ИУЖЬРЕЙ ИЛЪЭСХЭМ ДИ НЭГУ ЩIОКI

ООН-м и Ассамблее Нэхъыщхьэм и 49-нэ сессиеу 1994 гъэм Франджым и къалащхьэ Париж щригъэкIуэкIам мэкъуауэгъуэм и 17-р Губгъуэшэкъракъхэм (къумхэм) земыгъэубгъунымрэ уэгъухэм япэщIэтынымкIэ (World Day to Combat Desertification and Drought) я махуэу къыщызэдалъытащ. КъыкIэлъыкIуа илъэсым ар къэрал куэдым гъэлъэпIэн щыщIадзащ. 

Уэгъухэр зыхуэмылъэ щIыпIэхэм щыпсэухэр егупсысынкIэри хэлъщ губгъуэшэкъракъхэм къыщыхъу тхьэмыщкIагъэхэм хуэдэхэр къалъэIэсын щхьэкIэ иджыри зэман куэд дыдэ дэкIын хуейуэ. АрщхьэкIэ, апхуэдэ Iуэху бгъэдыхьэкIэр, иужьрей къэхутэныгъэхэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, щхьэгъэпцIэжу къыщIэкIыныр зыхуэIуа щыIэкъым. 
И зы щапхъэу къэтхьмэ, Африкэм зыщызыубгъуа Сахарэ къум абрагъуэм ипщэкIэ щыIэ къэрал цIыкIухэр 2022 гъэм ирихьэлIэу цIыху мелуан 62-м нэблагъэм ябгынащ. Абыхэм, дызэрыщыгъуазэщи, мызыгъуэгукIэ егъэзыпIэу къыхахар а континентым ищхъэрэкIэ щиIэ и щIыналъэхэмрэ Европэмрэщ. Iэпхъуэшапхъуэ ямылейм къишэнкIэ хъуну зэщымыщхъуныгъэхэр зыхуэдэри иужьрей илъэсхэм ди нэгу щIокI.
Губгъуэшэкъракъхэмрэ уэгъумрэ щIэх-щIэхыу зыхуэлъэ щIыпIэхэр ди планетэм мы зэманым щымащIэкъым. Абыхэм къызэщIаубыдэ ЩIы Хъурейм и щхьэфэм щыщу процент 46-р, псори зэхэту, цIыху мелардищым нэблагъэм я хэщIапIэр. А псом я гущIыIужкIи, щIэныгъэлIхэм зэрыхуагъэфащэмкIэ, 2100 гъэм ирихьэлIэу ди планетэм уэгъур щыятэ и щIыналъэхэр нэхъыбэж хъунущ. 
Гъавэ щIапIэхэр, зыри щыхэпщIэ мыхъужу, зэрызэщIэгъущхьэм, хъупIэхэр удзыншэ зэрыхъум хэщIыныгъэу цIыхухэми къэралхэми къахуихьым я инагъыр къыпхуэмылъытэн хуэдизщ. Уэгъухэм щIыпIэдэлъху лъэпкъхэм ижькIэрэ къадекIуэкIа я хадэ зехьэкIэ-Iэщ зехуэкIэхэм зрагъэхъуэж, дунейпсо экономикэри зэпIэзэрыт щытыкIэм ирамыгъэтыжу гугъуехь Iэджэм хадзэ, псом нэхъыщхьэжращи, ерыскъыхэкIхэм я уасэхэр, уапэмылъэщын хуэдизу, драгъэуей.
ЩIэныгъэлIхэм къызэралъытэмкIэ, апхуэдэ гуныкъуэгъуэхэм нэхъ япэIэщIэ дыхъун папщIэ Iэмал нэхъыфIу къэгъэсэбэпыпхъэр щIыгулъыр щыщIэгъущхьэ щIыпIэхэм жыгыщIэхэр нэхъыбэу щыхэсэнырщ. КъызэрекIуэкIыр аращи, абыхэм я лъабжьэм удзыщIэхэми зыкъыщызэщIаIэтэ, псыIагъэми нэхъ зыщызэтраIыгъэ. Дауи, зэрыгурыIуэгъуэщи, уэгъухэр зыхуэлъэ апхуэдэ щIыпIэхэм лэжьыгъэ къызэрымыкIуэхэр щебгъэкIуэкIын папщIэ, къарууи мылъкууи текIуэдэнур мащIэкъым. Мис а псоми ирагъэгупсысу, цIыхухэми жылагъуэми хэкIыпIэ къыхуагъуэтын щхьэкIэщ зи гугъу тщIа махуэр а Iуэхум щIыхухахар. 
 

КЪУМАХУЭ Аслъэн.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

06.09.2026 - 09:03

Сабийхэм я узыншагъэмрэ шынагъуэншагъэмрэ

КъБР-м щыIэ МВД-м Наркотикхэр зэрызэра­гъакIуэм кIэлъыплъынымкIэ и управленэм ще­кIуэкIащ зэзыгъэуIу штабым и зэIущIэ.

06.09.2026 - 09:03

Адыгэ бзылъхугъэм и дахагъэр ягъэлъагъуэ

АДЫГЕЙ.

06.09.2026 - 09:03

Аруан щIыналъэм и зыужьыныгъэр

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек УФ-м и Къэрал Думэм и депутатхэу Геккиев Заур, ­Родинэ Викторие, Щхьэгуэш Адэлбий сымэ и гъусэу лэ­жьыгъэ IуэхукIэ Аруан райо­ным щыIащ.

06.09.2026 - 09:03

ЩыщIадзэжащ еджапIэ къагъэщIэрэщIэжахэм

Каменномост (Къармэхьэблэ) къуажэм дэт  курыт еджапIэ №2-р «ЩIалэгъуалэмрэ са­бий­хэмрэ» лъэпкъ проектым хэту зэрахьэри, фо­кIадэм и 1-м ирихьэлIэу и бжэхэр зэIуахыжащ. 

06.09.2026 - 09:03

Яухуэ, зэрагъэпэщыж, ирагъэфIакIуэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ щы­Iащ Лэскэн районым.