IэнатIэр ирагъэфIакIуэ
АДЫГЕЙ. Урысей Федерацэм и Правительствэр арэзы техъуэри, хэгъэгум сом мелуани 188,2-рэ хухихащ «Туризм и индустрия гостеприимства» лъэпкъ проектыр Адыгэ Республикэм щагъэзэщIэн папщIэ.
«Абы занщIэу иужь дихьащ икIи хъер куэд къыпэкIуэну дыщогугъ. Федеральнэ центрыр къызэрыддэIэпыкъум и фIыгъэкIэ нэхъ купщIафIэ хъунущ мыбы телажьэ хьэрычэтыщIэхэм я лэжьыгъэр, IуэхущIэ куэди къызэрагъэпэщыфынущ», - жиIащ АР-м и Iэтащхьэ КъумпIыл Мурат.
УнафэщIым къызэрыхигъэщамкIэ, зыплъыхьакIуэ-зыгъэпсэхуа-кIуэхэм хуэIухуэщIэ яхузэфIэзых IэнатIэр ефIэкIуэным теухуауэ къулыкъущIэхэри сэбэп хъунущ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, абы хэгъэгум и щыIэкIэ-псэукIэр иригъэфIэкIуэнущ, зыгъэпсэхуакIуэхэм хуащIэ Iуэхутхьэбзэхэр зэманым декIуу хъунущ, хьэщIэ егъэблэгъэкIэм нэхъыбэ къыдихьэхынущ.
Къэралыр ядоIэпыкъу
КЪЭРЭШЕЙ-ШЭРДЖЭС. Урысей Федерацэм и щIыналъэ псоми хуэдэу, КъШР-ми бынунагъуэшхуэхэм, унагъуэ хуэмыщIахэм, унагъуэщIэхэм къэралым дэIэпыкъуныгъэ щарет. КъШР-м лэжьыгъэмрэ социальнэ зыужьыныгъэмкIэ и министр Шакъ Руслан зэрыжиIамкIэ, федеральнэ, республикэ бюджетхэм къыхэкIыу абыхэм ахъшэр и чэзум яIэрохьэ икIи гъэ къэс хэплъэжурэ, унагъуэхэм, сабийхэм хуаутIыпщын хуей ахъшэ бжыгъэр яубзыху.
Иджыпсту, къапщтэмэ, зи хэхъуэр цIыхур псэун папщIэ нэхъ мащIэ дыдэу зыхуей ахъшэм хуэдэу тIу мыхъу унагъуэхэм щапI илъэси 7-м нэс зи ныбжь сабийхэм мазэ къэс сом 13201-рэ ират.
ДяпэкIэ зи ныбжьыр илъэси 7-м къыщегъэжьауэ илъэс 18 хъу ныбжьыщIэ зиIэ унагъуэ мин 40-м къэрал дэIэпыкъуныгъэ ягъуэтынущ. МызыгъуэгукIэ унагъуэ мини 2,5-м я дэфтэрхэр зэфIыхьащ, адрейхэм яйм хоплъэ. Унагъуэм я хэхъуэм елъытауэ абыхэм иратынущ цIыхур псэун папщIэ нэхъ мащIэ дыдэу зыхуей ахъшэм и процент 50,75-рэ, 100.
Къэрэшей-Шэрджэсым щат апхуэдэ пособиер сом мини 6-м къыщыщIэдзауэ мин 12-м нос.
НэщIэпыджэ Замирэ.