ДЭТХЭНЭРИ АБЫ ХУЭДЭУ ЩЫТАМЭ

Республикэм и щIалэгъуалэ куэд къэралым и щIыналъэ зэхуэмыдэхэм щытхъухэр яIэу щолажьэ. Абыхэм ящыщ зыщ нобэ зи гугъу фхуэсщIыну щIалэр – Саратов къалэм Травматологиемрэ ортопедиемкIэ дэт щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым и травматолог, хирург-ортопед, медицинэ щIэныгъэхэм я кандидат Емкъуж Олег. Илъэс 16 хъуауэ ар мы IуэхущIапIэм щолажьэ, шэч хэмылъуи, а зэманым къриубыдэу лэжьыгъэ и пIалъэ хъарзынэу къищIащ икIи нобэ ар Iэзагъышхуэ зыбгъэдэлъ дохутыру къалъытэ.
Сэри згъэунэхуащ Олег и зэфIэкIыр зыхуэдэр. Куэд щIауэ си къупщхьэ зэрытыпIэхэр къызэузырт, ауэ операцэ езгъэщIыну сытемыгушхуэурэ екIуэкIырт. Сытми, тIэкIуи хэзгъэтIэсауэ, сытегушхуэри, нэгъабэ и шыщхьэуIу мазэм сыщIэгъуэлъхьащ Саратов дэт щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым, операцэ сащIын хуейуэ. Пэжыр жысIэнщи, Емкъужыр сцIыхуртэкъым, ауэ и хъыбарыфI куэд зэхэсхати, абы срихьэлIэну сыхуейт. «Дауэ мыхъуми, ди лъахэм щыщщ, абы къищынэмыщIауи, Iэзагъышхуэ зыбгъэдэлъ IэщIагъэлIу жаIэ, а щIалэм срихьэлIамэ, си гур нэхъ псэхунут», - жысIэурэ сегупсысырт икIи щIэмычэу Тхьэшхуэм селъэIурт дызэригъэхьэлIэну.
Палатэм сыщIашэри, дакъикъэ бжыгъэ нэхъ дэмыкIауэ, щIалэ лъагъугъуафIэ гуфIэжу къысщхьэщыхьащ. Къызэплъщ, си щытыкIэм теухуауэ зыгуэрхэмкIэ къызэупщIри: «Умыгузавэу, зыгъэпсэху, Тхьэм жиIэмэ, уи Iуэхур тэмэму зэфIэкIынущ. Операцэ узыщIынур сэращ: си цIэр Олегщ, Емкъужхэ сарейщ», - къызжиIащ. Си анэ къилъхуа си дэлъху къысщхьэщытым хуэдэу къысщигъэхъуащ а щIалэм къыпкърыкIа гуапагъэм, абы и нэгум къищ угъурлыгъэмрэ гумащIагъэмрэ сызэрыгузавэр сщхьэщахри, гупсэхугъуи къызатыжат.
Олег зэрыжиIам хуэдэу, операцэр тыншу зэфIэкIащ. Мазих дэкIмэ, етIуанэ операцэр къыспэщылъти, ари иджыблагъэ сщхьэщыкIащ. Си псалъэхэр схурикъунукъым Емкъуж Олег сызэрыхуэарэзыр къэсIуэтэну. Сэ абы сызэрыщыIам къриубыдэу а щIалэр зэIэзэ адрей сымаджэхэми абы фIыщIэ хуащIу куэдрэ зэхэсхащ, нэгъуэщI лъэпкъ щыщхэр си лъахэгъум къызэрыщытхъум сэри сригушхуэрт.
Сымаджэм и плъапIэр дохутырырщ, абы къыпхилъхьэ фIэщхъуныгъэми куэд елъытащ. Ар фIы дыдэу къызыгурыIуэ Емкъужым жэуаплыныгъэшхуэ хэлъу и лэжьыгъэр ирехьэкI, дэтхэнэми бгъэдыхьэкIэ щхьэхуэ къыхуигъуэтыфу, я гукъеуэр зыхуэдэр зригъащIэрэ, адэкIэ я Iуэху зэрыхъунум теухуауэ чэнджэщ яриту. АпхуэдизкIэ бзэ дахэ Iурылъщи, и псалъэ гуапэхэм сымаджэм гугъэ ирегъэщIыж. Дохутыр IэщIагъэр къыхэзыха дэтхэнэри Емкъуж Олег хуэдэу щытамэ, абыхэм яхуэмыарэзы зы сымаджи щымыIэнт.
КъызыхэкIа лъэпкъым и пщIэр зыIэт, цIыхугъэ лъагэ, нэмыс зыхэлъ щIалэм узыншагъэ быдэ иIэу, гуфIэгъуэр и куэду, и IэщIагъэ мытыншым и хъер илъагъуу, и адэ-анэм я жьауэм щIэтрэ и унагъуэ дахэр ефIакIуэу, и ехъулIэныгъэхэм хэхъуэу Тхьэм куэдрэ игъэпсэу!
 

ПЫЛ Ямыдэ (Ритэ).

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

20.04.2024 - 12:25

АЖЭГЪУЭМЭ - УЭСХЭКIЫКI - УЭСЧЭСЕЙ

Къэрал куэдым мэлыжьыхьым и 19-р «Ажэгъуэмэм и махуэу» щагъэлъапIэ. Абы гулъытэ хэIэтыкIа хуэщIыпхъэу къалъытэу, япэ дыдэу, I984 гъэм, Iуэхур къыщрахьэжьар Инджылыз къэралыгъуэрщ.    

20.04.2024 - 09:03

ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ДИКТАНТЫМ КЪЭРАЛ 50-М ЩIИГЪУ ХЭТЫНУЩ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм мы гъэм еханэу щекIуэкIынущ «ТекIуэныгъэм и диктанткIэ» зэджэ, гъэсэныгъэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэ щхьэпэр.

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж