БАДЗЭУЭГЪУЭ МАЗЭР КЪЭСЫХУ

Бгы-лыжэ спортым дихьэххэм я зыгъэпсэху­гъуэ лъэхъэнэр щиухынур бадзэуэгъуэм и 3-м нэсыху ягъэIэпхъуащ. Апхуэдэ унафэ иджыблагъэ къыщащтащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и «Iуащхьэмахуэ» курортым. Мы щIымахуэ спорт лIэужьыгъуэм дихьэххэм папщIэ ­хаша Гарабаши-Мир гъуэгур ди къэралым и щIыпIэ нэхъ лъагэ дыдэхэм хеубыдэ. Абы зыщызыгъэпсэхухэм кIапсэ гъуэгум и уасэмкIэ худачых икIи абонементхэр нэхъ пуду иращэ.

Иджыпсту лыжэ къэжыхьыпIэм уэсышхуэ ­телъщ икIи абы пщэдджыжь нэхулъэм щегъэжьауэ зыщагъасэ бгы-лыжэ спортымкIэ урысей командэ къыхэха зыбжанэм хэтхэм. Пэжщ, курортым и лэжьыгъэр къыгуэхыпIэ имыIэу дунейм и щыты­кIэм пыщIащ. ЗыгуэркIэ зэуэ хуабэ хъумэ, лыжэ къэ­жыхьпIэхэр нэхъ пасэу зэхуащIынкIэ хъунущ. Ауэ лэжьыгъэхэм я екIуэкIыкIэр илъэс зыбжанэм тещIыхьауэ къапщтэмэ, мы гъэми уэсыр куэдрэ ­телъыну ущыгугъ хъунущ. Псалъэм папщIэ, щIы­махуэ зыгъэпсэхугъуэр нэгъабэ махуэ 240-кIэ екIуэкIащ икIи ар щиухар бадзэуэгъуэм и 4-рщ.
ЛыжэкIэ къэжыхьыным къыдэкIуэу, гъэмахуэ ­хъуащи альпинизмэм, туризмэм дихьэххэр къы­зэхуос. Ахэр бгыщхьэхэм докI, Терскол псыхъуэм щыхаша турист гъуэгухэм, «Iуащхьэмахуэ лъапэ» лъэпкъ паркым къыщакIухь. Нэхъ зэфIэкI зыбгъэдэлъ альпинистхэм Iуащхьэмахуэ и щыгум, ­адрей лъагапIэ хэIэтыкIахэм зэрыдэкIынум зы­хуагъэхьэзыр.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.03.2024 - 08:57

ХЬЭЩIЭХЭМ ДЫКЪЫХАГЪАЩIЭ

Урысей Ипщэмрэ Кавказ Ищхъэрэмрэ регби 7-мкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным теухуа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Налшык къалэм щекIуэкIащ.

29.03.2024 - 08:56

ГУАПЭУ ЯГУ КЪАГЪЭКIЫЖ

КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист, Урысей Федерацэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ, «Советская молодёжь» газетым и редактор нэхъыщхьэу щыта Къардэн Мухьэм

29.03.2024 - 08:56

ХАДЭХЭКI ФIЭIУГЪЭХЭМКIЭ ДЫПАШЭЩ

Пхъэщхьэмыщхьэмрэ хадэхэкIымрэ къыхащIыкI консерву Кавказ Ищхъэрэм къыщыщIагъэкIым и процент 90-р Къэбэрдей-Балъкъэрым къылъос.

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.