ПУШКИН И ФЭЕПЛЪ ПШЫХЬ

Пушкин Александр къызэралъхурэ илъэс 223-рэ зэрырикъум теухуауэ КъБКъУ-м щекIуэкIащ «Сэ Пушкин фIыуэ солъагъу» литературэ еджэныгъэхэр.

ЗэIущIэр иригъэкIуэкIащ щIэныгъэ библиотекэм и лэжьакIуэ Буран Мадинэ.

УсакIуэ цIэрыIуэм хуащI пщIэмрэ лъытэныгъэмрэ къагъэлъагъуэу, утыкум итащ «Свеча» литературэ студием екIуалIэ цIыкIухэр, ГъуазджэхэмкIэ сабий школ №1-м зыщызыгъасэхэр, студентхэр, хамэ къэралхэм щыщу КъБКъУ-м щеджэхэр, нэгъуэщIхэри.

Пушкин Александр теухуауэ а пшыхьым къыщыпсэлъащ культурологие щIэныгъэмкIэ доктор, профессор ЩауэцIыкIу Людмилэ.

Хейфиц Еленэ зи унафэщI «Glissandro» уэрэджыIакIуэ гупым Пушкин и усэхэр зи лъабжьэ «Юнона и дева» романсыр ягъэзэщIащ.

Псом хуэмыдэу къызэхуэсахэм ягу ирихьащ сабий гъэсапIэхэм щIэс цIыкIухэм усакIуэшхуэм и IэдакъэщIэкIхэм щыщ пычыгъуэхэр зэрагъэзащIэр.

«ДыгъафIэ къалэм» къикIа «Свеча» литературэ студием хэтхэр, КъБКъУ-м и студентхэр гъэхуауэ къеджащ усакIуэм и IэдакъэщIэкIхэм.

 КъБКъУ-м Урысыбзэмрэ щэнхабзэмкIэ и щIэныгъэ-егъэджэныгъэ центрым и унафэщI Чайкэ Надеждэрэ абы и къуэ ЦIыпIынэ Михаилрэ «Буря мглою небо кроет» романсыр жаIащ.

ЩОМАХУЭ Залинэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

15.11.2026 - 10:01

Дэтхэнэм дежкIи мыхьэнэшхуэ иIэщ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ КъБР-м и Суд Нэхъыщхьэм и УнафэщIу ягъэува Дегтярев Игорь республикэм и судыщIэхэм щрагъэцIыхуа зэIущIэм.

15.11.2026 - 09:03

Бахъсэн къалэм и спорт утыкущIэхэр

Бахъсэн къалэм иджыблагъэ спорт ухуэныгъэу 3 къыщызэIуахащ: боксерхэм, зэзауэ зыхэт спорт лIэужьыгъуэхэмкIэ пэшхэмрэ топджэгу губгъуэщIэрэ.

14.11.2026 - 10:01

Ахъшэр зыхуэдизынумрэ нэхъыщхьэу зытрагъэкIуэдэнумрэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Парламентым и комитетхэм иджыблагъэ ирагъэкIуэкIа зэIущIэхэм депутатхэр, министерствэхэмрэ IэнатIэ зэ­мылIэужьыгъуэхэмрэ я лIы­кIуэ­хэр я гъусэу, щытепсэ­лъыхьащ «КъБР-м и бю

14.11.2026 - 09:03

Лъэпкъ IэфIыкIэр зи IэрыкIхэр

Хьэмидей жылэм иджыблагъэ щагъэлъэпIащ фокIадэ мазэм екIуэкIа «Вкусы России» зэхыхьэм ди республикэр цIэрыIуэ щызыщIа къуажэдэс бзылъхугъэхэр. 

13.11.2026 - 17:06

Зэдэлэжьэныгъэ щхьэпэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ иригъэблэгъащ ЩIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ къэрал агентствэм и унафэщIым и къуэ­дзэ Зотовэ Лейлэ.