ЗЭРЫЗЭДЭЛЭЖЬЭНУР ЯГЪЭБЕЛДЖЫЛЫ

Дызэрыщыгъуазэщи, мэкъуауэгъуэм и 15 - 18-хэм Санкт-­Петербург къалэ щокIуэкI «ЭкономикэмкIэ къэрал зэхуаку ­форум» зыфIаща зэIущIэшхуэм и 25-нэ зэхуэсыгъуэу «ПМЭФ-2022» зи нагъыщэр. Абы лэжьыгъэ IуэхукIэ  щызрихьэлIахэм ящыщщ Къэбэрдей-Балъкъэр, Удмурт республикэхэм я лIыщхьэхэри.

Ди хэгъэгумрэ Удмуртиемрэ я Iэтащхьэхэу КIуэкIуэ Казбекрэ Бречалов Александррэ зи гугъу тщIы форумым зэрыщызэIущIам ипкъ иткIэ, щIыналъитIым я правительствэхэм зэгурыIуэныгъэ зыбжанэ зэращIылIащ. Абыхэм къыщагъэлъэгъуащ сату-эко­номикэ, щIэныгъэ-техникэ, щэнхабзэ Iуэхухэу 20-м щIигъу.
Удмуртиер - Индыл псым къедза федеральнэ щIыналъэм щы­-щу мэкъумэш, промышленнэ IуэхущIапIэ елъытауэ нэхъ зызыу­жьахэм хабжэ. А республикэм и предприятэхэм радиоэлектро­никэмрэ медицинэмкIэ къыщIагъэкI техникэр фIагъ лъагэ зиIэщ, щIы дагъэмрэ газымрэ зыхуейм ешэлIэнымрэ яхузэгъэзэ­хуэжынымкIэ щагъэхьэзыр Iэмэпсымэхэр къызыхуэтыншэщ, гъущIымрэ пластмассымрэ къыхащIыкI пкъыгъуэхэри арэзы укъэ­зыщIщ. Апхуэдэуи, зи гугъу тщIы хэгъэгум и щыIэкIэ-псэукIэм увыпIэ ин щаубыд мэкъумэшымрэ Iэщ гъэхъунымрэ.
АтIэми, зэрыгурыIуэгъуэщи, хэгъэгухэм зэпыщIэныгъэу я зэ­хуаку дэлъхэм зегъэужьынымкIэ мы зэманым хагъэунэхукI унэтIыныгъэщIэхэр хуэщхьэпэнущ къэралым и щIыналъэ зэ­мылIэужьыгъуэхэм экономикэ и лъэныкъуэкIэ зэхуаIэ зэхущытыкIэхэр егъэфIэкIуэным, зегъэубгъуным.  
Къыхэгъэщыпхъэщ, Удмуртиемрэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ я предприятэхэм я япэ зэпыщIэныгъэхэм гъуэгу зэрагъуэтари. Зи­ ­гугъу тщIы хэгъэгу жыжьэм щыпсэухэм ди республикэм икIыу яIэрохьэ ди IуэхущIапIэхэм ягъэхьэзыр IэфIыкIэхэр, гъэшхэкIхэр, жылапхъэхэр.
ЗэгурыIуэныгъэм апхуэдэуи къыщыгъэлъэгъуащ щIыналъитIым технологие лъагэ зиIэ продукцэу къыщыщIагъэкIымкIэ зэ­хъуэжэным тещIыхьа Iуэхугъуэхэри. Къэбэрдей-Балъкъэрыр ­къэтщтэнщи, зи гугъу ящIахэм ящыщщ электроэнергетикэм  вольт лъагэ къыщызыгъэIурыщIэу ди деж щагъэхьэзыр Iэмэпсымэхэр, медицинэм ехьэлIа рентген техникэр, алмазым къыхэщIыкIа пкъыгъуэхэр, нэгъуэщIхэри. ЗэгурыIуэныгъэм къыщыхагъэщащ гъэсыныпхъэм ехьэлIа технологиехэмкIи зэхъуэжэнри.  
ЛъэныкъуитIыр щызэпсэлъылIэм, туризмэм пыщIа Iуэхугъуэхэми я гугъу ящIащ.
«Экономикэм и унэтIыныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэм зегъэу­жьынымкIэ щхьэж къигъуэта хэкIыпIэхэмкIэ зэхъуэжэнми и мы­хьэнэр зэрыиным шэч хэлъкъым», - жиIащ Къэбэрдей-Балкъэ­рым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

16.05.2026 - 09:03

Наркотикым щахъумэ

КъБР-м щыIэ МВД-м къыщапщытэжащ «Ажалыр щащэр къыджеIэ» наркотикым пэщIэт урысейпсо акцэм и япэ Iыхьэм кърикIуахэр.

16.05.2026 - 09:03

Адыгэ цIыхубэ уэрэдыжьхэм я пшыхь

ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым накъыгъэм и 14-м щекIуэкIащ адыгэ цIыхубэ уэрэдыжьхэм я фестиваль-зэпеуэ, КъБР-м и цIыхубэ артист, Адыгэ Республикэм щэнхабзэмкIэ щIы

15.05.2026 - 15:02

Къытхуэнащ и гуащIэр

УсакIуэ, зэдзэкIакIуэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ тхакIуэ, щэн­хабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэ­жьа­кIуэ Елгъэр Кашиф Мысост и къуэм и фэеплъ пхъэбгъу ар щыпсэуа, Лениным и цIэр зезыхьэ уэрамым тет 42

15.05.2026 - 09:03

Университетыр къыхызох

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэ­бэрдей-Балъкъэр къэрал университетым  и бжэхэр махуитIкIэ яхузэIуихащ школыр мы гъэм къэзыух ныбжьыщIэхэм.

15.05.2026 - 09:03

Дипломат ныбжьыщIэхэр ягъэхьэзыр

ООН-м къызэригъэпэщ «Мамырыгъэм    и жьэгу» джэгукIэм тращIыкIауэ Кавказ Ищхъэрэм щрагъэкIуэкI зэхыхьэр иджы­благъэ ди республикэм щызэхашащ.