НЭЧЫХЬ

«ФIы лъагъуныгъэр псэм и лъащIэщ», - Лермонтов Михаил.
Нэчыхьытхыр адыгэхэм я махуэшхуэ лъапIэт. Нэхъыбэм ныбжьыщIэхэр я зэгурыIуэныгъэкIэ, я фIэфIыныгъэкIэ я насыпыр зэпащIэрт. 
Пщащэмрэ щIалэмрэ хьэгъуэлIыгъуэм, адыгэ илъэсыщIэм, гуфIэгъуэ махуэхэм щызэрыцIыхурт. 
ЦIыхухэм укъалъагъуу узэхуэзэныр, ууэршэрыныр емыкIушхуэу къызэралъытэм къыхэкIыу, ныбжьыщIэхэр дэлэлкIэ зэрыщIэрт. Псалъэм папщIэ, щIалэм и ныбжьэгъухэр пщащэм деж къакIуэрти, щауэм и гум хуилъыр къащIэрт, гуапагъэрэ хуабагъэрэ я зэхуаку дэлъмэт лъыхъу щагъэкIуэнур. 
Адыгэхэм зэрыжаIэмкIэ, благъэ жыжьэми, уилъ зыхэт къэпшэныр напэтехт, зэи пхуэмыпшыныжын гуэныхьышхуэт. 
Пщащэм и ныбжьыр дэкIуэгъуэм щынэблагъэкIэ, пэш щхьэхуэ хухагъэкIырт. Абы пщащэр и псэм и щIасэм щыхуэзэну, щызэпсэлъэну хуитт, ауэ хъыджэбзым дыщIыгъун хуей и шыпхъу, дэлъху нэхъыщIэ е и ныбжьэгъу. 
Хъыджэбзым и унагъуэм ягъакIуэ лъыхъум пщIэ, нэмыс зыхуащI нэхъыжь зыбжанэ пашэу яхэтт, щIалэгъуалэ, благъэ, Iыхьлы куэду дыщIагъужырти, гъуэгуанэ трагъэувэрт. Нэса нэужь, нэхъыжьхэр пщащэм и благъэхэм епсалъэрт, уасэмкIэ зэгурыIуэрт. 
Пшынауэ макъымрэ Iэгуауэмрэ Iэтауэ нысащIэр щауэм и унагъуэм яшэрти, адэкIэ гуфIэгъуэм, къафэм, джэгум, дэрэжэгъуэм щIэ имыIэу къыпщыхъуу ефэ-ешхэр яублэрт. 
НысащIэр щауэ унэм щыщIашэкIэ, IэфIыкIэ, хугу, ахъшэ жьгъей кърапхъыхырт, насыпыфIэу, быныфIэу, къулейуэ и гъащIэр ирихьэкIыным хуеджэу. 
Нысэр унэм щыщIэбакъуэкIэ мэлыфэ къаубгъурт, абы трагъэувэрти, лэгъунэм щIашэрт. ХьэгъуэлIыгъуэр зэфIэкIыху, нысащIэр ямыгъэзэшу, трагъэууэ, епсэлъылIэу, къафэу, уэрэдхэр жаIэу лэгъунэм пщащэ зыбжанэ щIэст. Лъэпкъым хьэгъуэлIыгъушхуэм зыхуагъэхьэзырт. И чэзур къэсрэ, пщащэкъуэтхэр лэгъунэм къыщыщIэкIыжкIэ,абыхэм фэеплъ хьэпшыпкIэ уахуэупсэн хуейт. 
Ауэрэ, хьэгъуэлыгъуэ махуэм, адыгэхэм зэрахабзэм хуэдэу, ерыскъэшхуэ къаIэтырт: лы гъэва, гъэжьа, дэлэн кхъуей дэлъу, IэфIыкIэ зэмылIэужьыгъуэхэр, махъсымэ…
Нысашэ джэгур щекIуэкIыну пщIантIэм бэракъ плъыжь щаIэтырт, мы унагъуэм гуфIэгъуэ зэраIэр, джэгум псори къызэрырагъэблагъэм и нэщэнэу. Джэгум щауэхэр езыр-езыру кIуэрт, ауэ пщащэхэр кIэлъагъакIуэу кърагъашэн хуейт. ХьэщIэхэр шэджагъуэм ирихьэлIэу зэхуэсырти, джэгуакIуэм и тепщэгъуэм щIидзэрт – хьэгъуэлIыгъуэр къызэрекIуэкI щIыкIэри, абы щыжаIэ гушыIэхэри, уэрэдхэри, джэгури къызэзыгъэпэщри, езыгъэкIуэкIри арат. ДжэгуакIуэхэм къалэн гугъу зэрагъэзащIэм щхьэкIэ пщIэ, нэмыс лей хуащIырт. Арати, джэгуакIуэм щIалэгъуалэр утыку хъурейм къригъэблагъэрти, къафэр зэхаублэрт. 
АдэкIэ нысэр унэшхуэмкIэ щIашэрти, щауэм и благъэ цIыхубзхэм я пащхьэ ирашэрт. Абдеж нысащIэр Iумахуэ, бзэ IэфI хъун папщIэ и Iупэм IурыцIэлъ къыщахуэрт – форэ тхъурэ зэхэлъу. Бзылъхугъэхэр зырызурэ нысащIэм бгъэдашэурэ, ирагъэцIыхурт, ехъуэхъурт, IэплIэ хуащIырт, фэеплъ тыгъэкIэ хуэупсэрт. 
Нэгузыужьт адыгэхэм яIа мыпхуэдэ хабзэри: Iэгуауэрэ пшынэбзэкIэ унэм ирашэ нысащIэр щилъагъукIэ, щауэм и анэшхуэм гъуэгу гъуэмылэ, щыгъын тIэкIу, унэлъащIэ къызэщIикъуауэ, лъапсэр ибгынэ нэхъей, унэм къыщIэжырти, гъуэгыу утыку къилъадэрт, нысащIэм къыщIихуауэ жиIэу. 
НысащIэм абы щхьэщэ хуищIырти, къигъэзэжыну, унагъуэм къихьэжыну елъэIурт, еубзэрт. Фызыжьым и нэпсхэр щIилъэщIыкIыурэ, къигъэзэжырт, къэгуфIэжауэ. Мы хабзэмкIэ адыгэхэм къагъэлъагъуэрт нысащIэм нэхъыжьым хуищI пщIэмрэ абы хуиIэ лъытэныгъэмрэ. 
АдэкIэ къыкIэлъыкIуэ хабзэхэри нэхъ гъэщIэгъуэныжт: нысащIэр нэхъыжьхэм пIалъэкIэ епсалъэртэкъым, я пащхьэ къихьэххэртэкъым, унагъуэм исхэри нысащIэм хуэсакът. 
ЗэрымыщIэкIэ зэгурымыIуэныгъэ гуэрхэр яку къыдэмыхъуэн щхьэкIэ, щауэри и щыкъум щыщхэм пIалъэкIэ яхуэзэртэкъым. Ахэр зэпсалъэ, зэлъихьэ щыхъури щауэр щыкъуанэ джэдым ирагъэблагъэу, зэрыцIыхуа нэужьт. 
Псом нэхърэ нэхъ гъэщIэгъуэныр – нысащIэм и благъэхэр хьэгъуэлIыгъуэм хэттэкъым. Абыхэм я дежкIэ, пхъур унагъуэм ирашыныр – хэщIыныгъэт, гъуфIэгъуэшхуэуи пхужыIэнутэкъым, ауэ нысэ зыхуашам я IутIыжт. 
Нэхъ гъэщIэгъуэныжрати, щауэр и хьэгъуэлIыгъуэм къыхыхьэххэртэкъым, зыкъыщигъэлъагъуэртэкъым. Ари хабзэт. Абы ипкъ иткIэ, щIалэр нэхъыжьхэм я пащхьэ къихьэртэкъым, и чэзур къэсу унагъуэм къимыхьэжауэ, и унагъуэми, лъэпкъми закъригъэлъагъуртэкъым. 
Зы лъэныкъуэкIэ, мы хабзэхэр ткIиищэу, егъэлеяуэ къыпщыхъунущ, ауэ апхуэдэ зэхэтыкIэм губзыгъагъэ щIэншэ зэрыхэлъам къещэхуж. 
НэхъапэIуэкIэ и гугъу зэрытщIащи, нэхъыжьхэмрэ нэхъыщIэхэмрэ, цIыхубзымрэ цIыхухъумрэ я зэхущытыкIэхэр убзыхуат. Адыгэхэм яхэлъ гуащIэр джэгухэмрэ зэпеуэхэмрэ щагъэлъагъуэрт. Утыку къихьамэ, дауэдапщэм еблэгъамэ, адыгэлIым IэмалыфI къыхукъуэкIырт и гъэсэныгъэри, лIыгъэри, Iэзагъри, зэчийхэри къигъэлъэгъуэну.

Фырэ Анфисэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.

27.03.2024 - 13:58

БИЙМ ЗЫ ГУПУ ПЭЩIИГЪЭУВАТ

Тхыдэдж-щIэныгъэлI Сокъур Валерэ «Кърым зауэр къэзыхьа ХьэтIохъущокъуэ и къуэ Кургъуокъуэ - пщыхэм я Iумахуэт» зыфIища и тхыгъэм къызэрыхэщу, зи ныбжьыр илъэс 27-рэ фIэкIа мыхъуа Къаплъэн-Джэрий, I

27.03.2024 - 12:25

ДУНЕЙПСО ЗЭХЬЭЗЭХУЭР Я ПЛЪАПIЭУ

Мэзкуу областым и Рузэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондо лIэужьыгъуэмкIэ (ВТФ) Урысейм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ ныбжьыщIэхэм, хъыджэбзхэмрэ щIалэхэмрэ я зэхьэзэх

27.03.2024 - 09:03

СИ ЖЭНЭТ

(ГъащIэ теплъэгъуэ)