Гъэмахуэм и пэщIэдзэм

Сабийхэр хъумэным и дунейпсо махуэм КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ депутатхэр и гъусэу щыIащ балигъ ныбжьым нэмысахэм я узыншагъэр щрагъэ­фIа­кIуэ «Нэмыс» республикэ IуэхущIапIэм.

Егоровэ Татьянэ жиIащ щытыкIэ гугъу ихуа са­бийхэм депутатхэм сыт ­щыгъуи гулъытэ хэха зэ-      ры­хуащIыр икIи ахэр ягъэгушхуэн, саугъэткIэ ягъэ­гуфIэн мурад яIэу ап­­­хуэдэхэр здэщыIэ IуэхущIапIэхэм щIэх-щIэхыурэ зэрыкIуэр.
- Мэкъуауэгъуэм и 1-р махуэшхуэ дахэщ икIи ар ­щагъэлъапIэр гъэмахуэм и япэ махуэ дыгъэпсым зэ­рытехуэр фIыгъуэшхуэщ. Нобэ лъэпкъ проектхэм япкъ иткIэ, ди республикэми къэ­ралми щащIэр мащIэкъым, псом хуэмыдэу сабийхэм я егъэджэныгъэм, спортым, медицинэм, зыгъэпсэхугъуэм теухуауэ. Ап­хуэдэуи Iуэхугъуэ куэд йокIуэкI унагъуэхэм защIэгъэкъуэным ехьэлIауи щIэблэм лъэныкъуэ зэмылIэужьы­гъуэхэмкIэ зэрызаужьынум хуэгъэзауи. ИкъукIэ мыхьэнэшхуэ иIэу къызолъытэ а лэжьыгъэм дэтхэнэри къы­хы­хьэным, сыту жыпIэмэ, къарурэ зэману дапщэ къэралым сабийм хухи­мыхми, сыт щыгъуи къэ-нэнкIэ хъунущ ди дэIэпы-къу­ныгъэ, хуабагъэ, гулъытэ лей хуэныкъуэхэр. Дауи, мыпхуэдэ махуэм гулъы­тэншэ тхуэщIынукъым сабийхэм я гъэсэныгъэм, я зыужьыныгъэм зи гъащIэр тезыухуэхэри. ЗэрытщIэщи, ахэр зыпэрытыр лэжьыгъэ тыншкъым. Сыщогугъ абыхэм мы Iуэхум хэлъхьэны­-гъэ хуащIыр мыкIуэдыну, я гъэсэнхэм я ехъулIэныгъэхэм я гуащIэр наIуэ къащIыну.
ХьэщIэхэм папщIэ пшыхь дахэ ирагъэкIуэкIащ IуэхущIапIэм и гъэсэн цIыкIу-хэм.
 Егоровэ Татьянэ депутатхэм къабгъэдэкIыу ныбжьы­щIэхэм ехъуэхъуащ узыншагъэ быдэ яIэну, насыпыфIэ хъуну, я хъуэпсапIэхэр къайхъулIэну.
 - Ди плъапIэр, ди къэкIуэнур фэращ. Абы къыхэ­кIыу дыхуейщ къарууфIэу, хэкупсэу, щIэныгъэ куу ­вбгъэ­дэлъу фыкъэхъуну. Нобэ дэтхэнэми фи къалэн нэхъыщхьэр нэхъыбэ зэры­зэв­гъэщIэным фыхущIэ­къунырщ, щэн дахэ фхэлъу зэрызывужьынырщ. ИтIанэ ехъулIэныгъэшхуэхэм фы­лъэ­Iэсынущ. Дэ, нэхъыжь­хэм, сыт щыгъуи ди нэIэ фтедгъэтынущ, дызэрыв­дэ­Iэпыкъунум дыхущIэкъу-нущ. 
IуэхущIапIэм и лэжьакIуэ­хэмрэ и гъэсэнхэмрэ псалъэ гуа­пэхэмкIэ зыхуагъэзащ УФ-м и Федеральнэ Зэхуэ­сым и Къэрал Думэм и депутат Геккиев Заур, КъБР-м лэжьыгъэмрэ социальнэ дэ­IэпыкъуныгъэмкIэ и министр Асанов Алим.
«Нэмыс» центрым и уна­фэщI Къардэн Адэлбий хьэ­щIэхэм фIыщIэ яхуищIащ зэпымыууэ сабийхэм я нэIэ сыт щыгъуи къызэрытрагъэтым папщIэ. 
Мы зэманым а IуэхущIапIэм сабий 48-рэ щопсэу, я ныбжькIэ илъэсищым къы­щыщIэдзауэ 18-м нэсу. Ахэр нэхъыбэу зи адэ-анэм я нэIэм щIэмытхэмрэ щыты­кIэ гугъу ихуахэмрэщ. Цент­рым дэтхэнэри сыт и лъэны­къуэкIи зыхуей щыхуагъа-зэ.
Сабийхэр хъумэным и дунейпсо махуэм КъБР-м и Парламентым и депутатхэр щыIащ нэгъуэщI IуэхущIапIэхэми: «Сабий унэм», «Прохладнэ сабий унэ-интернатым», Зи адэ-анэм я нэIэ щIэмыту къэнахэмрэ сабий зеиншэхэмрэ папщIэ Нартан къуажэм дэт школ-интернат № 5-м, Приближнэ жылэм дэт школ-интернат №2-м, Узыншагъэр щрагъэфIакIуэ, спорт ныбжьыщIэ школым (Налшык къалэ). Депутатхэм дэтхэ- нэ IуэхущIапIэми саугъэтхэр хуашащ.
КъБР-м и Парламентым и пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

14.06.2025 - 09:03

Анэшхуэм и къэрабэ

Уэсыр зэрытекIыу щIым къыхэкI къэрабэгъуэжь цIыкIур бжьыхьэр къэсу дунейр щIыIэтыIэ хъуху къогъагъэ. Абы махуэм хуэзэу и фэр тIэу ехъуэж.

13.06.2025 - 09:03

АдэкIи зэрызиужьынум хущIэкъунущ

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и пщIэр нэхъ лъагэу щиIэтащ еджапIэ нэхъыщхьэхэм ящыщу 100-м я фIагъыр къэзыхута RAEX зи фIэщыгъэ къэралпсо пщалъэм.

12.06.2025 - 09:03

ГуфIэгъуэ дауэдапщэ

Налшык, ХьэтIохъущокъуэм и цIэр зезыхьэ уэрамым тет унэхэм я зым и пщIантIэм  щекIуэкIащ Къурмэн махуэм иращIэкIа гуфIэгъуэ дауэдапщэр. 

11.06.2025 - 09:03

ЩIэблэр щIапIыкI

Хэку зауэшхуэм и илъэс хьэлъэхэр кIуэ пэтми тпэIэщIэ мэхъу, ауэ ди цIыхухэм зэрахьа лIыгъэр, къагъэлъэгъуа хахуагъэр, къалъыкъуэкIа къару мыкIуэщIыжыр дапщэщи фэеплъ лъапIэу къыддокIуэкI.

11.06.2025 - 09:03

IэщIагъэмрэ щыIэныгъэмрэ

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр университетым IэнатIэхэм зегъэужьынымкIэ и центрым зыбжанэ лъандэрэ лэжьыгъэ хъарзынэ ирегъэкIуэкI, еджапIэ нэхъыщхьэр къэзуха ныбжьыщIэхэр лэжьыг