АДЫГЭШЫМ И ДЭФТЭРХЭР ЗЫХУЕЙ ХУАГЪАЗЭ

 Шы гъэхъунымкIэ урысейпсо щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым хабзэкIэ иIыгъ интернет хэщIапIэм адыгэшым теухуа напэкIуэцI щхьэхуэ къыщызэIуахащ.
 Рязань дэт Шы гъэхъунымкIэ щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым и закъуэщ Урысейм и кIуэцIкIэ шы лъэпкъ щхьэхуэ зэрыщыIэм къабыл техъуэну икIи дэфтэр яритыну хуитыр. Iуэху цIыкIуу къыпфIэщI щхьэкIэ, зи жэщи зи махуи лъэпкъышым и пщIэр къаIэтэжыным тезыгъэкIуадэхэм я дежкIэ дызытепсэлъыхь ехъулIэныгъэр абрагъуэщ. Сыту жыпIэмэ, и Хэкум и цIэр зэрихьэжу дунейм шы лъэпкъ мащIэ дыдэщ тетыр. Адыгэшыр абыхэм зэрахэтым лъэпкъым и блэкIа жыжьэр и нобэрей махуэм ирепх, зи дыгъуасэр узыншэм и къэкIуэнуми фIыкIэ ущогугъ.
 Зи гугъу тщIы напэкIуэцIым адыгэшым техуауэ итым щыщ пычыгъуэ:
 «Урысейми хамэ къэралхэми зэрызыщиубгъуа инагъым, пщIэуэ иIэм, зэрахуэну нэхъ къэзыщтэхэм я бжыгъэшхуэм ятепщIыхьмэ, УФ-м щагъэхъу шы лъэпкъ псоми адыгэшыр фIыуэ ятежащ. ШыщIэхэр къызэрыхатхыкIым, лъэпкъыр ефIэкIуэн папщIэ зэфIах Iуэхухэм япкъ иткIэ, аргуэру жыIапхъэщ адыгэшым дунейпсо мыхьэнэ зэригъуэтар. Урысейм зы шы лъэпкъи иIэкъым апхуэдэ бжыгъэкIэ хамэ къэралхэм щызэрахуэу. Сыт и абы и щхьэусыгъуэр жыпIэмэ, ар адыгэшыр шыгъажэ кIыхьхэм жыджэру зыкъызэрыщигъэлъагъуэрщ, гъуэгуанэшхуэ зэрыхузэпычырщ, абы ищIыIужкIэ псынщIэу зэрызигъэпсэхужырщ. А псом зи гугъу тщIы шы лъэпкъым Iэмал ирет дунейм щагъэфIа адрей шы лъэпкъхэм япеуэну».
 ХъыбарымкIэ къыддэгуэшар «Адыгэшыр хъумэнымрэ зегъэужьынымкIэ фондым», «Вконтакте» зэпыщIапIэм щиIыгъ напэкIуэцIырщ.

ЧЭРИМ Марианнэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.