Зы утыку зэдихьэ IэпщIэлъапщIэхэр

«Гранд-Кавказ» хьэ­щIэщым гъэлъэгъуэныгъэ щIэщыгъуэ иджы­благъэ къыщызэIуахащ. «Roommates» арт-проектым хыхьэу выставкэм щагъэлъа­гъуэ сурэ­тыщI­хэу, IэпщIэлъапщIэхэу Тхьэ­гъэлэдж Къанте­мыр, ХьэцIыкIу Миланэ, Къармэ Камилэ, Жанукуевэ Эллинэ сымэ я ­Iэдакъэ къы­щIэ­кIа лэ­жьыгъэхэр. 
 КъБР-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм и сек­ретарь Къаныкъуэ Жан­нэ пшыхьыр къыщызэ­Iуахым къыхигъэщащ ­гъуазджэм и унэтIыныгъэ, жанр зэмылIэужьыгъуэхэр къызэщIэзыубыдэ лэжьыгъэ хьэлэмэтхэр хьэщIэщым и пэшхэм я утыку зэуэ иджы япэу къызэ­рыщрахьэр, декоративно-прикладной гъуаз­джэ хьэпшыпхэри хыхьэу. Су­рэт щIыным, графикэм, мывэм, ятIэ гъэжьам ­дахьэх щIалэ­гъуалэм я IэдакъэщIэкI­хэр куэду зэ­щхьэщыкIырт икIи щIэ­щы­гъуэт. 
 Выставкэр зи жэрдэм, хьэщIэщым и унафэщI Бабыгуей Ларисэ зэрыжиIамкIэ, хабзэ дахэ хъуа­уэ сурэтыщI щIалэгъуалэм я лэжьыгъэхэр гъэ къэс гъатхэм ирихьэлIэу «Гранд-Кавказ» хьэ­щIэ­щым щагъэлъагъуэ.
 Арт-проектыр къы­зэ­зы­гъэпэща икIи ар зи нэIэм щIэт сурэтыщIхэу Аккизовхэ Имарэрэ Керимрэ гъэ­лъэ­гъуэ­ны­гъэм хэт щIалэгъуалэм гуапэу ехъуэхъуащ я ­ехъулIэныгъэхэм нэхъри хагъэхъуэну икIи къыхураджащ я лэжьыгъэхэр щхьэхуэу утыку къыщрахьэну выс­тавкэ дэтхэнэми зэхиуб­лэу, абы ирагъэблэгъэну.

ТЕКIУЖЬ Заретэ. Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.

27.03.2024 - 13:58

БИЙМ ЗЫ ГУПУ ПЭЩIИГЪЭУВАТ

Тхыдэдж-щIэныгъэлI Сокъур Валерэ «Кърым зауэр къэзыхьа ХьэтIохъущокъуэ и къуэ Кургъуокъуэ - пщыхэм я Iумахуэт» зыфIища и тхыгъэм къызэрыхэщу, зи ныбжьыр илъэс 27-рэ фIэкIа мыхъуа Къаплъэн-Джэрий, I

27.03.2024 - 12:25

ДУНЕЙПСО ЗЭХЬЭЗЭХУЭР Я ПЛЪАПIЭУ

Мэзкуу областым и Рузэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондо лIэужьыгъуэмкIэ (ВТФ) Урысейм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ ныбжьыщIэхэм, хъыджэбзхэмрэ щIалэхэмрэ я зэхьэзэх

27.03.2024 - 09:03

СИ ЖЭНЭТ

(ГъащIэ теплъэгъуэ)