ДЭРЭЖЭГЪУЭ КЪУИТРЭ УЗЫIЭПИШЭУ

Грознэ къалэм щекIуэкIащ Урысей МЧС-м и Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым и щIыналъэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэм IэпщэрыбанэмкIэ я чемпионат.

Зэхьэзэхуэм зэхуишэсат Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм и спортсмен нэхъ лъэщхэу 50-м щIигъу. Къэ­бэрдей-Балъкъэрым щыщу абы хэтащ Жапуев Альберд, Къаншокъуэ Роберт, Нэзэр Ахъед, Нэзэр Залым, Тхьэкъуахъуэ Ильяс, Темыркъан Астемыр, Къушхьэ Ельдар, Аюб Залым, Шур­дым Амир сымэ.
Iэпщэрыбанэ бэнэкIэм и хабзэхэм къызэрагъэувым тету, зэ­хьэзэхуэхэр екIуэкIащ олимп зэхьэзэхуэхэм я жыпхъэмкIэ спортсменыр хагъэкIыу.
Дэрэжэгъуэ къуитрэ узыIэпишэу екIуэкIащ чемпионатыр. Дэтхэнэ бэнакIуэми текIуэныгъэм хуэпабгъэу, сыт и лъэны­къуэкIи ерыщу икIи екIуу зыкъигъэлъэгъуащ.
Я хьэлъагъ елъытауэ, япэ увыпIэхэр яубыдащ ди бэнакIуэ лъэщхэу Жапуев Альберд, Тхьэкъуахъуэ Ильяс, Аюб Асте-       мыр сымэ. Къаншокъуэ Роберт ещанэ увыпIэр къылъысащ.
Чемпионатым кърикIуахэмкIэ етIуанэ увыпIэр ­къихьащ   КъБР-м и гупым, дыщэ медали 4-рэ зы жэз медалрэ зыIэрагъэхьэри.
ТекIуахэмрэ къыхэжаныкIахэмрэ иратащ дипломхэр, ме­далхэмрэ кубокхэмрэ.
Спорт зэхьэзэхуэр ирагъэкIуэкIащ узыншагъэр хъумэн зэ­ры­хуейр яхэпщэн, физкультурэм нэхъыбэ дегъэхьэхын мурад-       кIэ.
ЕкIуу зыкъэзыгъэлъэгъуахэм  щIалэхэм дрогушхуэ! Дэ абы­хэм дохъуэхъу  спортымкIэ ехъулIэныгъэ екIухэр дяпэкIи зыIэ­рагъэхьэну!

БЕР Къантемыр.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.