ЗИ ПСЭ ХУАБАГЪЭМКIЭ ЩIЭБЛЭМ ЯДЭГУАШЭХЭР

Мы гъэм епщыкIуиянэу ди къэралым щокIуэкI сабийхэм щIэныгъэ гуэдзэн езыт егъэджакIуэхэм я зэ­пеуэ. «Си гур сабийхэм язот» фIэщыгъэр зиIэ  а зэхьэзэхуэр Урысей Фе­дерацэм къы­щызэгъэпэщыныр 2004 гъэм къыхалъхьауэ щытащ УФ-м Егъэ­джэ­ныгъэмкIэ и министерст­вэмрэ егъэ­джэныгъэ IэнатIэм и лэжьакIуэхэм я профсоюзымрэ.

Зэпеуэм и къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщщ ныбжьыщIэхэм программэм и лейуэ ядэлажьэ IэщIагъэлI нэхъыфI-хэр утыку къишэныр, абыхэм ябгъэ-дэлъ Iуэху зехьэкIэ пэрытыр жылагъуэм  хэIущIыIу  щыщIыныр, я Iэзагъым адэкIи хагъэхъуэн папщIэ твор­ческэ Iэмал псори етыныр, егъэ­джакIуэ IэщIагъэм пэрыт псоми я пщIэр нэхъ- ри къэIэтыныр. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, а псори зыхуэунэтIыжар зыщ: зэфIэкI ­лъагэ зыбгъэдэлъ щIэблэ зэчиифIэ къэ­ралым къигъэтэджэнырщ.
 Хабзэ хъуауэ, зэпеуэр йокIуэкI, Iыхьэ зыбжанэу зэщхьэщыхауэ. Ди респуб­ликэм мы махуэхэм къыщызэрагъэ­пэщащ зэхьэзэхуэм и щIыналъэпсо Iыхьэр. «ДыгъафIэ къалэм», ТворчествэмкIэ сабий академием, щрагъэ­кIуэкIа а зэхыхьэ хьэлэмэтым хэтащ ­КъБР-м щылажьэ еджапIэхэу ныб-   жьы­щIэхэм щIэныгъэ гуэдзэн щрагъэ­гъуэтхэм къикIа IэщIагъэлI 28-рэ. Ябгъэдэлъ зэфIэкIхэмкIэ, Iуэху зехьэкIэ мардэ пэрытхэмкIэ зэпеуащ егъэджакIуэхэр, дэтхэнэми лэжьыгъэм ­щIэ гуэр зэрыхилъхьэфыр наIуэ къыпщащIу.
 Iуэхум и къызэгъэпэщакIуэхэм зэрыжаIэмкIэ, абы мы гъэм япэу къыхы-хьащ унэтIыныгъэщIэхэр. Апхуэдэхэщ, къапщтэмэ, «Естественнэ щIэныгъэ­хэр», «Утыкум япэу къохьэ» Iыхьэхэр. Абы­хэмкIи блэкIа илъэсхэм щыIа ­унэ­тIыныгъэхэмкIи егъэджакIуэхэм ягъэ­хьэзыра лэжьыгъэ хьэлэмэтхэм наб­дзэгубдзаплъэу кIэлъыплъащ зэ­пеуэм и къэпщытакIуэ гупыр. Абы ­хагъэхьащ КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм и Iэ­щIагъэлIхэр, егъэджакIуэ Iэзэхэр, методист IэкIуэлъакIуэхэр.
Утыку екIуу итынымкIэ, лэжьыгъэм хэлъ щхьэхуэныгъэр наIуэ къэщIынымкIэ, Iуэху хэхам хуаIэ педагогикэ бгъэ­-ды­хьэкIэмкIэ, дерс зэIухахэр егъэкIуэ­кIы­нымкIэ, упщIэ-жэуап кIэщIхэмкIэ ­зэпеуэм жыджэру хэтынымкIэ зэхьэ­зэхуащ егъэджакIуэхэр. ЕкIуэкIа лэ­жьыгъэ псоми гупсэхуу кIэлъыплъа къэп­щытакIуэхэм утыку къихьа IэщIагъэлIхэм къыхахащ фIым я фIыжу ­къалъыта егъэджакIуи 6, зыхэта унэ­тIыныгъэ елъытауэ. Зэпеуэм и социально-гуманитар унэтIыныгъэм пашэ щыхъуащ Азаматовэ Танзиля («ДыгъафIэ къалэ» творчествэмкIэ сабий академие), техникэ унэтIыныгъэмкIэ адрейхэм къахэщащ Гъыдзэ Раметэ (Малкэ къуажэм дэт курыт школ №3-м и «Зыужьыныгъэм и къежьапIэ» центр), физкультурэмрэ спортымкIэ унэтIы­ныгъэм щытекIуащ Къазий Михаил ­(Сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ я творчествэмкIэ республикэ уардэунэ), естественнэ щIэныгъэхэмкIэ унэтIы­ныгъэм къыхэжаныкIащ Даур Заирэ ­(Бахъсэн районым Сабий творчествэмкIэ и центр), художественнэ унэтIыныгъэмкIэ нэхъыфIу къалъытащ Кулаги-нэ Нинэ (Тэрч районым Сабий твор­чествэмкIэ и центр), япэу утыку къи­хьахэм  къахэбелджылыкIащ  Ульбашев Махьмуд (Тырныауз къалэм Совет Союзым и ЛIыхъужь Кузнецов Васи- лий и цIэр зэрихьэу дэт курыт школ №6).
ФIым я фIыжу къалъыта а егъэджа­кIуихыр ягъэлъагъуэ «Си гур сабийхэм язот» къэралпсо зэпеуэм и иужьрей Iы­хьэм хэтыну. ЦIыху 90 зыхэтыну, унэ­тIыныгъи 9-кIэ зэщхьэщыхауэ екIуэкIыну а зэхьэзэхуэр 2022 гъэм и фокIадэ мазэм Красноярск къалэм къыщызэ­рагъэпэщынущ. ЩIэблэм щIэныгъэ гуэдзэн егъэгъуэтынымкIэ зи цIэр фIыкIэ Iуа ди егъэджакIуэхэм дохъуэ­-хъу урысейпсо утыкум екIуу зыкъыщагъэлъэгъуэну, абы щекIуэкIыну зэпеуэ­хэми ехъулIэныгъэфIхэр къыщахьу ­ди республикэм и щIыхьыр къэралым ­лъагэу щаIэтыну.

ЖЫЛАСЭ Маритэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.03.2024 - 17:28

ХАМЭ КЪЭРАЛХЭМ ЗЭРАДЭЛАЖЬЭМ ФЕЙДЭ КЪЫПОКIУЭ

Хамэ къэралхэм ящыщу Къэбэрдей-Балъкъэрым сату нэхъыбэу зыдищIыр СНГ-м хэтхэращ икIи иужьрей илъэситIым къриубыдэу республикэм зэригъэкIуэкIа продукцэм и куэдагъым процент 25-кIэ хигъэхъуащ, жиIащ

29.03.2024 - 17:23

ЗЫУЖЬЫНЫГЪЭМ И ЛЪАГЪУЭМ ИРОКIУЭ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Ставрополь крайм и губернатор Владимиров Владимиррэ Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм и УнафэщI Темрезов Рашидрэ щIыгъуу хэтащ Тырныауз къалэм дэт, сыт и лъэныкъуэкIи з

29.03.2024 - 08:57

ХЬЭЩIЭХЭМ ДЫКЪЫХАГЪАЩIЭ

Урысей Ипщэмрэ Кавказ Ищхъэрэмрэ регби 7-мкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным теухуа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Налшык къалэм щекIуэкIащ.

29.03.2024 - 08:56

ГУАПЭУ ЯГУ КЪАГЪЭКIЫЖ

КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист, Урысей Федерацэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ, «Советская молодёжь» газетым и редактор нэхъыщхьэу щыта Къардэн Мухьэм

29.03.2024 - 08:56

ХАДЭХЭКI ФIЭIУГЪЭХЭМКIЭ ДЫПАШЭЩ

Пхъэщхьэмыщхьэмрэ хадэхэкIымрэ къыхащIыкI консерву Кавказ Ищхъэрэм къыщыщIагъэкIым и процент 90-р Къэбэрдей-Балъкъэрым къылъос.