ЭКОНОМИКЭР ЕФIЭКIУЭНУКЪЫМ, ХЬЭРЫЧЭТ IУЭХУМ ЗИМЫУЖЬМЭ

КъБР-м и Парламентым Экономикэ политикэмкIэ, зыужьы­ныгъэмрэ хьэрычэт IуэхумкIэ и комитетым и зэIущIэм иджы­благъэ щытепсэлъыхьащ республикэм хьэрычэт Iуэху мащIэмрэ курытымрэ зэрызыщаужьым.

ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым и къуэдзэ Жанатаев Сэлим, ­КъБР-м промышленностымкIэ, энергетикэмрэ сатумкIэ и ми­нистр Iэхъубэч Щамил, депутатхэр, министерствэхэм, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр, хьэрычэтыщIэхэр. 
Жанатаев Сэлим къаIэта Iуэ­хум и мыхьэнэр къыхигъэщащ икIи къызэхуэсахэм ягу къигъэ­кIыжащ гъатхэпэм и 5-м республикэм и экономикэ, ­социальнэ зэпIэзэрытыныгъэм ­теухуа лэ­жьыгъэр гъэзэщIэнымкIэ зэзыгъэуIу штабыр Къэ­бэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэм и уна­фэкIэ къызэрызэрагъэпэщар. Къищы­нэмыщIауэ, накъыгъэм и 5-м ­къащтащ Къэбэрдей-Балъ­къэ­рым и экономикэ зыужьыныгъэм дунейпсо политикэмрэ санкцэ­хэм къаша лъэпощхьэпохэмрэ зэ­ран хуэмыгъэхъуным хуэ­гъэза Iуэхугъуэ нэхъыщхьэу 70 къыщыгъэлъэгъуа дэфтэрыр. Ахэр 2022 гъэм и кIэ пщIондэ ягъэзэщIэн хуейщ.
Экономикэ политикэмкIэ, зыу­жьыныгъэмрэ хьэрычэт Iуэ­хумкIэ и комитетым и унафэщI Iэпщэ ­Заур жиIащ хьэрычэт Iуэху ма­щIэмрэ курытымрэ щIэгъэкъуэн ямыIэу, сыт хуэдэ щIыналъэ къапщтэми, абы и экономикэм зэ­рызимыужьынур. Къэпсэлъам къызэрыхигъэщамкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым гулъытэшхуэ щыхуащI хьэрычэт Iуэху мыинри курытри зэрырагъэфIэкIуэнум. 
Iуэхур зытетым теухуауэ зэIущIэм къыщыпсэлъащ КъБР-м экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министрым и къуэдзэ Белецкая Ольгэ. 
Зыуэ щыт реестрым къызэры­щыгъэлъэгъуамкIэ, накъыгъэм и 10-м ирихьэлIэу, хьэрычэт Iуэху ма­щIэмрэ курытымрэ йолэжь цIыху 19679-рэ: хьэрычэтыщIэу 14366-рэ, IуэхущIапIэу - 5313-рэ. Хьэрычэт Iуэху ма­щIэмрэ куры­тымрэ пэрытым, хьэрычэ­тыщIэ­хэмрэ зи щхьэ телэжьэжхэмри абыхэм яхэту къапщтэмэ, псоми я бжыгъэр 2022 гъэм щIышылэм и 1-м ирихьэлIэу цIыху 58702-рэ мэхъу. Дызэрыт илъэсым накъыгъэм и 1-м къызэрапщытамкIэ, цIыху мин 30-м щIигъум къагъэсэбэп «И лэжьыгъэм къыпэ­кIуэ налог» тыкIэр. Абыхэм ящыщу цIыху 29 367-р я щхьэ те­лэ­жьэжхэращ, адрейхэр - хьэрычэтыщIэщ.
Белецкая Ольгэ тепсэлъыхьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым хьэ­ры­чэт Iуэху ма­щIэмрэ курытымрэ защIэгъэкъуэным теухуауэ щащIэм.
Къэпсэлъам зэрыжиIамкIэ, 2022 гъэм «Хьэрычэт Iуэху ма­щIэмрэ курытымрэ, хьэры­чэ­тыщIэхэм защIэгъэкъуэным и IуэхукIэ» лъэпкъ проектым сом мелуани 139,9-рэ хухахащ: федеральнэ бюджетым щыщу сом мелуани 138,5-рэ, республикэм и мылъкуу - сом мелуан 1,4-рэ. ­КъБР-м Экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэм игъэ­защIэ Iуэхухэм сом мелуан 67,3-рэ тещIыхьащ, КъБР-м Мэкъу­мэш IэнатIэмкIэ и министерст­вэм - сом мелуан 72,6-рэ. 
Санкцэхэр зэран щыхъу зэма­ным щIалэгъуалэ хьэрычэт Iуэ­хум зэрызыщIагъакъуэ Iэмалщ зи ныбжьыр илъэс 14 - 22 хъухэм ящыщу я лэжьыгъэм къыпэкIуэ хэхъуэм техьэ налогыр зэрыщ­хьэщатыкIыр къэзыгъэлъэгъуа­хэм мазэ къэс зэрагъэгушхуэ ­онлайн-акцэр. Къапщтэмэ, 2022 гъэм и кIэ пщIондэ сом мини 100 зырыз щагъэувыну Iуэхугъуэ 40 ирагъэкIуэкIынущ.
Белецкая Ольгэ къытеувыIащ КъБР-м и ШэсыпIэ фондыр, ­«КъБР-м хьэрычэт Iуэху ма­щIэмрэ курытымрэ кредит мащIэ езыт фондыр», «Хьэрычэт ма­щIэмрэ курытымрэ я корпора­-цэр» зэлэжь Iуэхухэми. Абы жи­Iащ экономикэм епхауэ лажьэ IуэхущIапIэхэр къызэрапщытар икIи абы къызэригъэлъэгъуамкIэ, 2022 гъэм и япэ мазищым лэжьыгъэхэр хуэдэ 1,7-кIэ нэхъы­бэу ягъэзэщIащ. Псалъэм папщIэ, экспорт Iуэхухэр 2021 гъэм и апхуэдэ пIалъэм елъытауэ, процент 18,6-кIэ нэхъыбэщ. 
Къэбэрдей-Балъкъэрым и зыу­жьыныгъэм хуэгъэза Iуэхухэм мылъку къыхегъэлъхьэнымкIэ ирагъэкIуэкI лэжьыгъэм къы­щы­теу­выIэм, Белецкая Ольгэ къыхигъэщащ абы теухуауэ «КъБР-м и инвестицэ Iуэхухэм ятеухуауэ» республикэ Закон №23-мрэ нэ­гъуэщI хабзэхэмрэ зэрыщыIэр. Абыхэм къыщыгъэлъэгъуахэм тету, инвестицэ проект 11-мкIэ Iуэху­щIапIэу 10-м я мылъкум те­хьэ налогымкIэ худэчыххэр яIащ. Абыхэм япкъ иткIэ, республикэм и экономикэм инвес­тицэу сом мелард 16,5-рэ къых­рагъэлъхьэфащ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым инвестицэ проектхэр щыгъэзэ­щIэным хуэгъэзауэ ахъшэ щIыхуэ етын папщIэ, УФ-м ФинансхэмкIэ и министерствэм къиутIыпщащ сом меларди 2,9-рэ.
ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ «КъБР-м зыужьыныгъэмкIэ и IуэхущIапIэхэр» АО-м и лэжьыгъэм. Ар 2006 гъэм къызэрагъэ­пэщауэ щытащ. 2021 гъэм IуэхущIапIэм и нэIэм щIэтащ сом мелард 14,5-рэ зи уасэ проект 40.
Къэпсэлъар къытеувыIащ ­КъБР-м и ШэсыпIэ фондыр хэту, промышленностым елэжьхэм зэрадэIэпыкъумрэ «Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм и зыужьыныгъэр» федеральнэ программэм ипкъ иткIэ къэралым инвестицэ Iуэхум зэрызригъэужь Iэмалхэмрэ. Иужьрейм теухуауэ Белецкэм къыхигъэщащ 2016 гъэм къыщыщIэдзауэ 2020 гъэ пщIондэ а къэрал дэIэпыкъуныгъэм и фIыгъэкIэ инвестицэ проект ину 10, сом меларди 3,5-рэ текIуадэу, зэрагъэзэщIар. 
Къэбэрдей-Балъкъэрыр илъэс къэс жыджэру хэтщ Проекты­щIэхэр кIуэцIрыгъэкIынымкIэ агент­ствэм УФ-м и щIыналъэхэм я инвестицэ Iуэхухэр зыщыхуэ­-дэр къигъэлъагъуэу иригъэкIуэкI Лъэпкъ рейтингым. Апхуэдэу 2021 гъэм зи Iуэхухэр нэхъыфI щIыналъэ 40-м хэхуащ ди республикэр. 
КъБР-м зезыгъэужь корпорацэм и лэжьыгъэм тепсэлъыхьащ IуэхущIапIэм и генеральнэ уна­фэщI Чочаев Ахъмэт. Хьэрычэт Iуэху ма­щIэмрэ курытымрэ я зыужьыныгъэм санкцэхэр зэран зэрахуэхъу щIыкIэмрэ а IэнатIэхэм защIэгъэкъуэнымкIэ щIыналъэм къыщагъэсэбэп Iэмалхэмрэ я гугъу ищIащ Хьэрычэ­тыщIэхэм я хуитыныгъэхэр хъу­мэнымкIэ уполномоченнэм и лIыкIуэу КъБР-м щыIэ Кербиевэ Мадинэ. И Iуэху еплъыкIэр зэIущIэм къыщигъэлъэгъуащ Хьэры­чэт Iуэху ма­щIэмрэ курытымрэ ­тегъэщIа «Опора России» урысейпсо жылагъуэ зэгухьэныгъэм и щIыналъэ къудамэм и уна­-фэщI Къылъшыкъуэ Альберт. Абы къыхигъэщащ коронавирусым зыщиубгъу зэманым ­КъБР-м и Правительствэм къэ­ралым щыIэ дэIэпыкъуныгъэ псори и чэзум къызэригъэсэбэпар икIи ахэр зэригъэзэщIамкIэ республикэм 14 - 15-нэ увыпIэхэр Урысейм щиIыгъщ. Къэп­сэ­лъам къыхигъэщащ лъэпощхьэпохэм зэращыщыр хьэрычэт Iуэху ма­щIэмрэ курытымрэ ират кредитым зэрыкIэрыхуар.
Апхуэдэуи зэIущIэм къыщыхагъэщащ республикэм хьэрычэт Iуэху ма­щIэмрэ курытымрэ къы­щызэзыгъэпэщхэм я бжыгъэр нэхъ мащIэ зэрыщыхъуар. Щы­тыкIэр ирагъэфIэкIуэжын пап­щIэ, апхуэдэхэм я лэжьыгъэр тэмэму зэрырагъэкIуэкIыну Iэмалхэр къахузэгъэпэщын хуейщ. Депутатхэр тепсэлъыхьащ Тырныауз вольфрам-молибден къы­щIэхыпIэр ухуэным, Налшык ­къалэм и «КъуэкIыпIэ», «Мей» хьэблэщIэхэм ухуэныгъэхэр щегъэкIуэкIыным, Шэджэм райо­ным щIы гектари 100 къызэ­щIэ­зыубыдэ хуабэщ зэрыщащIынум теухуа проектхэр зэрагъэзащIэм, нэгъуэщIхэми.
ЗэIущIэм щыжаIахэр къэлъы­тауэ, республикэм и министерст­вэ­хэмрэ IуэхущIапIэхэмрэ зэлэ­жьынухэр къыщыгъэлъэгъуа уна­фэр къащтащ. 

 

Белгъэрокъуэ Марьянэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

20.04.2024 - 12:25

АЖЭГЪУЭМЭ - УЭСХЭКIЫКI - УЭСЧЭСЕЙ

Къэрал куэдым мэлыжьыхьым и 19-р «Ажэгъуэмэм и махуэу» щагъэлъапIэ. Абы гулъытэ хэIэтыкIа хуэщIыпхъэу къалъытэу, япэ дыдэу, I984 гъэм, Iуэхур къыщрахьэжьар Инджылыз къэралыгъуэрщ.    

20.04.2024 - 09:03

ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ДИКТАНТЫМ КЪЭРАЛ 50-М ЩIИГЪУ ХЭТЫНУЩ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм мы гъэм еханэу щекIуэкIынущ «ТекIуэныгъэм и диктанткIэ» зэджэ, гъэсэныгъэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэ щхьэпэр.

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж