тхьэмыщкIэр зыгъэгызыр. СызыдигъэIэпыкъуну арагъэнщ», - жиIэри, Хьэмид гъунэгъуу къыщыщIэж псынэ цIыкIумкIэ иунэтIащ. Мыщэри а зэрыгызу, зэрыгурыму къыкIэлъоплъ. Хьэмид тхьэрыкъуэфышхуэ къричщ, ишыхьри, псынэпс къабзэ иригъэхъуащ. Къигъэзэжщ, хуэм дыдэурэ мыщэм бгъэдыхьэри, зэрышынэри хуэмыгъэпщкIуурэ мыщэм и пщэ уIэгъэр хуитхьэщIу щIидзащ. Мыщэр зимыгъэхъейуэ щытщ. Хьэмид уIэгъэр къабзэу къритхьэщIыкIри, аргуэру мэзым хыхьащ. Жыжьэ дыди мыкIуэу, фIарий тхьэмпэ хуэзэри, зыкъомыфI къричащ. Ар къихьри мыщэм и уIэгъэм трилъхьащ, итIанэ, и жыпым къриха бэлътокушхуэмкIэ ипхащ. 
Мыщэр, Хьэмид уIэгъэр ипхэн зэриухар къыгурыIуа пфIэщIыну, хуэмурэ щIыбкIэ икIуэтыжу хуежьащ. Апхуэдэурэ дей гуэрэным хыхьэжащ, арщхьэкIэ къыхэкIыжри, аргуэрыжьу икIуэтыжу хуежьащ. Хьэмид мыщэм зыщIыпIэ ириджэу къыщыхъуащ. «ЗэрыхъуIамэ хъунщ. Иджыри къэс и зэран къыщызэмыкIакIэ, дяпэкIи къызэкIынкъым», - жиIэщ, тегушхуэри, Хьэмид ежьащ. И щIыбкIэ имыкIуэтыжу, зигъазэри, мыщэр ипэкIэ ежьащ. Хьэмиди мыщэм кIэлъокIуэ. 
Ауэрэ ахэр зи хъуреягъыр хьэцыбанэу зэщIэкIа Iуащхьэ цIыкIу гуэрым нэсащ. Iуащхьэ джабэм жыгышхуэ къэуауэ кIэрылът. Мыщэр Iуащхьэ лъапэм зэрынэсу, жыг къэуам и лъабжьэм, ятIэ IэшкIэшхуитI фIэкI умыщIэну, мыщэ шыритI къыщIэкIэрэхъукIри, я анэм дежкIэ къаунэтIащ. Хьэмид гу къылъамытэххам хуэдэу, мыщэ цIыкIухэм анэм и Iуфэлъафэр къажыхь, къапкIыхь. «И шырхэри дэIэпыкъуэгъу гуэр хуейуэ арауэ пIэрэ?» - егупсысащ щIалэр. Ауэ мыщэ шырхэм я теплъэм ахэр зыгуэрым къыхигъэзыхьу къыбжаIэртэкъым. ИтIанэ Хьэмид и щхьэм нэсащ: «Уо, ди Тхьэшхуэ, си закъуэкъым къебгъэлар, мы цIыкIухэри къебгъэлащ», жыхуиIэу сигъэлъагъуу арагъэнущ. ЛъапIэрэ лъагэу зи къарур ин, мы дунейм къыщымыхъур укIуэдыж! Мы мыщэм и хьэлыр цIыхуфIым и хьэлым сыткIэ къыщхьэщыкIрэ?! Иджыпсту и жьэр зэщIихыу къызэпсалъэми сымыгъэщIэгъуэжыным хуэдэщ!» Мыщэ шырхэмрэ анэмрэ зэрызэдэджэгум иджыри тIэкIурэ кIэлъыплъыжри:
-Умыгузавэ, мыщэжь. Сэ иджыри сыкъакIуэурэ, уи уIэгъэр хъужыху сыплъыгъуэзэнщ, - жиIэри Хьэмид къежьэжащ. КъыздэкIуэжым йогупсыс: «Мы иджыпсту сызыIууар сIуэтэжми, я фIэщ хъунукъым. Хъунуми, мыщэр къаукIын хьисэпкIэ къэкIуэни къахэкIынкIэ зыхуэIуа щыIэкъым. Апхуэдэу щыщыткIэ, мы хъыбар телъыджэр зэкIэ сымыIуатэмэ, нэхъыфIщ». 
ИкIи иIуэтакъым зэманыфI дэкIыху. Мис иджы мыщэхэм зыри зэран яхуэхъужыфынкъым, щыжиIэм, хъыбарыр и ныбжьэгъухэм яхуиIуэтэжащ. Хэти и фIэщ хъуащ, хэти хъуакъым. Сэ си щхьэкIэ си фIэщ хъуащ…
 

 

ПащIэ Ленэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.