«ГУ ЩIЭРАЩIЭХЭР» ЗЫГЪЭЩIЭРАЩIЭ

Бзылъхугъэм Iуэху куэд зэдехь: унагъуэ, лэжьыгъэ, щIэныгъэ, IэщIагъэ, бын.  Ар апхуэдэу къигъэщIащи, Iуэхуу и пщэ дэлъыр гъэщIэгъуэныщэу зэдехьыф, зыкIэлъегъэкIуэф, псоми нос, зыри гулъытэншэ имыщIу. Къарууншэ къарууфIэ, жыпIэнурамэ. АтIэ къызэщывгъэхъут иджы бзылъхугъэр дыщэкIыу, гъукIэу е пхъащIэу… Абы сыт хуэдэ къару хэлъын хуей, и бэшэчагъыр дэнэ нэсын хуей, апхуэдэ лэжьыгъэ мытыншымрэ цIыхубз къалэнхэмрэ зэдихьыфын папщIэ?! КъызэрыщIэкIымкIэ, жыгыщIэ лантIэу цIыхубз IэмащIэлъэмащIэхэми къакъуокI апхуэдэ зэфIэкI. Абы и щапхъэщ ЦIыпIынэ (Елгъэр) Марианнэ. 

Марианнэ 2005 гъэм къиухащ Налшык къалэ дэт 29-нэ гимназиер. Творчествэм дихьэх пщащэр иджыри курыт еджапIэм щIэсу къафэм, художественнэ школым кIуэрт. 
- Си адэ-анэм къысхуагъэдэхащ си жардэмыр, си гурылъыр. СызыщIэхъуэпсри къызэхъулIащ – 2005 гъэм сыщIэхуащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым гъуазджэхэмкIэ и къудамэм. Ар диплом плъыжькIэ къэзухри, сабийхэм эстетикэ гъэсэныгъэмкIэ щадэлажьэ, Къэзанокъуэ Жэбагъы и цIэр зезыхьэ къалэ IуэхущIапIэм и лъахэхутэ студием гъэсакIуэу сыуващ. Гъуазджэм, творчествэм лъагъуныгъэ куу хузиIэу сыкъэтэджащ. Щапхъэ зытесхар си адэшхуэ, КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ Елгъэр Кэшифщ. Дадэ и IэщIагъэм пщIэ зэрыхуищIыр, фIыуэ зэрилъагъур, жэуаплыныгъэ пылъу зэрыпэрытыр си нэгу щIэкIырти, сэри зэгуэр апхуэдэу сыхъуну сыщIэхъуэпсырт. Си адэшхуэр илъэс 90 хъужащи, нобэр къыздэсым зы сатыр имытхауэ жэщ къытехъуэркъым. IэщIагъэр къыщыхэсхым щыгъуэ абы къызжиIауэ щытащ: «Зэ егупсысыж, тIасэ… Творчествэм ухуэмылажьэу зы махуэ закъуэ упсэуфыну къыпщыхъумэ, абы ухэмыхьэ». КъызэрыщIэкIащи, чэнджэщ щхьэпэ, сыт щыгъуи хуэдэу, къызитат си адэшхуэм. Адыгэ  хабзэм, бзэм, щэным, культурэм и дахагъэр си нэгу щIэкI зэпыту балигъыпIэ сиувати, еджапIэ нэхъыщхьэ сылъыхъуэу, си щIыналъэри схуэхъуэжынутэкъым, нэгъуэщI зыгуэри IэщIагъэ схуэщIынутэкъым. Ди республикэм апхуэдэ къудамэ зэрыщыIэр къэсщIа нэужь, «Художественнэ гъущI» жыхуиIэ кафедрэм си насып зэрыхэлъым шэч къытесхьэжакъым. ЩIэныгъэ куурэ цIыхугъэ лъагэрэ яхэлъу, гуапэу сигу къинэжащ НакIэ Феликсрэ Юзбашев Мурадрэ. Ди IэщIагъэ гъунапкъэншэм дахагъэу хэлъымрэ абы пщIэуэ хуэфащэмрэ дыщагъэгъуэзащ абыхэм. А егъэджакIуэ телъыджэхэм дызыщIагъэджыкIа лэжьэкIэм нобэр къыздэсым сытетщ.
- Марианнэ, дэтхэнэ зы IэщIагъэлIми гъэсэн иIэщ. Къапщтэрэ уи лэжьэкIэм, уи Iэмалхэм сыщыгъуэзарэт жызыIэхэр. 
- Хьэуэ. Къэзанокъуэ Жэбагъэ и цIэр зезыхьэ IуэхущIапIэм щезгъэджахэм къищынэмыщIа, гъэсэн сиIэкъым. Ауэ, уи нэмыс нэхъ лъагэ ухъуи, зы щIалэрэ зы хъыджэбзрэ диIэщи, ахэр сытым дежи къыскIэщIэсщ, сщIэр яфIэгъэщIэгъуэн дыдэу къыскIэлъоплъ, лэжьэну гукъыдэж яIэщи, си Iэмэпсымэхэм сащымысхьу язотри, согъэлажьэ. 
- Творчествэм епха цIыхухэр зэи я пIэ иткъым. Я IэщIагъэм, щIэныгъэм зэрыхагъэхъуэным пылъщ, езыхэми мурадышхуэхэр кърахьэкI. Уэ сытхэр уи мурад?
- Пэжыр жыпIэмэ, гурылъышхуэ къызохьэкI. Быдэу тезухуащ лъэпкъ фащэм кIэралъхьэ пкъыгъуэхэм, гъущIхэкIхэм зэрелэжь щIыкIэхэр къэстIэщIыжыну, абы зезгъэужьыну. Ар лэжьыгъэшхуэщ, уи пIэ уис мыхъуу, улъыхъуэн, ущIэупщIэн, зыщIэм улъыгъуазэу уи нэкIэ зэбгъэлъэгъун хуейщ. Ауэ нобэкIэ схузэфIэкIынум, сызыхуэхьэзырым я гугъу пщIымэ, дыщэм, дыжьыным, пхъэм, къупщхьэм къыхэщIыкIа хьэпщыпхэм я гъэлъэгъуэныгъэ къызэзгъэпэщыну сыхуейт. 
- Уи IэдакъэщIэкIхэм ящыщу щIэупщIэ нэхъ зиIэхэр сыт хуэдэ хьэпшыпхэра?
- Дыжьынымрэ вы бжакъуэмрэ къыхэщIыкIа хьэпшыпхэмрэ Iэпщэхъухэмрэ нэхъ къащтэ. «Гу щIэращIэхэр» зыфIэсща лэжьыгъэ зэкIэлъыкIуэхэм сытезыгъэгушхуар гум и адыгэ дамыгъэрщ. Абы селъэжьыжщ, зэхъуэкIыныгъэ гуэрхэр хэслъхьэри, си IэдакъэщIэкIхэм тездзэу къэзублащ. ИкIи апхуэдэ фэилъхьэгъуэ къэзыщта цIыхухэр илъэс бжыгъэ дэкIыжауэ къыщысхуэтхэ щыIэщ, а хьэпшыпыр зэи зрамыхыу зэрызрахьэр, фIы къазэрыхудэкIуар жаIэу. Ар  си гуапэ мэхъу. 
- Апхуэдиз хухэхъуэгъуэ къозыт лэжьыгъэр къыщыхэпхым узэрыщымыуар наIуэ сщыхъуащ иджы, Марианнэ. 
- Дауи, сыт хуэдэ IэщIагъэми сыхэзэгъэфынут жысIамэ, пцIы сIэщIэкIынт. Ауэ, мы лэжьыгъэм сэ гупсэхугъуэрэ насыпу къызитыр псалъэкIэ къысхуэмыIуэтэну куэдщ. ЛъэщапIэм сыщIэтIысхьэрэ, хьэпшып гуэрым селъэжьыну Iэмэпсымэхэр къэсщта нэужь, сэ нэхъ насыпыфIэ щымыIэу къысщохъу. Абы сегъэгуфIэри, сытым дежи си нэгури сигури зэIухауэ сопсэу. Пэжщ, щыIэщ сыщызэхуэмыарэзыж. Мыр нэхъыфIу, нэхъ дахэу схуэщIынут жысIэу, си IэдакъэщIэкIыр щызэпэсплъыхь, гугъуехь гуэрхэми сыщрихьэлIэ. Мис апхуэдэхэм деж семызэшыжу солажьэри, гугъэзагъэу нэсщIыса нэужь нэхъыбэжу сропагэ, срогуфIэ. 
- ЦIыхухъу дыщэкIым и Iуэхур гурыIуэгъуэщ. Мыбдеж цIыхухъумрэ цIыхубзымрэ зэрызэхуэмыдэр, бзылъхугъэм унагъуэ Iуэхуи, сабии, пщэфIэн-тхьэщIэнри зэрыкIэрыщIар, а псори зэрызэдихьыфыр къэзгъэлъэгъуэн папщIэ, уи япэкIэ сепсэлъащ дыщэкI Маргъущ Юрэ. Иджы къызжеIэт, Марианнэ,  щхьэкъэIэт уимыIэу сыхьэт бжыгъэкIэ узэлэжьын хуей хьэпшыпымрэ унагъуэ Iуэхухэмрэ зэрызэкIэлъыбгъакIуэр дауэ?
- Пэжщ.  Гу зэрылъыптащи, зэхуэдэкъым цIыхубзымрэ цIыхухъумрэ я Iуэхур. Псалъэм папщIэ, шэщIауэ сылэжьэн хуейуэ, ауэ сабийхэр гулъытэ хуэныкъуэу къыскIэлъакIухьу, сахуеплъэкIын щхьэкIэ Iэуэлъауэу, зыгуэрхэмкIэ къызэупщIу апхуэдэщ. ЦIыкIухэр гулъытэншэ пщIы хъунукъым, лэжьыгъэри къэбгъанэ хъунукъым, зэманым къыпкIэщIекъузэри. Мыбдеж бэшэчагъщ узыхуэныкъуэр. КъызэрыслъытэмкIэ, си лэжьыгъэм нэхъ гугъу дыдэу хэлъыр уи нэгу щIэт хьэпшыпым и сурэтыр щыпщIым дежщ. Сурэтыр пщIы къудей мыхъуу, ар быдэу щытын папщIэ математикэ и лъэныкъуэкIэ  къыбобж, уи лъэпкъым къигъэув мардэхэр, тхыпхъэхэр, хабзэхэр зэпыбошэч. Мис абдеж зыгуэр зэран къысхуэхъункIэ, Iуэхум сыкъытрачынкIэ Iэмал иIэкъым. Уи гупсысэр зэ пIэщIэхуамэ, абы и лъапэм ущытемыувэжыф щыIэщ. Си щхьэкIэ, унагъуэмрэ сабийхэмрэ япэ изгъэщынущ, сыхэдэн хуей хъумэ, ауэ си IэщIагъэм сримылажьэуи сыпсэуфынукъым. Лэжьыгъэ хьэлъэм зэхиукIа, къарууншэу къекIуэлIэжа анэ нэхърэ, зи IэщIагъэр фIыуэ зылъагъу, абы иринасыпыфIэ, анэ нэжэгужэ къащхьэщытмэ нэхъыфIщ бынхэм дежкIэ. КъищынэмыщIауэ, уи щIыбагъым дэIэпыкъуэгъу къыдэтмэ, абы лэжьыгъэр пщегъэпсынщIэ. Сэ, си насыпти, дэIэпыкъуэгъухэмрэ сыкъызыгурыIуэхэмрэ си куэдщ.
- АдэкIи уи насыпымрэ гукъыдэжымрэ кIэрымыхуу, узэрыщIэхъуэпсым хуэдэу лъэпкъым ухуэлэжьэну, уи мурадхэри къохъулIэну ди гуапэщ, Марианнэ.
- Тхьэр арэзы къыпхухъу! Гулъытэ къызэрысхуэфщIар хуабжьу си гуапэщ. 
 

 

Епсэлъар Фырэ Анфисэщ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.

27.03.2024 - 13:58

БИЙМ ЗЫ ГУПУ ПЭЩIИГЪЭУВАТ

Тхыдэдж-щIэныгъэлI Сокъур Валерэ «Кърым зауэр къэзыхьа ХьэтIохъущокъуэ и къуэ Кургъуокъуэ - пщыхэм я Iумахуэт» зыфIища и тхыгъэм къызэрыхэщу, зи ныбжьыр илъэс 27-рэ фIэкIа мыхъуа Къаплъэн-Джэрий, I

27.03.2024 - 12:25

ДУНЕЙПСО ЗЭХЬЭЗЭХУЭР Я ПЛЪАПIЭУ

Мэзкуу областым и Рузэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондо лIэужьыгъуэмкIэ (ВТФ) Урысейм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ ныбжьыщIэхэм, хъыджэбзхэмрэ щIалэхэмрэ я зэхьэзэх

27.03.2024 - 09:03

СИ ЖЭНЭТ

(ГъащIэ теплъэгъуэ)