УРЫСЕЙПСО ЗЭПЕУЭМ КЪЫЩЫХОЖАНЫКIАрмавир къалэм щекIуэкIащ самбомкIэ Урысейпсо зэхьэзэхуэ. Абы и саугъэт нэхъыщхьэхэм щIэбэнащ къэралым и щIыналъэ псоми къикIа зи ныбжьыр илъэс 14-м нэблагъэ спортсмен 700-м щIигъу. Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу абы хэтащ самбистипщI. Зи хьэлъагъыр килограмм 35-м нэблагъэхэм я гупым щыбэнащ Бахъсэн дэт Щауэм и цIэр зезыхьэ спорт школым и гъэсэн Къудей зэкъуэшхэу Ислъамрэ Беслъэнрэ. Спортсмен 50 зыхэта зэпэщIэтыныгъэ гуащIэхэм зэIущIи 8 щезыгъэкIуэкIа Беслъэн зэхьэзэхуэм и дыжьын медалыр зыIэригъэхьащ. ЗымащIэкIэ медаль зратахэм къакIэрыхуащ етхуанэ хъуа Ислъам. Иджыри зы дыжьын медаль къихьащ килограмм 71-м нэблагъэхэм я деж щыбэна Лэтокъуэ Къантемыр. Къэхъун Бэч.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
|