НЫДЖЭКЪУЭ-НЭДЖЫГУ-НАДЖИГО

Мы цIэр зезыхьэ къуажэ цIыкIур хы ФIыцIэ Iуфэм Iус ПсыфIыпэ (Лазаревск) посёлкэм къухьэпIэ-ищхъэрэ лъэныкъуэмкIэ километр 25-кIэ пэжыжьэщ. Абы хъуапсэгъуэу зыдигъэзэгъащ ар зэгъэщIылIа Мэкъупс (Макопсе) и тIуащIэм. 

БзэщIэныгъэлIхэм я нэхъыбэм къызэралъытэмкIэ, къуажэм зэреджэ фIэщыгъэр псалъитIу зэхэухуэнащ: «ныджэ» - рэ «къуэ» - уэ. 
Мы щIыпIэм икIыу псыхъуащхьэхэмкIэ дэзыгъэзей гъуэгуитIым я зым Мэкъупс и къуэладжэ зэвым удешэ, адрейм шытх мылъагэм адэкIэ къыщыс Псыущхъуэ жылэм ухуешэ. 
Адыгэхэм дэхьэлIа тхыдэм къызэрыхэщыжымкIэ, тIуащIэм ижькIэрэ щыпсэуа шапсыгъхэм я нэхъыбапIэм Урыс-Кавказ зауэжьым иужькIэ Хэкур ябгынэн хуей хъуащ. Къэна унагъуэ тIэкIур бгым щхьэдагъэхри Хуарзэ псым и Iуфэм а лъэхъэнэм иджыри Iусыгъа Хьэджымыкъуэ абэзэхэ къуажэм дагъэтIысхьат, арщхьэкIэ а жылэри зэхэзехуэн щащIым, Ныджэкъуэ иIэпхъукIахэр къыдэкIыжри, къыщыхъуа я хапIэжьымкIэ къагъэзэжащ икIи зи гугъу тщIы къуажэр къагъэунэхужащ. Ахэращ къызытехъукIыжар нобэ мы щIыпIэм щыпсэухэм я нэхъыбэр. 

Мэкъупс-Макопсе
Мы цIэр зезыхьэ псым километр 12 и кIыхьагъщ. Абы и къыщIэдзапIэщ Псыущхъуэ бгым ипщэ-къуэкIыпIэ лъэныкъуэмкIэ щыIэ и джабэ нэкIухэр. Псыр хы ФIыцIэм щыхэлъэдэжым деж Iус урыс-ермэлы къуажэми а фIэщыгъэр зэрехьэ. 

Зэрынэрылъагъущи, щIыпIэцIэр IыхьитIу зэхэтщ: «мэкъурэ» «псыуэ». КъикIри гурыIуэгъуэщ. Абы къыхэкIыуи, лъахэджхэм ящыщ языныкъуэхэм къызэралъытэмкIэ, уэшхыр щыятэ лъэхъэнэхэм къуэм дэт мэкъупIэхэм къахилъэсыкI удз гъуахэр абдежым щежэх псым куэду къызэрыхихьэм къыхэкIащ фIэщыгъэу абы зэрихьэри. 

Щызэпаубыди къэхъуу 
Граждан зауэм и гуащIэгъуэу, Сочэ и Iэшэлъашэр зэпэзубыда Куржымрэ (Грузиемрэ) Урысеймрэ я лIыкIуэхэр 1919 гъэм и щIышылэм Париж щызэIущIат. Куржым къикIахэм абдежым щагъэлъэгъуат тхыдэм къыхэна я пащтыхьхэу Давид УхуакIуэмрэ Тамарэ Гуащэрэ я лъэхъэнэхэм а къэралым и щIыналъэм куэдкIэ зызэхишарэ абы Сочэрэ ТIуапсырэ я Iэгъуэблагъэри хыхьэу зэрыщытам ехьэлIа дэфтэрхэмрэ щIыналъэгъэлъагъуэ картэхэмрэ. А псом къыхэкIыуи яукъуэдият Куржым и гъунапкъэр ТIуапсы къалэ ипщэ-къуэкIыпIэ лъэныкъуэмкIэ километр 14-кIэ «пыIудза» Мэкъупс псы цIыкIум и Iуфэм ирикIуэн хуейуэ. АрщхьэкIэ, телъыджэр аращи, а зэманым ар зымыдэу къэувауэ тхыдэм къыхэщыжыр а щIыпIэр зэтезыIыгъа Деникинщ, хужьыдзэм генералу хэтар. 
 

 

КЪУМАХУЭ Аслъэн.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.