ДИ ЩIАЛЭХЭР КЪЫХОЖАНЫКI

Накъыгъэм и 31-м къыщыщIэдзауэ мэкъуауэгъуэм и 6 пщIондэ Коми Республикэм щекIуэкIащ атлетикэ хьэлъэмкIэ урысейпсо зэхьэзэхуэ. Абы хэтащ къэралым и щIыналъэ куэдым къикIа зи ныбжьыр илъэс 15 - 23-м ит спортсмен ныбжьыщIэ 250-м щIигъу.

Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэ къыхэхам хэт спортсменхэм зэхьэзэхуэм медаль зэмылIэужьыгъуищ къыщахьащ. ДвоеборьемкIэ зэхэту килограмм 385-рэ къэзыIэта Балаев Хас-Магомед зи хьэлъагъыр килограмми 109-м нэблагъэхэм я деж пашэныгъэр щиубыдащ. Дыжьын медалыр зыIэригъэхьащ килограмми 375-м пэлъэща Мариев Тимур. Зэхьэзэхуэм и пэщIэдзэ махуэхэм домбеякъыр къихьащ Гулиев Тамерлан.

Спортсменхэр ягъасэ Жаппуев Магометрэ Шэкэм Михаилрэ.

КЪЭХЪУН Бэч.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

15.11.2026 - 10:01

Дэтхэнэм дежкIи мыхьэнэшхуэ иIэщ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ КъБР-м и Суд Нэхъыщхьэм и УнафэщIу ягъэува Дегтярев Игорь республикэм и судыщIэхэм щрагъэцIыхуа зэIущIэм.

15.11.2026 - 09:03

Бахъсэн къалэм и спорт утыкущIэхэр

Бахъсэн къалэм иджыблагъэ спорт ухуэныгъэу 3 къыщызэIуахащ: боксерхэм, зэзауэ зыхэт спорт лIэужьыгъуэхэмкIэ пэшхэмрэ топджэгу губгъуэщIэрэ.

14.11.2026 - 10:01

Ахъшэр зыхуэдизынумрэ нэхъыщхьэу зытрагъэкIуэдэнумрэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Парламентым и комитетхэм иджыблагъэ ирагъэкIуэкIа зэIущIэхэм депутатхэр, министерствэхэмрэ IэнатIэ зэ­мылIэужьыгъуэхэмрэ я лIы­кIуэ­хэр я гъусэу, щытепсэ­лъыхьащ «КъБР-м и бю

14.11.2026 - 09:03

Лъэпкъ IэфIыкIэр зи IэрыкIхэр

Хьэмидей жылэм иджыблагъэ щагъэлъэпIащ фокIадэ мазэм екIуэкIа «Вкусы России» зэхыхьэм ди республикэр цIэрыIуэ щызыщIа къуажэдэс бзылъхугъэхэр. 

13.11.2026 - 17:06

Зэдэлэжьэныгъэ щхьэпэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ иригъэблэгъащ ЩIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ къэрал агентствэм и унафэщIым и къуэ­дзэ Зотовэ Лейлэ.