ДЗЫХЬМЫЩIЫМ И ФЭЕПЛЪ ЗЭХЬЭЗЭХУЭ

Налшык щекIуэкIащ бэнэкIэ хуитымкIэ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм и щIалэгъуалэ зэхьэзэхуэ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэм дэт «Гладиатор» универсальнэ спорт комплексым и алэрыбгъухэм щызэбэна зи ныбжьыр илъэс 24-м нэблагъэ спортсменхэм я зэIущIэхэр фэеплъ хуащIащ ДзыхьмыщI Мухьэмэд.

Махуищым къриубыдэу щIыналъэм и жылагъуэ псоми къикIа атлет 220-р щыбэнащ я хьэлъагъ елъытауэ гуэшауэ щыта гупипщIым. ЗэпэщIэтыныгъэ гуащIэхэм хэгъэрейхэм медаль зэмылIэужьыгъуиплI къыщахьащ.

ПэщIэдзэ зэIущIэхэм шэч къызытумыхьэн текIуэныгъэ щызыIэрызыгъэхьа Шэру Иналбэч зи хьэлъагъыр килограмм 70-м нэблагъэхэм я финалым хухаха зэманыр имыух щIыкIэ щыхигъэщIащ Шэшэным къикIа Тулшаев Магомед.

Зыхэта гупхэм я кIэух зэIущIэхэм къыщытекIуэри дыжьын медалхэр зыIэрагъэхьащ Жыласэ Рустам (кг 57-рэ), Гажонов Исмэхьил (кг 97-рэ), Кумыщ Тамерлан (кг 125-рэ).

Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм и зэхьэзэхуэр щызэхуащIыжым КъБР-м щыIэ УФСБ-м и унафэщI Воронин Сергей къыбгъэдэкIыу «Зэхьэзэхуэр къызэгъэпэщынымкIэ щIэгъэкъуэн зэрыхъуам папщIэ» щIыхь тхылъхэр иратащ Бэрбэч Хь.М. и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и доцент КIуэкIуэ Лианэрэ «Шагъдий» къэфакIуэ ансамблым и унафэщI Унэжокъуэ Заремэрэ.

Зэхьэзэхуэхэм щытекIуахэмрэ къыщыхэжаныкIахэмрэ Iэмал ягъуэтащ мы гъэм и шыщхьэуIум Пермь щекIуэкIыну зи ныбжьыр илъэс 23-м нэблагъэхэм я урысейпсо зэхьэзэхуэм хэтыну.

МЭЗКУУ Къан.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

16.05.2026 - 09:03

Наркотикым щахъумэ

КъБР-м щыIэ МВД-м къыщапщытэжащ «Ажалыр щащэр къыджеIэ» наркотикым пэщIэт урысейпсо акцэм и япэ Iыхьэм кърикIуахэр.

16.05.2026 - 09:03

Адыгэ цIыхубэ уэрэдыжьхэм я пшыхь

ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым накъыгъэм и 14-м щекIуэкIащ адыгэ цIыхубэ уэрэдыжьхэм я фестиваль-зэпеуэ, КъБР-м и цIыхубэ артист, Адыгэ Республикэм щэнхабзэмкIэ щIы

15.05.2026 - 15:02

Къытхуэнащ и гуащIэр

УсакIуэ, зэдзэкIакIуэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ тхакIуэ, щэн­хабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэ­жьа­кIуэ Елгъэр Кашиф Мысост и къуэм и фэеплъ пхъэбгъу ар щыпсэуа, Лениным и цIэр зезыхьэ уэрамым тет 42

15.05.2026 - 09:03

Университетыр къыхызох

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэ­бэрдей-Балъкъэр къэрал университетым  и бжэхэр махуитIкIэ яхузэIуихащ школыр мы гъэм къэзыух ныбжьыщIэхэм.

15.05.2026 - 09:03

Дипломат ныбжьыщIэхэр ягъэхьэзыр

ООН-м къызэригъэпэщ «Мамырыгъэм    и жьэгу» джэгукIэм тращIыкIауэ Кавказ Ищхъэрэм щрагъэкIуэкI зэхыхьэр иджы­благъэ ди республикэм щызэхашащ.