ДИ ХЭКУЭГЪУ ЦIЭРЫIУЭ

Санкт-Петербург живописымкIэ, скульптурэмрэ архитектурэмкIэ Репиным и цIэр зезыхьэ и Академием щагъэлъэгъуащ.ХудожествэхэмкIэ Урысей Академием хэт, Санкт-Петербург щыпсэу икIи щылажьэ СэвкIуий Хьэмид «Маккавейские войны» зыфIища и лэжьыгъэхэр. 
Гъуазджэм и лIэужьыгъуэхэу графикэм, живописым, скульптурэм ехъулIэныгъэфIхэр щызиIэ ди лъэпкъэгъу сурэтыщIым и лэжьыгъэхэр ягу дыхьэнтэкъэ ар зылъэгъуахэм?! Выставкэм хагъэхьа и графикэ лэжьыгъэхэр сурэтыщIым игъэхьэзыращ «Вита Нова» тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIа «Священные тексты» тхылъым папщIэ. 
- СэвкIуий Хьэмид и Iэдакъэ къыщIэкIахэм къызэрымыкIуэ лэжьыгъэ яхэплъагъуэркъым. Зи хъэтI зиIэж художникым и сурэт псори зыгуэркIэ зэрызэщхьым гу лъыботэ, абыхэм ящIэлъ гупсысэм апхуэдизкIэ узыщIешэри, ахэр зэгъунэгъу ещIри, уи нэр здытеплъызэм зы сурэтым хуэдэу зэпыбогъэувэ, - жеIэ ХудожествэхэмкIэ Урысей Академием и академик, УФ-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Михайловский Семён. – Хьэмид и лэжьыгъэхэр зытриухуар зэрыцIыкIурэ къэзыухъуреихь, фIыуэ зыщыгъуазэ Iуэхухэрщ, и лъэпкъым и тхыдэрщ.
СэвкIуий Владимир и къуэ Хьэмид Къэбэрдей-Балъкъэрым иIэпхъукIыу Къэзахъстаным и Джамбул къалэм щыпсэуа адыгэ унагъуэм I964 гъэм къыщалъхуащ. 1979 гъэм ар Налшык къэIэпхъуэжащ. СурэтыщI цIэрыIуэ Сындыку Анатолэ и лъэщапIэм щIэх-щIэхыурэ зэрыкIуам и фIыгъэщ Хьэмид а IэщIагъэм зэрыдихьэхар. ЯпэщIыкIэ ар щеджащ Ставрополь пединститутым и художественно-графикэ факультетым, иужькIэ живописымкIэ, скульптурэмрэ архитектурэмкIэ Репиным и цIэр зэрихьэу Санкт-Петербург дэт институтым монументальнэ живописымкIэ и къудамэм. 
 Хьэмид и IэдакъэщIэкIыу ди щIыналъэм щыIэм я гугъу пщIымэ, I997 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и Парламентымрэ Правительствэмрэ я унэхэм папщIэ игъэхьэзыращ «Иван Грозный принимает кабардинскую делегацию», «Выход пахарей» лэжьыгъэхэр. 
2000 гъэм и лэжьыгъэхэр щагъэлъэгъуащ Барселонэ (Испание), 2002-2006 гъэхэм (живопись, графикэ, пхъэм къыхэщIыкIа скульптурэхэр) - Голландием (Амстердам, Гауда), 2004 гъэм Москва и сурэтыщIхэм я Унэм, «Белая река» зыфIаща и гъэлъэгъуэныгъэр Санкт-Петербург и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм хэтхэм я гъэлъэгъуапIэ пэшышхуэм щекIуэкIащ. Апхуэдэу СэвкIуийм живописымкIэ и выставкэхэр 2005 гъэм Самарэ, «Эпоха бронзы» зыфIищар а гъэ дыдэм Санкт-Петербург, къыкIэлъыкIуэхэр УФ-м и Къэрал Думэм и музейм, Санкт-Петербург ХудожествэхэмкIэ и академием, «Собирающие камни» зыфIищар 2006 гъэм Санкт-Петербург и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм щекIуэкIащ. Ар хэтащ Урысейм и сурэтыщIхэм я гъэлъэгъуэныгъэу Китайм къыщызэрагъэпэщам, урыс щэнхабзэм теухуауэ Голландием щекIуэкIа фестивалым. 
СэвкIуий Хьэмид и Iэдакъэ къыщIэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и япэ Президент КIуэкIуэ Валерий и скульптурэр. Ар Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал аграрнэ университетым и пщIантIэм 2007 гъэм щагъэуващ.
Урысейм и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм I996 гъэм СэвкIуийр хагъэхьащ. А гъэ дыдэм ХудожествэхэмкIэ урысей академием и ЩIыхь тхылъыр къыхуагъэфэщащ. 2007 гъэм къыфIащащ ХудожествэхэмкIэ урысей академием и член-корреспондент цIэр. Мы щIыхьыцIэхэм дэщIыбгъун иджыри куэду щыIэщ, нэхъыщхьэращи, ди хэкуэгъум и лэжьыгъэхэм щIэупщIэшхуэ щаIэщ ди къэралми хамэ щIыпIэхэми. 
СэвкIуий Хьэмид и лэжьыгъэ телъыджэхэр щахъумэ къэралым и музейхэм, Урысейм, Китайм, Испанием, Голландием, Германием, нэгъуэщI щIыналъэхэм щыпсэууэ абы и Iэдакъэ къыщIэкIахэм дихьэххэм я уней гъэтIылъыгъэхэм хэлъщ. 2000 гъэм щыщIэдзауэ Хьэмид Санкт-Петербург ХудожествэхэмкIэ и академием живописымкIэ и факультетым сурэт щIынымкIэ и къудамэм щрегъаджэ. Зи хэкуэгъухэр зыщызымыгъэгъупщэ сурэтыщIым и лэжьыгъэхэр нэхъыбэу зытеухуар и лъэпкъым и тхыдэрщ, и къекIуэкIыкIарщ, и щIыналъэм и щIыуэпс къулейрщ, нобэрей гъащIэм и лъапIэныгъэхэрщ. Хьэмид и лэжьыгъэхэм гупсысэ куурэ купщIэ инрэ ящIэлъщ. СурэтыщIыр щIэх-щIэхыурэ Налшык къокIуэж икIи и гуапэу хэтщ ди щIыпIэм щекIуэкI щэнхабзэ, гъуазджэ зэхыхьэхэм,   гъэлъэгъуэныгъэхэм. СэвкIуийм и IэщIагъэм, и зэфIэкIым и лъэпкъэгъухэр дрогушхуэ, ди щхьэр лъагэу дегъэлъэгъуж.

 

ТЕКIУЖЬ Заретэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

16.10.2026 - 09:03

ЩIыналъищыр зэпащIэ

УФ-м транспортымкIэ и министрым и япэ къуэдзэ Пашков Константинрэ Къэрал гъуэгу агентствэм и унафэщI Новиков Романрэ видеозэпыщIэныгъэкIэ я гъусэу, КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ Къэбэрдей

16.10.2026 - 09:03

Тхыдэр щахъумэ, щIэблэр щагъасэ

Тэрч районым хыхьэ Курп Ипщэ къуажэм дэт курыт еджапIэм Iэщыж Лолэ и цIэр зэ­рихьэу хэт школ музейр «Зи Iуэху бгъэ­дыхьэкIэр нэхъыфI музей» урысейпсо зэпеуэм текIуэныгъэр къыщызыхьа 70-м ящыщ хъуащ

16.10.2026 - 09:03

Жэпуэгъуэм и махуэ гуауэхэр

Налшык дэт 5-нэ къалэ библиотекэм щекIуэкIащ «Жэпуэгъуэм и махуэ ­гуауэхэр» зыфIаща зэIущIэр, 2005 гъэм ди республикэм къыщыхъуам теу_хуар.

15.10.2026 - 09:19

Мыхьэнэшхуэ зиIэщ бжыгъэхэр

Ди республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хуэзащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм лэжьыгъэ IуэхукIэ мы махуэхэм къэкIуауэ щыIэ, Къэрал статистикэмкIэ федеральнэ къулыкъущIапIэм и уна­фэщIым и къуэдзэ

15.10.2026 - 09:18

Къалэным хуэпэжахэр ящыгъупщэркъым

Налшык щекIуэкIащ Хабзэхъумэ IэнатIэхэм я лэ­жьакIуэхэу зи къалэн зыгъэзащIэу хэ­кIуэ­­дахэм я фэеплъ пэкIу.