ДАХАГЪЭМРЭ IЭЩIАГЪЭМРЭ

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым архитектурэм, ухуэныгъэмрэ дизайн хуэIухуэщIэхэмкIэ и ­къудамэм щеджэхэмрэ и ­хьэ­щIэ­хэмрэ папщIэ дэрбзэр IэщIагъэр къыхэзыхахэм я  гъэ­­лъэгъуэныгъэ хьэлэмэт иджыблагъэ щекIуэкIащ.

Щыгъын гъэлъэгъуэныгъэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэ­ра­­лыгъуэр илъэси 100, ­КъБКъУ-р илъэс 90, дизайн хуэIухуэщIэ-хэмкIэ колледжыр къызэрызэ­Iуахрэ илъэс 30 щрикъум ирихьэлIэу ирагъэкIуэкIащ. Абы ­кърихьэлIащ КъБКъУ-м и егъэджакIуэхэр, студентхэмрэ аспирантхэмрэ, еджапIэр къэзыу­хауэ щыта, нобэ IэнатIэ зиIэ IэщIагъэлIхэр, ныбжьыщIэхэм я адэ-анэхэмрэ Iыхьлыхэмрэ, ­щыгъыным епха IэщIагъэхэр фIыуэ зылъагъу, а дунейм ще­кIуэкI зэхъуэкIыныгъэхэм кIэ­лъыплъ дэтхэнэ зыри.
Зэхуэсым кърагъэблэгъащ КъБКъУ-м егъэджэныгъэмкIэ и проректорым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Лесев Вадим. МахуэщIыр къызэIуихыну япэ псалъэр щратым, абы къыхигъэщащ щыгъын гъэлъэгъуэныгъэхэр къызэгъэпэщыныр кол­­леджым хабзэ дахэ зэрыхуэхъуар, абы кIуэ пэтми зэрызиубгъур, ар IэщIагъэм гури псэри езытхэм я утыкушхуэ зэрыхъур.
Абыи къищынэмыщIауэ, зи ­гуащIэрэ зэфIэкIкIэ лэжьыгъэм къыхэжаныкI, егъэджа­кIуэ зыбжанэм КъБКъУ-м къыб­гъэ­дэ­кIыу Лесев Вадим фIыщIэ тхылъ­хэр яритащ, ахъшэ тыгъэкIэ яхуэупсащ.
Колледжым и унафэщI Къанло Алим псалъэр щратым, еджапIэр КъБКъУ-м и къудамэщIэ-хэм зэращыщыр, дунейм ще­кIуэкI зэхъуэкIыныгъэхэм къахэкIа IуэхущIапIэу зэрыщытыр къы­хигъэщащ. «Ныбжьышхуэ димыIэми, лэжьыгъэшхуэ къы­зэднэкIащ. Дэ дызэфIэувэн ­хуейт. Абы щхьэкIэ дызы­хуеймрэ дызыхущIэкъумрэ нахуэу тщIэжу, ди лэжьыгъэр дэкIыу Iуэхур дгъэпсын хуейт. Си гугъэщ ар къыдэхъулIауэ. Нобэ дэ езым ди тхыдэ диIэжщ, хабзэ пыухыкIахэр къыддогъуэгурыкIуэ, къы-­дэ­кIуалIэ щIалэгъуалэр гуп-     сы­­сэ­щIэхэмрэ IэмалыщIэхэмрэ ­ху­зэIухауэ щытщи, дызытет ­дунейр нэхъ щIэщыгъуэ, гъэ­­щIэ­гъуэн, гуимыхуж, нэ­хъыщ­хьэращи, дахэ зэрытщIыным дыхэтщ. ЩIэныгъэ зэгъэ­гъуэтыныр лэжьыгъэм пэщIэтхыркъым - ди ныбжьыщIэхэр зыхуедгъаджэ псори нэсу зэхащIыкIын, курыхыу хэплъэрэ купщIэр къыхаубыдыкIыфу щы­тын папщIэ, а зэджамкIэ къэ­хутэныгъэхэр идогъэкIуэкI, Iэпэ­Iэсэныгъэ къызыхах практикэ лэжьыгъэхэр къызыдогъэпэщ. Гупсысэр езыр шэ къэуэжым ещхьщ - гуащIэщ, къэлыды­гъуафIэщ. Ауэ ущызэгурыIуэм деж, сыт хуэдэ гугъуехьри къы­зыбонэкIыф. Ди колледжым щылажьи щеджи зы унагъуэм хуэдэщи, абы и лъэныкъуэкIэ ди кIэн къикIауэ жыпIэ хъунущ, тщIыхэри тщIэхэри къыщIыддэхъури абы хуэхьыпхъэщ. Хабзэ хъуауэ илъэсым и кIэхэм едгъэкIуэкI мы гъэлъэгъуэныгъэ­хэр сыт щыгъуи Iуэхугъуэ пыу­хы­кIахэм тыдоухуэ. Согугъэ мыгъэрейми фыкъызэщIиIэтэну, щыгъын и IуэхукIэ фытезыгъэгушхуэн щапхъэрэ бзыпхъэрэ мымащIэу хэфлъэгъуэну. Фе­фIэ­кIуэну си гуапэщ!», - жиIащ Къанло Алим.
Къэпсэлъэныгъэхэр зэфIэкIа нэужь, кIыхьу яукъуэдия утыкум япэу къихьащ колледжым и япэ илъэсыр къэзыух еджакIуэхэр. Абыхэм я къалэным хыхьэрт ­махуэ къэс зэрахьэ хъуну плIэ, бостей, кIэ, гъуэншэдж зэ­мы­лIэужьыгъуэхэр ягъэлъэгъуэну. Хъыджэбзхэм япэ дыдэу ягъэ­лъагъуэ я IэщIагъэхэр япэ илъэ­сым зрагъэгъуэта щIэныгъэм и Iэужьу щытыпхъэт. Гъэлъэ­гъуэныгъэм хэтахэм къыхаха Iэ­щIагъэм гурэ псэкIэ зэретар, я гъащIэр абы ирапхыну зэры­хуейр сыт и лъэныкъуэкIи къы­хэщащ. Гу лъыптэт дэтхэнэ зы щыгъыныгъуэми ар зи Iэдакъэ­щIэкIым и хъэтIыр хилъхьэну, и еплъыкIэр хиухуэнэну, зыми хэмыгъуащэ икIи а IэщIагъэр зейр къэзыгъэлъэгъуа нэщэнэ­хэр къытещу игъэпсыну зэры­хэтыр.
ХьэщIэхэм хьэлэмэт дыдэ ­къащыхъуащ Ахъий Камиллэ хъы­джэбз ныбжьыщIэхэм пап­щIэ ищIа кIэ лIэужьыгъуэхэмрэ фэ Iэ­ры­щIым къыхэщIыкIауэ абы­хэм ягуилъхьэжа Iэпхъуантэ цIыкIухэмрэ. Теплъэгъуэ зэры­Iыгъым и щхьэхуэныгъэхэм ящыщщ абыкIэ махуэ къэс уэ­рамым укъытехьэ зэрыхъунур. ЩIэщыгъуэ дыдэт икIи зыми ещхьтэкъым Яли Ушар и Iэда-къэ къыщIэкIа щыгъынхэмрэ полимер ятIагъуэм къыхи­щIыкIыу абыхэм ягуилъхьэжа Iэп­­щэхъу, Iэлъын, тхьэгъу зэмы­лIэужьыгъуэхэмрэ. Мысрокъуэ Лаурэ гъэлъэгъуэныгъэм кърихьэлIахэм яригъэлъэгъуащ и бостейхэмрэ щыгъэ хьэдзэхэм къыхэщIыкIа Iэпхъуантэ хьэлэ­мэт­хэмрэ. Тюбеевэ Сабринэ цIы­хухэм гукъинэж ящыхъуащ кIэ кIыхь зэмылIэужьыгъуэу ­утыку кърихьахэмкIэ.
IэщIагъэлIхэм зэрыжаIэмкIэ, цIыхубзхэм махуэ къэс зыща­тIагъэ щыгъыныр Iэхуитлъэхуиту щытмэ нэхъ къащтэ. Абы ­къы­хэкIыу спортым хуэщIа щыгъы­ныгъуэхэр цIыхубзхэм кIуэ пэтми нэхъ зрахьэлIэ, зыщатIагъэ ­хъуащ. Колледжым щеджэ ныб­жьы­щIэхэм ящыщу етIуанэ илъэ­сыр къэзыуххэм ар гупсы-сэ тегъэщIапIэ ящIри, иджырей ­дунейми езэгъыу, цIыхубзхэмкIи тыншу щытыну спорт щыгъын зэмылIэужьы­гъуэхэр утыкум ­кърахьащ.
Колледжыр къэзыуххэм ягъэ­лъэ­гъуа щыгъынхэр унэтIы­ныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэм хэп­лъытэ хъунущ. Мыбыхэм яхэп­лъэгъуэнут классикэм щегъэ­жьауэ сафари, джинс, кэжуэл щыгъын хъэтIыщIэхэм щы­щIэ­кIыж теплъэгъуэхэр. Я цIэ къудейм нэрылъагъу къыпщещI ныб­жьыщIэхэм я къэухьыр зэ­рыубгъуар, куэдым я акъыл зэ­рынэсыр, зытелэжьыхь Iуэху­гъуэм псэ халъхьэну зэрыхущIэкъур. Апхуэдэу гъэщIэгъуэн ды­дэт Анаевэ ФатIимэ «Jentl hoom» зыфIища и классикэ щыгъын ­теплъэгъуэхэм деконструктивизм жыхуаIэм и пкъыгъуэхэр зэрыхигъэзэгъар, Бахъсэн Миланэ и «Узымыгъэзэш классикэм» хэлъ плъыфэ зэщIэ­жьыуэр, Бицу Каринэ кэжуэл хъэтIкIэ зэригъэпэща и «Silver moon» щыгъыныгъуэхэр, Куэ­шэр Амалие «The Amalia» зы­фIища, романтизмэр зэбэкI нысашэ щыгъынхэр, Хьэмыз Алёнэ «Vamp» фIэщыгъэр зрита, псэ­лъыхъу унэтIыныгъэ зиIэ и щыгъынхэр, Мэремкъул Русалинэ «Nuage» («Пшэхэр») цIэ хьэ­лэ­мэтыр зрита щыгъын теплъэ­гъуэ хьэлэмэтхэр, сыт хуэдэ зэманми екIу, дапщэщи щыптIагъэ хъуну ЩоджэнцIыкIу Лилэ ищIа «SAFARYTime» щыгъын зэрыIыгъхэр, Шыкъ Миланэ и «Dark as your soul» щыгъыны­гъуэ зэрыIыгъым хэт бостей фIы­цIэхэр, нэгъуэщIхэри.
ЗэрыгурыIуэгъуэщи, щыгъын дунейм езым и плъыфэхэр иIэжщ, и щхьэхуэныгъэхэр бгъэ­дэлъыжщ, и гъуэгухэр унэтIы­ныгъэ куэдуи зэхокIыж. Ныб-жьы­щIэхэм а псом хащIыкIыу лэжьыгъэр зэрагъэзащIэм уи фIэщ ящIырт дунейм къыще­кIуэкI ­щыгъын гъэлъэгъуэкIэм хэлъ щэху псоми зэрых­уэ­Iэ­рыхуэр, абы къыкIэрымыхуну иужь зэритыр.
Дауи, мыпхуэдиз дахагъэр щыIэнутэкъым, щIалэгъуалэм ядэлэжьа егъэджакIуэхэр мы­хъуа­тэмэ. Апхуэдэу я цIэ къи- I­уапхъэщ дэрбзэр нэхъыщхьэ, «Адыгэ цIыхубз фащэм и дыкIэ-гъэпсыкIэр» дерсыр езыгъэ­кIуэкI Блий Алинэ, дэрбзэр нэ­хъыщ­хьэ, бзакIуэ-технолог, «Щы­­гъын лIэужьыгъуэщIэхэм          я технологиер» дерсыр езыгъэ­кIуэкI Къэшэж Елизаветэ, щыгъын гъэдэхэкIэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ IэщIагъэлI, сурэтыщI, графикэ IэрыщIым, бжыгъэ­рылъанэ технологиехэмрэ тхыпхъэщIыпхъэ къыхэхынымкIэ дерс­хэр езыгъэкIуэкI Цорионовэ Риммэ, дизайнер, щыгъы­ным и бзыпхъэр сурэтым тещIы­кIы­нымкIэ дерсхэр езыгъэкIуэкI Хьэ­жы Залинэ сымэ. Къыхэгъэ­щын хуейщ егъэджакIуэхэр псори компьютер программэхэм хуэ­Iэзэу, абы къигъэув Iэмалхэр егъэджэныгъэми, дэкIэ-бзэкIэми къыщагъэсэбэпу зэрыщы­тыр. Абыхэм я фIыгъэщ ныбжьы­щIэхэм щыгъын гъэхьэзыры-ным бжыгъэрылъанэ Iэмалхэр халъ­хьэф зэрыхъуар.
Щыгъын гъэлъэгъуэныгъэм кърихьэлIа псоми зэIущIэр дахагъэмрэ IэщIагъэмрэ я махуэщIу къалъытат, апхуэдизкIэ гуимыхужт, узыIэпишэрт, уигъэ­хъуапсэрти. ЖыIэн хуейщ кол­леджыр къэзыуххэм дежкIэ ­щыгъын гъэлъэгъуэныгъэр къэрал гъэунэхуныгъэхэм езышалIэ япэ лъэбакъуэуи къызэ­рыщIэкIар. Дахагъэр зи Iэпэгъур дэнэ дежи къызэрыхэщынум, фIы и лъэныкъуэкIи къызэ­рыщылъэгъуэнум шэч къытетхьэркъым. Дэтхэнэ ныбжьыщIэми и гъуэгу гъащIэм щи­гъуэтыжыну, и IэнатIэм щыгуфIыкIыу ехъулIэныгъэхэр щыз­ригъэгъуэтыну дохъуэхъу!

ШУРДЫМ Динэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.