А фIэщыгъэм щIэту уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ Зарэ (Мгоян Зарифэ) Налшык дэт Театр щхъуантIэм иджыблагъэ концерт ин щитащ.
Абы игъэзэщIащ цIыхухэм фIыуэ ялъэгъуа и уэрэдхэр, романсхэр, зауэм теухуахэм-рэ кинофильм зэмылIэужьыгъуэхэм хуатхахэмрэ.
Урысейм щIыхь зиIэ и артисткэ, «ЮНЕСКО-м мамырыгъэмкIэ и артисткэ» Зарэ иджы япэу Налшык къэкIуауэ арати, ди щIыналъэр къызэрымыкIуэу игу зэрырихьар къажриIащ журналистхэм.
- Хуабжьу сыхуейщ Налшык къытезгъэзэну, - псалъэхэмкIэ къыщIидзащ Зарэ. - Мы щIыналъэм щыпсэу цIыху гуапэхэм, нэфIэгуфIэхэм, хьэщIэ гъафIэхэм я гугъу умыщIи, Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыуэпсым и къабзагъыр, дахагъыр, ухуэныгъэ телъыджэхэр уасэ зимыIэ фIыгъуэщ. Концертым и пэ къихуэу, зэман къыдэзгъахуэри, Сэралъп Мадинэ и арт-центрым сыщыIати, хуабжьу сигу ирихьащ, ар зи IэщIагъэм хуэпэж, куууэ хэзыщIыкI цIыху гъэщIэгъуэнщ. Абы и фащэхэр-щэ?! Лъэпкъ тхыдэм, адэжьхэм я Iэужьым апхуэдэ пщIэ хуащIу зэрахъумэр гуапэщ.
Си жагъуэ зэрыхъунщи, Налшык сызэрыщыIэнур зы махуэ закъуэщ, ауэ сэ сыщогугъ Iэмал имыIэу иджыри къытезгъэзэжыну.
«Фи унагъуэм мамырыгъэ ирырелъ» фIэщыгъэм щIэт концерт программэр Уры-сейм и Ипщэ щIыналъэхэм, Кавказ Ищхъэрэм щитащ Зарэ. Налшык къэкIуэн и пэ ар Мейкъуапэ, Черкесск, Псыхуабэ, Владикавказ щыIащ.
Зарэ и макъ дахэм къищынэмыщIауэ, нэхъыбэм фIыуэ щIалъагъу щхьэусыгъуэхэм ящыщщ ар зэпIэзэрыту утыкум зэритыр. Нэхъыщхьэращи, игъэзащIэ уэрэдхэри езым екIуж защIэщ. Ара-гъэнщ ар апхуэдэу гуапэу къыщIрагъэблэгъар. Театр щхъуантIэм щызэхуэсахэр Iэгуауэм щысхьыжыртэкъым, аракъэ дэтхэнэ артистми и хъуэпсапIэр!
- ЗгъэзащIэ уэрэдым ещхьу, «Фи унагъуэм мамырыгъэ ирырелъ» цIэр си концертым фIэтщыжащ, - жеIэ артистым. - Иджы хуэдэу а псалъэхэм я мыхьэнэр зэи лъапIэу щытауэ къыщIэкIынкъым. Абы къыхэкIыу, сэ сыхуейт Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу дэтхэнэми и унагъуэм мамырыгъэ, зэгурыIуэныгъэ, гурыфIыгъуэ илъыну, - захуигъэзащ Зарэ ди щIыналъэм щыпсэухэм.
Театр щхъуантIэм щызэхуэсахэм Зарэ и уэрэдхэм и нэхъыбэр гукIэ ящIэрти, дежьуурт. Къызэхуэсахэм гуIэфIтещIэж ящыхъуат абы игъэзэщIа и уэрэдыщIэр.
Пшыхьым зыкърезыгъэ- хьэлIахэм, езы Зари я гъусэу, я хъуэпсапIэ ягу ираубыдэри, шар гъэпща зэмыфэгъу куэдыкIей уэгум ираутIыпщхьащ. «Фи унагъуэм мамырыгъэ ирырелъ» уэрэдыр Зарэ щигъэзащIэм, хабзэ зэрыхъуауэ (дунейр зэтезыIыгъэр иджы-ри зэ псоми ягу къагъэкIыжу), сабийуэ пшыхьым екIуэлIар утыкум ирашащ.
Дуней псом щыцIэрыIуэ артистым хузэфIэкIащ цIыху къызэрыгуэкIыу къызэтенэн. Абы дапщэщи гулъытэ яхуещI и творчествэр фIыуэ зылъагъу цIыхухэм, псом хуэмыдэу щIэблэм. Ар жыджэру хэтщ псапэ зыпылъ Iуэхухэм, икIи жыпIэ хъунущ, дунейр мамыру щытыным и лэжьыгъэр теухуауэ. Абы и щыхьэтщ ДНР-м, ЛНР-м щыщу Къэбэрдей-Балъкъэрым къашауэ щыIэ сабийхэр концертым кърагъэблагъэу пщIэншэу зэрырагъэплъар. Концерт нэужьым артисткэм занщIэу ДонбасскIэ иунэтIащ гугъуехь хэхуахэм зэрыхузэфIэкIкIэ защIигъэкъуэн мурад иIэу.
Инэрокъуэ Данэ.